Зи пшынэ гъэбзэрэбзэкIэмкIэ къацIыхуж ХьэпащIэ Заудин

 «Кабардинка» къэрал академическэ ансамблым и музыкэ унафэщI, КъБР-м гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, Урысей Федерацэм щIыхь зиIэ и артист, пшынауэ цIэрыIуэ ХьэпащIэ Заудин зымыцIыху куэд адыгэм къытхэту си фIэщ хъуркъым.
 Ар ящыщщ зи пшынэ гъэбзэрэбзэкIэкIэ къацIыхуж пшынауэ закъуэтIакъуэхэм. Илъэс 40 ипэ абы къищта макъамэ Iэмэпсымэм хуэпэжщ, ауэ гъэщIэгъуэнщ абы и Iуэхур къызэрежьари.
 Заудин 1956 гъэм шыщхьэуIум и 23-м Тэрч щIыналъэм хыхьэ Плановскэ къуажэм къыщалъхуащ. Ар пшынэ еуэным зэи хуеджакъым. ГуфIэгъуэ щыIэу зыгуэрым и пшынэр шэнтым къытринати, къищтэри «игъэтIылъыжакъым». Абдежым Заудин илъэс I4 хъууэ арат. Абы ипэ къуажэм зэфIэкI ябгъэдэлъу дэс ныбжьыщIэхэр къыхашыурэ Налшык дэт музыкэ школым щIагъэтIысхьэрти, ХьэпащIэр илъэсибгъу фIэкIа мыхъуу абыхэм яхэхуэри, контрабасым хуеджэри ар къиухауэ щытащ. Илъэс 16-м Заудин езыр-езыру пшынэр къигъэIэрыхуат. ЗэрыцIыкIурэ артист IэщIагъэм щIэхъуэпсми, пшынэр Iэпэгъу щыхуэхъум, адрей хъуэпсапIэ псори IуигъэкIуэтащ. Курыт еджапIэр къиуха иужь, Культпросвет училищэм и къэфакIуэ къудамэм щIэтIысхьащ. ИлъэситIкIэ щеджауэ дзэм къулыкъу щищIэну даш, абы къикIыжа иужь училищэр къиухыжащ.
 ХьэпащIэм пшынауэкIэ къеджэ щыхъуам, «Кабардинка»-м кIуэну триухуащ. АрщхьэкIэ гупым я художественнэ унафэщI Ульбашев Мутай щыхуэзэм: «Уэ улъагэщ, узэкIужщ, укъэфэн хуейщ», — жиIэри, къэфакIуэхэм яхигъэхьат. Пшынауэм и гу бампIэр къафэм игъэтIысыртэкъым. ИлъэситIкIэ къэфакIуэхэм яхэтауэ, ансамблым я пшынауэр щыIукIыжым, Заудин абы и пIэ ирагъэуващ. Гупым я программэр зыщIэ пшынауэр гугъущэ емыхьу Iуэхум хэзэгъащ. Абы лъандэрэ ансамблым хэтщ, иужькIэ музыкэмкIэ унафэщI ящIауэ, нобэми мэлажьэ.
 ХьэпащIэр ди уэрэджыIакIуэ пэрытхэми ядэлэжьащ, абы и пшынэ макъращ фIыуэ тлъагъу уэрэд куэдым щыбзэрабзэр.
 Дунейм и щIыпIэ куэдым я лъэ теуващ, ди хабзэ екIур, щэнхабзэр щагъэлъэгъуащ ар зыхэта «Кабардинка» гупым. Заудин игу къегъэкIыж япэу Тыркум щыкIуам хуабжьу фIэгъэщIэгъуэну абы щыпсэу адыгэхэм яIущIауэ зэрыщытар, Иорданием и пащтыхьым щригъэблэгъам къыхуащIауэ щыта пщIэмрэ щIыхьымрэ, Голландием щыщ унагъуэм мазищкIэ щыпсэуауэ зэрыщытар… Игу къигъэкIыжын и куэд щхьэкIэ, и хэкум пищIынрэ абы ефIэкIынрэ зэрыщымыIэр, сытым щыгъуи абы хуэзэшауэ къэкIуэжу зэрыщытар дыщIегъуж.
 Илъэс 30-м щIигъуауэ «Кабардинка»-м и махуэфIи махуае дэзыгъэвам а пIалъэм къриубыдэу ансамблым иIа балетмейстерхэм (Ульбашев Мутай, Думэныщ Iэулэдин, Атэбий Игорь сымэ) дэтхэнэри и хъэтI щхьэхуэ иIэжу зэрылажьэр, ипэкIэ ягъэкIуатэу я IэнатIэр зэрырахьэкIыр жеIэ.
- Къафэхэр кIуэтэху нэхъ псынщIэ мэхъу, дэ дызэса жыпхъэм щикIи къохъу. Ансамблым теухуа гукъеуэкIэ сывдэгуэшэну сыхуейт. Абы къыхыхьэ щIалэхэмрэ хъыджэбзхэмрэ къахь улахуэр къомэщIэкIри, илъэс-илъэситI нэхъ хэмытауэ, лъэныкъуэ зрагъэзыж. Я пIэм нэгъуэщIхэр къоувэ, арщхьэкIэ абыхэм я щхьэ кърикIуэр ардыдэращ. КъэфакIуэр дагъуэншэу утыку итын папщIэ нэхъ мащIэу илъэситхукIэ ансамблым хэтыпхъэщ, - жеIэ ХьэпащIэм. - Пшынауэхэм ехьэлIа гукъеуэри нэхъ мащIэкъым. Пшынэ еуэ щIалэгъуалэм дэ диIэ лъэпкъ зэхэтыкIэр IэщIыб ящIащ. Къафэхэр зэхафыщIэ, зыгуэр дагъэху, и кIэм нэсу еуэркъым е нэгъуэщI макъамэ гуэр къыпагъэувэри ар и пIэм ираху. Макъамэр апхуэдэу ирагъэтх, нэгъуэщI зыгуэрым ардыдэм зэхъуэкIыныгъэ хелъхьэ, апхуэдэурэ къафэр къыпхуэмыцIыхуж мэхъу. Къафэм и псэр и купщIэращ. А купщIэм зы тIэкIу дэхуамэ, гупсысэр мэбгъунлъэ. Ар къагурыIуэу зыхуэсакъыжыну селъэIуну сыхуейт ди щIалэгъуалэм. Нобэ дызэлъэпауэр пщэдей къытхуэщтэжынукъым.
 Пшынауэ ныбжьыщIэхэм я ныкъусаныгъэр зи дагъуэу къилъытэр ахэр езыгъаджэращ. Заудин зэрыжиIэмкIэ, пшынэ еуэным хуезыгъасэхэр Iэмал имыIэу езыхэри пшынэ еуэфу щытыпхъэщ. Иджырей егъэджакIуэхэм я нэхъыбэм дахэ-дахэу ар яхузэфIэкIыркъым.
 - Кавказ Ищхъэрэм ис лъэпкъхэм ящыщу къэбэрдей пшынэ еуэкIэм нэхъ гугъуи нэхъ IукIэ дахэ зиIи яхэткъым. Иджырей щIэблэм Iэзагъ я куэдщ, ауэ макъамэм и IэфIыр зыхащIэркъым. Пшынэр Iэпэракъым, псэращ зыгъэбзэрабзэр. Макъамэм и щабагъымрэ ар зэтеубыдауэ зэрыщытымкIэ псоми дакъыхэщу щытащ. Лъэпкъым и хьэлыр макъамэм къеIуатэ. Адыгэ макъамэхэр щIагъыбзэ куукIэ гъэнщIауэ псэм йохуэбылIэ. Иджы дэнэкIи щызэхэпхыр гупсысэр зылъэщIэмыхьэж къафэ псынщIэщ. Джэгу укIуамэ, долъейри итщ, ар нэхъ дахэу къащIыщыхъур къызгурыIуэркъым. Адыгэ къафэхэм ямыгъэдахэ джэгур джэгу хъурэ, ар зыфIэмыфIыр ди быныж? - ибзыщIыркъым къэукъубея и гукъеуэр пшынауэм.
 Лъэпкъ щэнхабзэм хуащI гулъытэм зэрыкIэрыхуар, абы и зэранкIэ щэнхабзэм и лэжьакIуэхэм я лэжьыгъэм ягу, я псэ хэмыхьэж зэрыхъуар, нэгъуэщI гукъеуэхэри и куэд щхьэкIэ ХьэпащIэм и фIэщ мэхъу зэгуэр цIыхубэм зыкъызэращIэжынур, къыддекIуэкI лъапIэныгъэхэр мылъкум ипэ ирагъэщ хъужыну.
 Зэхэгъэж имыщIу, адыгэхэм я Iэужь макъамэ псори фIэгурыхьми, Сэхъу Хьэсэн игъэзащIэу «Си Вася» макъамэм жэщи махуи зэпымыууэ зэредэIуэфынумкIэ фIыуэ зэрилъагъумкIэ зыкъеумысыж ди псэлъэгъум.
- Пшынэм уи гуфIэгъуэр къеIэт, уи гузэвэгъуэр къыбдегъэпсынщIэ. Абы ухуеймэ гъыбзэ, ухуеймэ гуфIэгъуэ уэрэд къикIынущ. ЦIыхум и гум жиIэм хуэжыIэщIэщ пшынэр. Илъэс 40-м щIигъуауэ си Iэпэгъу пшынэм сыпэIэщIэу си нэгу къысхущIэгъэхьэркъым. Ар щIакхъуэ Iыхьэ къызэрызлэжь къудейкъым, ар сэ сщыщ Iыхьэщ.
 Заудин гъащIэр фIыуэ илъагъуу, абы пщIэ хуэзыщI цIыхуу зэрыщытыр ди зэпсэлъэныгъэм къигъэнэIуащ. Абы и ныбжьым хуэмыфэщэн жанагъ, теплъэ зэриIэр, езым дызэрыщигъэгъуэзамкIэ, зи фIыщIэр къэзыухъуреихь цIыхуфIхэрщ.

Щомахуэ Залинэ.
Поделиться: