Таурыхъым и дуней

Къэбэрдей-Балъкъэрым и Лъэпкъ музейм щIэх-щIэхыурэ утыку къыщрахьэ гъэлъэгъуэныгъэ гъэщIэгъуэнхэр. Ставрополь къалэм щылажьэ «Квадрат» IуэхущIапIэм къиша «Волшебная кисть Елизаветы Бём» гъэлъэгъуэныгъэр КъБР-м ЩэнхабзэмкIэ и министерствэмрэ Лъэпкъ музеймрэ я нэIэм щIэту йокIуэкI.    

Абы щагъэлъагъуэ XIX-нэ лIэщIыгъуэм и кIэм - XX-нэ лIэщIыгъуэм и пэм ящIа лэжьыгъэхэр – винтаж открыткэхэр, а зэманым Санкт-Петербург, Париж, Нью-Йорк къыщыдэкIа тхылъхэр зэрагъэщIэрэщIа сурэтхэр; 1883 гъэм дунейм къытехьа «Бём Елизаветэ и IэдакъэщIэкI ныбжьхэм Тургенев И. С. и «Записки охотника» тхыгъэр къызэрыхэщыр» тхылъ-альбомыр; почтэкIэ зыIэпамых открыткэхэр, Бём игури и псэри етауэ зэлэжьыгъа «Азбука» цIэрыIуэр. Хьэрф къэсыху гъэщIэгъуэну, урыс жыпхъэм иту,  гъэщIэрэщIащ, тхыгъэ цIыкIу ящIыгъущ.

Гъэлъэгъуэныгъэм къызэщIеубыдэ теплъэгъуэ зэмылIэужьыгъуэу 90, ахэр псори Кругов В. Н. и уней гъэтIылъыгъэм щыщщ. Налшыкдэсхэмрэ абы и хьэщIэхэмрэ зэрагъэлъэгъуфыну лэжьыгъэхэм ухашэ урыс лъэпкъ щэнхабзэм и таурыхъ дунейм. 

 

ИСТЭПАН Залинэ.
Поделиться: