ЖЫЛЭ Анатолэ, сурэтыщI:

ЩапхъэфI схуэхъуар

 
Сэ адыгэ хабзэр щытепщэ, нэхъыжьым и псалъэм пщIэшхуэ щиIэ унагъуэм сыкъыщыхъуащ. Анэшхуэ дыбгъэдэсу, абы къиIуэтэж хъыбарыжьхэм дедаIуэу дыкъэхъуащ. Совет зэманым ипэкIэ Джылахъстэнейм къыщыхъуар Iэгум илъым хуэдэу ищIэжырт нанэ. Си адэри гурыхуэ дыдэт. Си фIэщ хъуркъым апхуэдиз хъыбар зыщIэ, иджыпсту узэрыримыхьэлIэнум къыщымынэу, а зэманми щыIауэ. Абы ныбжьэгъу куэд иIэти, егъэлеяуэ дыцIыху кIуапIэт. А лIы гупым я уэршэрыр хъыбарыжьхэмрэ таурыхъхэмрэ техьа иужь, нэгъуэщI дунейм сыкъыщыхутэрт. Абыхэм хэт шууейхэм я шы лъэмакъыр IупщIу зэхэсхырт, щIакIуэ фIыцIэ ятеубгъуауэ езыхэри нэгум къыщIыхьэрт. Дунейм теттэкъым сабий акъылым ар къэмыхъуауэ, IуэрыIуатэу, псысэу къызэрибгъэтIэсэн. Мис а лIыхъужь хъыжьэхэращ щапхъэфIу сиIар, зи лIыгъэм щIэпIыкIа сыхъуар. Аращ си гуащIэр зэрыщыту «зытещIыхьар». 
 

КъежьапIэмрэ абы къыкIэлъыкIуэмрэ

 
Уи творчествэм а и тегъэщIапIэр зыкIи зэран хуэхъуркъым дунейм къыщыхъу-къыщыщIэхэр иужькIэ зыхэпщIэным. Шыгурэ мэкъурэ фIэкIа зэрызмылъэгъуар, художественнэ школи сызэрыщемыджар лъэпощхьэпо хъуакъым институт сыщIэтIысхьэнымкIи, щIэныгъэ нэхъыщхьэ зэзгъэгъуэтынымкIи. Сурэт пщIы къудейкIэ сурэтыщI ухъунукъым, зэрыжысIащи, музыкэм уедэIуэфын, театрым хэпщIыкIын, литературэм, тхыдэм ущыгъуэзэн, уи зэфIэкIым, акъылым къызэрихькIэ уи къэухьым зебгъэубгъун хуейщ. 
 

Мурадхэмрэ хъуэпсапIэхэмрэ

 
Сыт хуэдэ творческэ лэжьыгъэми зы гукъеуэ ин хэлъщ: узыхуэмыарэзыжыныр. ПхузэфIэкIынум елъытауэ куэд къэнауэ къыпщохъури, мис абы гугъу урегъэхь. Сэри апхуэдэущ къызэрысфIэщIыр: нэгъуэщI лэжьыгъэхэм си къару тезгъэкIуэдэн хуей хъууэ, си зэманыр нэсу, къанэ щымыIэу си щхьэ закъуэ лэжьыгъэм хухэзмыхыфу. Си хъуэпсапIэщ, псори лъэныкъуэ езгъэзу, си гур гъэтIылъауэ илъэс бжыгъэкIэ искусствэм сыхуэлэжьэну, си гупсысэхэр къыщыгъэлъэгъуа сурэтхэр тхылъымпIэм тезгъэзэгъэну. 
 
 
Зытхыжар ИСТЭПАН Залинэщ.
Поделиться: