ХьэтIохъущокъуэ пщыхэр

Темрыкъуэ 

Инжыдж бжьэпэ (Шэрджэсым), Хьэбэз къуажэм пэмыжыжьэу, пасэрей чэщанэжь тетщ. Iэдииху и чэщанэкIэ йоджэ абы, хъыбар хьэлэмэти къыдогъуэгурыкIуэ. Хъыбарым жиIэмрэ чэщанэм и тхыдэмрэ зэтехуэркъым. IуэрыIуатэм и Iуэхур щхьэхуэщ, чэщанэм и пэжыпIэр нэгъуэщIщ: ар езыгъэщIар Къэбэрдейм и тхыдэм щыцIэрыIуэ ХьэтIохъущокъуэ Темрыкъуэщ – ХьэтIохъущокъуэ Исмел (Исмел ПсыгъуэкIэ) зэджэм и адэрщ.
Урыс дзэпщхэм я IупэфIэгъу хъуахэм яхыхьакъым Темрыкъуэ – зэрыхузэфIэкIкIэ япэщIэтащ зэрыпхъуакIуэхэм. И ныбжьыр хэкIуэтауэ, хьэжыщI щыIащ Темрыкъуэ – Темрыкъуэ-хьэжыкIэ еджэ хъуащ иужькIэ.
Темрыкъуэ Бахъсэн псыхъуэ къыщалъхуащ – ХьэтIохъущыкъуей Ипщэм. Къыщыхъуар Бахъсэн пщы гупым я пашэ Бомэт и унагъуэрщ.
Урыс дзэпщхэм дахэкIэ ягурыIуэн мурад зиIэхэм ящыщт Бомэт.
И къуэр къедэIуакъым, урыс дзэпщхэм уазэрыхэмызэгъэнур щIэх дыдэ къыгурыIуэри, Темрыкъуэ кърым хъаным дзэ къритыну елъэIуащ. Хъаным дзэ къритакъым. Къыщримытым, и щIыб абыи хуигъэзэжащ.
ХьэжыщI къикIыжа нэужь, Кърымым илъэс зыбжанэкIэ щыпсэури, Темрыкъуэ хэкум къигъэзэжащ, Инжыдж и Iуфэм къалэ IуищIыхьащ – ХьэжыкъалэкIэ еджэ хъуащ абы. Хьэжыкъалэ Iэщэ (фоч, топ, сэшхуэ, джатэ) щригъэщIын мурад иIащ Темрыкъуэ, ауэ а Iуэхур хузэфIэмыхьэурэ езыр дунейм ехыжащ I780 гъэм. И хьэдэр шыкхъаблэкIэ къахьыжри, ХьэтIохъущокъуэхэ я пщычом деж щыщIалъхьэжащ. Темрыкъуэ и сыныр Гундэлэныпсыр Бахъсэн щыхэхуэжым деж зэритам щыхьэт тохъуэ щIэныгъэлI цIэрыIуэ Лавровыр («Эпиграфические памятники Северного Кавказа». М., 1966).
 

Къазий 

Къэбэрдей адыгэбзэкIэ дунейм япэ дыдэ къытехьа тхылъыр зи Iэдакъэ къыщIэкIар ХьэтIохъущокъуэ Къазийщ – «Сосрыкъуэ и пшыналъэмрэ адыгэбзэкIэ зэдзэкIа тхыгъитI-щырэ». Ар 1864 гъэм Тифлис къыщыдэкIауэ щытащ. Абы къыкIэлъыкIуащ нэгъуэщI тхылъ зыбжани, ахэр зэрытрадзар езы Къазий зэхилъхьа алыфбеймкIэщ.
ХьэтIохъущокъуэ Къазий Хьэсэнэбий къуажэм (иджы Куба) 1841 гъэм къыщалъхуащ, Ставрополь дэт гимназием щеджащ, иужькIэ дзэм хыхьэри, Тифлис къулыкъу щищIащ. Дэнэ щыIэми, Къазий зэи щыгъупщэртэкъым и лъэпкъыр зэрыщIэныгъэншэр, абы тхыбзэ хузэхэлъхьэн зэрыхуейр. Абы хуэунэтIащ Казий и алыфбейри «Къэбэрдейм тхыгъэ щызэгъэпэщыным и Iуэхум сызэреплъыр» тхыгъэри. Къазий къызэрилъытэмкIэ, адыгэ тхыбзэ зэбгъэпэщыным гугъуехь пылътэкъым, адыгэхэр абы хуэхьэзыр хъуакIэт а зэманым, арат адыгэбзэкIэ щеджэ еджапIэхэр къуажэхэм къыщызэIухын хуейуэ щIиукъуэдийр. «Сабийм еджэн зэрыщIидзэн хуейр и анэдэлъхубзэращ», – итхыгъащ ХьэтIохъущокъуэм.
Къазий и жэрдэмкIэ 1866 гъэм Налшык къыщызэIуахауэ щытащ адыгэбзэкIэ езыгъэджэнухэр щагъэхьэзыр еджапIэ. Абы щезыгъэджари зэрырагъаджэ тхылъхэр зэхэзылъхьари езы ХьэтIохъущокъуэращ. Тифлис къыщыдигъэкIа «Къэбэрдей алыфбейм» адыгэхэр щIэныгъэм къыщIэгъэтэджэнымкIэ, адыгэ тхыбзэр зэфIэувэнымкIэ мыхьэнэшхуэ иIащ. «Адыгэ тхыбзэр къыщхьэпэнукъым, абы жыжьэ нихьэсынукъым, лъэпкъ щIэныгъэншэр» – апхуэдэ псалъэмакъ мыфэмыцхэр къраутIыпщауэ щытащ Къазий и жэрдэмым.
ХьэтIохъущокъуэ Къазий зэхуихьэсыжауэ ди деж къэсащ Сосрыкъуэ, Бэдынокъуэ, Ашэмэз сымэ я пшыналъэхэр. Къазий адыгэбзэкIэ зэридзэкIащ Лермонтовым, Саади сымэ я тхыгъэхэр.
«Сэшхуэ дахэ нэхърэ – зы тхылъыфI» – апхуэдэ псалъэ къызэринэкIащ ХьэтIохъущокъуэ Къазий.
Ар 1899 гъэм дунейм ехыжащ.

 

Поделиться: