КъытщIэхъуэ щIэблэм анэдэлъхубзэр егъэджыныр мыхьэнэшхуэ зиIэ Iуэхугъуэщ икIи щIыхь зыпылъ къалэнщ, сыту жыпIэмэ лъэпкъ тхыдэр, хабзэхэр, нэщэнэхэр, гупсысэкIэмрэ псэукIэмрэ къозыгъащIэу щыIэр а зы Iэмалырщ - бзэращ а псоми я хъумакIуэр. Илъэси 100 хъуауэ къэралыгъуэ хуиту псэу, абы и ехъулIэныгъэм хуэлажьэ ди цIыхубэм нобэ зыри зэран къытхуэхъуркъым ди бзэр зетхьэжын, адэкIи зедгъэужьын, едгъэфIэкIуэн папщIэ.
Анэбзэм нэхърэ нэхъ IэфIрэ лъапIэрэ зэрыщымыIэр сыщысабийм си лъым хыхьауэ щытакIэщ сэ. Абы къыхэкIыуи балигъ сыхъуу гъащIэм IэщIагъэ къыщыщыхэсхын щыхъум, адыгэбзэмрэ литературэмрэ нэхъ куууэ зджыну, иужькIэ, IэщIагъэ зэзгъэгъуэтмэ, бзэм и IэфIагъыр сабиипсэм зыхищIэным, абы пщIэ хуищIу къэгъэтэджыным си къару псори есхьэлIэну мурад сщIат. Си гуращэхэр къызэхъулIащ икIи илъэс плIыщIым щIигъуауэ псэ хьэлэлу сыпэрытщ щIэблэр егъэджэн IэнатIэм. Си гъащIэ насыпым и зы Iыхьэшхуэущ си IэщIагъэр къызэрызбжыр.
КъызэрыслъытэмкIэ, егъэджакIуэм, псом хуэмыдэу анэдэлъхубзэр сабийм езыгъащIэм, и къалэныр щIэблэм щIэныгъэ куу етыным и закъуэкъым, атIэ апхуэдэу ныбжьыщIэхэм лъэпкъ гъэсэныгъэ екIу яхэлъхьэнымкIи, щалъхуа щIыналъэр, Хэкур фIыуэ ялъагъуу къэгъэтэджынымкIи, пщIэ-нэмыс жыхуэтIэхэр зэрахьэнымкIи лэжьыгъэ ин дыдэ зэфIихыпхъэщ. Аращ ди усакIуэшхуэ КIыщокъуэ Алим апхуэдэ IэщIагъэлIхэр игъэлъапIэу щIыжиIар: «Бзэр дэзыгъащIэр Тхьэм иузэщI, Дунейм и фIыгъуэм щремыщIэ».
Тхыдэ гъуэгуанэ кIыхь икIи гугъу зиIа ди лъэпкъым и нэхъыжьхэм нобэм къахьэсыфащ ди хабзэ дахэхэр, тхуахъумэфащ ди анэдэлъхубзэр. Ауэ щыхъукIэ, ди адэжь-анэжьхэм къащIэна бзэм дэ IупщIэ хуэтщIыжыныр икIагъэщ. Нобэ, Тхьэм и фIыщIэкIэ, ди анэдэлъхубзэм гулъытэ хуэтщIыну дыщыхуит зэманщ. Мы дунеишхуэм зы къэрали теткъым ди деж лъэпкъ мащIэхэм я бзэм щиIэ пщIэм хуэдиз щигъуэт. АбыкIэ диIэ хуитыныгъэхэр къэдгъэсэбэпу долажьэ адыгэбзэмрэ литературэмрэ езыгъэджхэр. Методикэ пэрытхэр Iуэхум хэтпщэным дыхущIэкъуу, дерс зэIухахэмрэ урок нэужь лэжьыгъэхэмрэ ящIыгъуу, компьютерым и Iэмал зэмылIэужьыгъуэхэри дерсхэм хыдогъэхьэ. Сызэрылэжьа илъэсхэм зэзгъэпэщащ класс щIыб лэжьыгъэ зэхуэмыдэхэм я сценарий куэд. Абыхэм яхэтщ литературнэ пщыхьэщхьэхэм, тхылъеджэхэм я зэIущIэхэм, кружокхэм я лэжьыгъэхэм, диспутхэм, конференцхэм ятеухуахэр.
ЕгъэджакIуэ ныбжьыщIэхэр бзэм, литературэм нэхъри дихьэхынымкIэ хуабжьу сэбэп мэхъу егъэджакIуэхэм я зэхыхьэхэр, еджакIуэхэм папщIэ къызэдгъэпэщ зэпеуэ зэмылIэужьыгъуэхэр. Абыхэм ящыщу къыхэзгъэщыну сыхуейт Iуэху зехьэкIэ хьэлэмэт куэд зи утыку кърахьэ «Си бзэ - си псэ, си дуней» республикэпсо зэпеуэ-фестивалыр. Апхуэдэу адыгэбзэр езыгъэджхэр, адрей предметхэмкIэ IэщIагъэлIхэм яхуэдэу, жыджэру дыхэтщ «Егъэджэныгъэ» къэралпсо проектым ипкъ иткIэ екIуэкI зэхьэзэхуэм икIи щIэх-щIэхыурэ пашэ дыщохъу.
«Си анэдэлъхубзэр фIыуэ солъагъу», - жыпIэу ущыскIэ зэфIэкIыркъым - ар уи гъэсэнхэми я псэм хэлъу къэбгъэхъун хуейщ, абы папщIи фи къаруи, щIэныгъи, зэфIэкIи фемыблэж», - яжызоIэ егъэджакIуэ ныбжьыщIэхэм. Апхуэдэ жэуаплыныгъэ лэжьыгъэм хуиIэрэ бзэм и къэкIуэнум папщIэ и гур, и псэр пIейтеймэщ анэдэлъхубзэр езыгъэджхэм цIыхубэ гулъытэ лъагэрэ жылагъуэ щIыхьрэ къыщахьынур.
Мыбдежым къыхэзгъэщыну сыхуейт щапхъэу бгъэлъагъуэ хъуну Iуэху зехьэкIэ пэрыт зиIэ ди егъэджакIуэхэм я бжыгъэм къыхэхъуэ зэпыту зэрекIуэкIыр. Анэдэлъхубзэр щIэблэм яIурызылъхьэ, ар езыгъэдж лэжьакIуэфIхэм я цIэщIэхэр зэхыдох зы илъэси къэмынэу. СащогуфIыкI абыхэм икIи си гуапэу сохъуэхъу я гъащIэмрэ я мурадхэмрэ зэтехуэу, лъэпкъымрэ анэдэлъхубзэмрэ я зыужьыныгъэм хуэгъэпса я хъуэпсапIэхэр къайхъулIэу куэдрэ псэуну. Зи лъэпкъыр, къэралыр, адыгэ щIыналъэр фIыуэ зылъагъухэм аращ я лэжьэкIэ мардэр. Апхуэдэущ къэралыгъуэри зэрагъэбыдэр.