ЦIыхум и уасэр и лэжьыгъэрщ

КЪРЫМ Иринэ, уэрэджыIакIуэ:

Пшынэ фIыцIэ цIыкIур

Сыщысабийм щегъэжьауэ сэ зэхэсхырт си анэм макъ дахэкIэ, макъ щабэкIэ уэрэд зэрыжиIэр. Сыт ищIэми абы дзапэ уэрэдыр Iурылът, адыгэ уэрэдыжьхэр зыпищI щыIэххэтэкъым. Си анэ шыпхъу нэхъыщIэ Соня ди деж къэкIуа иужь, а тIум зэгъусэу зыуэ хъуэпсэгъуэу уэрэд жаIэрти, а дахагъэм удимыхьэхынкIэ Iэмал иIэтэкъым.
ИтIанэ ди гъунэгъуу щыпсэурт пшынауэ бзылъхугъэ. Абы и хабзэт пщIантIэм пшынэ щеуэу. Ар зэрызэхэсхыу, илъэсищ-плIы фIэкIа зи мыныбжь сэ сыщIэпхъуэрти абыхэ сыжэрт. Сыхьэт бжыгъэкIэ сыбгъэдэсыфынут абы сымэзэхауэ. Ар зылъагъу си адэм Iэпэ пщыкIутI зытелъ пшынэ фIыцIэ цIыкIу къысхуищэхуауэ щытащ. Уеблэмэ ар сIыгъыу сурэт сиIэщ. Сызэрыгурыхуэм, макъамэр сызэримыхамэм и щыхьэту, абы куэд къизгъэкIыфырт, зэхэсххэр гугъу сыдемыхьыщэу къэзубыдырт. Зи IэщIагъэкIэ дохутыр си адэм апхуэдизкIэ гъуазджэр фIыуэ илъагъурти, зы щыуагъэ гуэр сщIымэ, зэрызэзгъэзэхуэжынур къызжиIэфырт. 
Макъамэр фIыщэу слъагъуми, си псэр зыхуеIэр дохутыр IэщIагъэрт. Абы ехьэлIауэ зы сабий гукъэкIыж вжесIэжынщ. Малкэ курыт школым и езанэ классым сыщыщIэтIысхьам старостэу сыхахат. ЗанщIэу сыкъэгъащ: «сэ старостэкъым, дохутырщ сызэрыхъуну сыхуейр» жысIэри. Си япэ егъэджакIуэ КIуэкIуэ Бабышэ дыхьэшхри, «дохутырмэ дохутырщ» жиIэгъат. ЕтIуанэ махуэм дохутыр дамыгъэ плъыжьыр зытет сумкэ хужь цIыкIу, йод, бжьэхуц хуэдэхэр дэлъу, сIыгъыу школым сыкIуэри, псоми «сеIэзауэ» щытащ. 
А зэманхэм ирихьэлIэу ди деж къэкIуащ ди адэм и къуэш, профессор КIуэкIуэ Жэмалдин. Абы и щхьэгъусэ, пианисткэ Iэзэ Майе зэхихащ пшынэ сызэреуэр икIи ди адэм жриIащ Iэмал имыIэу музыкэ школ сыщIигъэтIысхьэну. Абы щыгъуэ Налшык дэту арат апхуэдэ школитI, районхэм щыIэххэтэкъым. Сыщыпсэунур еджапIэм и интернатрат. Темыгушхуащэми сагъэкIуащ, сыщеджащ. ЖыпIэнурамэ, Майещ зи фIыгъэр си гъащIэр зэрыщытым хуэдэу убзыхуа зэрыхъуар, егъэлеяуи сыхуэарэзыщ. 
Къыщызухым, аргуэру соукъуэдий медицинэ еджапIэ сыщIэтIысхьэну. Си адэр музыкэ школым и унафэщIым еупщIащ еджэным пысщэну мыхьэнэ иIэрэ имыIэрэ. КъыжриIащ талант зэрызбгъэдэлъыр, Iэмал имыIэуи си щIэныгъэм хэзгъэхъуэн зэрыхуейр. ИтIанэ къызбгъэдэтIысхьэу си адэм къызжиIауэ щытар зэи сщыгъупщэркъым. «Сэ сыдохутырщ, уэри уеджэмэ дохутырыфI къызэрыпхэкIынум шэч къытесхьэркъым. Ауэ нэгъуэщIхэм я уз фIэкIа зыри плъагъунукъым. Абы нэхърэ нэхъыфIщ сэ цIыхухэм я Iэпкълъэпкъыр згъэхъужынщ, уэ я псэм еIэзэ», - щыжиIэм, апхуэдизу згъэлъапIэ цIыхум и жыIэм сыфIэкIыфакъым. Училищэр къэзухащ, иужькIэ Саратов дэт консерваторэм сыщIэтIысхьащ, университетым сыщеджащ. 

Дамэу стет си бынхэр
 

Сипхъу Ланэ уэрэджыIакIуэщ, сэ схуэдэу ари Музыкэ театрым и солисткэщ. Си пхъурылъху Дайанэ Щукиным и цIэр зезыхьэ театр институтыр Москва къыщиухащ. Абы и шыпхъу Дисанэ КъБКъУ-м дизайнымкIэ и колледжыр, социальнэ къудамэр къиухащ. Си къуэ Илья тхакIуэщ, фантастщ, Москва тхылъипщIым щIигъу къыщыдигъэкIащ. Си къуэ нэхъыщIэ Анзор уэрэд жеIэ, продюсерщ, макъамэ еус, уэрэдхэм псалъэ ящIелъхьэ. ЖыпIэнурамэ, псори дытворческэ цIыхухэщ. 

Ди къэкIуэнур зэлъытар
 

КъытщIэхъуэ щIэблэм, къыдэкIуэтей цIыкIухэм ди гъащIэр зэрыхъунур зарелъытар хэти ещIэ. Мис абы къыхэкIыу сыхуейт сабийхэр IэпкълъэпкъкIи псэкIи узыншэну, я хъуэпсапIэм ерыщу зэрыхуэкIуэфын зэфIэкIрэ щIэныгъэрэ ябгъэдэлъыну, я адэ-анэр зыгъэгуфIэн, зыгъэгушхуэн цIыкIу къайщIыкIыну, зэи зауэрэ нэщIэбжьэрэ ямылагъуну. 

 

Зыгъэхьэзырар ИСТЭПАН Залинэщ.
Поделиться: