АдыгэщIыр я плъапIэт

XVI лIэщIыгъуэм и етIуанэ Iыхьэм и пэщIэдзэм Кавказым и гъунапкъэхэм щимэу къыщыунэхуащ Тыркумрэ абы и жыIэм тету псэу Кърым хъаныгъуэмрэ я пашэу Персым, Урысейм я зауэ къару лъэщ. Абыхэм, зым ейр адрейм темыхуэу, ирагъэкIуэкI къэрал кIуэцI, къэрал щIыб Iуэхухэм фIэкIыпIэ имыIэу тещIыхьат адыгэ лъахэм зэрызиужьынумрэ абы иригъэкIуэкIын хуей жылагъуэ Iуэхугъуэхэмрэ.

Къапщтэмэ, Персым Дагъыстэным пыщIэныгъэ нэхъ быдэ хуиIэт, Тыркумрэ Кърымымрэ тенджыз ФIыцIэм и Iуфэм щытепщэт, Урысейм Кавказ Курытыр къыхихауэ абы хуиIэ пыщIэныгъэр махуэ къэс игъэбыдэрт, псом хуэмыдэу Къэбэрдейм.

Персым и лъэр нэсу щимыгъэува Дагъыстаным и ищхъэрэ лъэныкъуэми и нэIэ тригъэтт. XV-нэ лIэщIыгъуэм и етIуанэ Iыхьэм Европэ КъуэкIыпIэм щызэтеува щытыкIэм зехъуэж, Тыркум ар зыIэригъэхьэну кърихьэжьауэ илэжь Iуэхугъуэхэм къыхэкIыу. Уэсмэн сулътIанхэр жыджэру яужь йохьэ тенджыз ФIыцIэм и ищхъэрэ лъэныкъуэр яубыдыну. Абыхэм я мурадым я Iэр трагъахуэ: Кафэ къалэм нэс яубыд. А лъэхъэнэм кърымхэм я «Дыщэ Ордар» лъэлъэжауэ тырку сулътIанхэм ар зэрыщыту къазэуауэ яIыгъти, дэнэ кIуэжынт, я гъусэт, жыIэщIэу.

Тырку сулътIанхэмрэ абыхэм дарэгъу яхуэхъуа кърым хъанхэмрэ тенджыз ФIыцIэм и ищхъэрэ лъэныкъуэм я лъэр зэрыщиубыду, адыгэхэр щыпсэу щIыпIэхэри плъапIэ ящIащ. Тырку сулътIанхэм ягъэгушхуэурэ удэфа Кърым хъанхэр я гъунэгъу урысхэм, адыгэхэм, украинхэм, литовецхэм щIэх-щIэхыурэ ятоуэ. Абыхэм мылъку къраш, Iэщхэр къраху, цIыхухэр, гъэр ящIурэ, ящэ. Кърым хъаныгъуэм и экономикэм ар лъабжьэ хуохъури, абы псынщIэу зеужь. Тырку-уэсмэнхэм зыIэрагъэхьа ехъулIэныгъэхэмрэ гъунапкъэхэмрэ яфIэмащIэу КъуэкIыпIэ Гъунэгъуми тепщэныгъэр щаубыдыну яужь йохьэ.

XVI-нэ лIэщIыгъуэм и пэщIэдзэм къожьэ Уэсмэн-Перс зауэр. Ар, пIалъэкIэ зэпыум къыщIидзэжурэ, XVI-нэ лIэщIыгъуэм и кIэхэм нэсыху йокIуэкI. Зауэ гуащIэхэр нэхъыбэу Кавказым щрагъэкIуэкI. ЛъэныкъуитIри хущIокъу ар зыIэрагъэхьэну. Тырку сулътIанхэм я дежкIэ мыхьэнэшхуэ иIэт Кавказ ИщхъэрэмкIэ кIуэцIрыкI гъуэгум. Абы зэпищIэнут езыхэм къазэуауэ яIыгъ тенджыз ФIыцIэм и Iуфэмрэ яубыдыну зыхущIэкъу Кавказымрэ. ИтIанэ хуит хъунут адыгэхэмрэ дагъыстанхэмрэ я щIыналъэхэми кIуэцIрыкI гъуэгур, Дербент нэсыху.

Персым Дагъыстаным и ищхъэрэ лъэныкъуэр иIыгъти, ар я тэмакъым бдзэжьей къупщхьэу тенауэ яхуегъэхыртэкъым. Къытрахыжу Кавказыр зэрыщыту я жьауэм щIагъэувэнут. XV-нэ лIэщIыгъуэм и етIуанэ Iыхьэм сефевид лIакъуэм и лIыкIуэхэр яужь йохьэ Кавказ Ищхъэрэр яубыдыну. Псом хуэмыдэу ахэр хуеIэрт Тэрчрэ Псыжьрэ я Iуфэхэм, абыхэм я псыхъумапIэхэм. А лъэхъэнэм сефевидхэм яIэщIэлъар Ардебиль къалэмрэ абы къедза щIы пакIэмрэщ, армыхъумэ Перс къэралыгъуэшхуэракъым.

 XV-нэ лIэщIыгъуэм и кIэухым тырку уэсмэнхэм яубыду гъэрыпIэм ирагъэува генуэзхэм я къалащхьэ Метреги дэсхэм Шэрджэс Iуфэм деж щрагъэухуащ Тэман быдапIэр. 1519 гъэм Кърым лъэныкъуэмкIэ, Кубань лиманым деж, Азов тенджызым пэмыжыжьэу, тыркухэм аргуэру яухуащ «Темырыкъуэ» зыфIаща етIуанэ быдапIэр. Тыркудзэхэмрэ кърымыдзэхэмрэ Тэман хытIыгумкIэ къикIыурэ адыгэхэм къатеуэрт. Нэхъыбэм ахэр кхъухькIэ Керчь псы дэжыпIэмкIэ къызэпрашырт. ЩIымахуэм мылым тету къызэпрыкIхэрт.

XV-нэ лIэщIыгъуэм и кIэм Урысейри адыгэхэри нэхъ жыджэру япэщIэувэ хъуащ тырку сулътIанымрэ кърым хъанымрэ я дзэхэм. Ахэр зэгъусэу, зэкъуэту езауэртэкъым я бийм – щхьэж хузэфIэкIыр ищIэу арат, ауэ я лъахэхэм къихьэрей хъуа зэрыпхъуакIуэхэм я мурадхэр къызэпыудыным хуэунэтIауэ ялэжьхэм гъунэгъу зэхуищIырт. Урыс къэралым езым и фейдэ лъэпкъ зыхэмылъ зэгурыIуэныгъэ ирещIылIэ Кърым хъаным. Абы и гугъащ адыгэхэми апхуэдэ зэгурыIуэныгъэ къращIылIэну. Адыгэхэм къащтащ нэгъуэщI унафэ. А унафэм щыгъуазэ зыхуищIа нэужь, урыс пащтыхьым и лIыкIуэу Кърымым щыIэ Ромодановский Василий кърым хъан Менглы-Джэрий епсалъэри, къытригъэхьащ и дзэр Литвам иришэну. XV-XVI-нэлIэщIыгъуэхэм кърым-уэсмэнхэм адыгэхэм къатеуэн щIадзэж. 1498 гъэм и бжьыхьэм кърымыдзэр адыгэхэм къухьэпIэмкIэ щыIэ я щIыналъэм къохьэ. Дзэм зэхуэсыпIэрэ къежьапIэрэ хуэхъур Матреги щIыпIэм деж щIэрыщIэу щаухуэжа Тэман быдапIэрат. Урыс пащтыхьым и лIыкIуэхэу Кърымымрэ Нэгъуеймрэ щыIэхэм я дэфтэрхэм иратхэ 1501 гъэм адыгэхэм уэсмэныдзэр тIэу зэрызэтракъутар. XVI-нэ лIэщIыгъуэм и етIуанэ илъэсипщIым япэу уэсмэнхэмрэ персхэмрэ зэпэщIоувэ. Абы ирихьэлIэу кърымхэм адыгэхэм къатеуэн щIадзэж. Мызэ-мытIэу хагъэщIауэ зэрыщытам щхьэкIэ къамыгъанэу, тенджыз ФIыцIэм и Iуфэм Iус адыгэхэр къагъэIурыщIэу жыIэщIэ ящIыну яужь йохьэ. АдыгэщIым быдапIэхэр иращIыхь. Языныкъуэ адыгэпщхэр Кърымым и телъхьэ мэхъу, зэгурыIуэныгъэхэр иращIылIэ, нэхъ къелын яфIощIри. Кърым хъаным абыхэм мылъкушхуэ ятын хуейуэ къахуегъэув. XVI-нэ лIэщIыгъуэм и 30 гъэхэм кърымхэр, зэгурыIуэныгъэ зэращIылIа пэтми, адыгэхэм аргуэру къатоуэ, япэхэми хуэдэу, мылъкушхуэ ирашу, Iэщу яIэр ирахуу, цIыхухэр гъэр ящIурэ ящэу щIадзэж.

Кърымымрэ Урысеймрэ я зэхущытыкIэми зехъуэж. 1527 гъэм и мэкъуауэгъуэ-бадзэуэгъуэ мазэхэм кърымхэр урысхэм ятоуэ. 1480 гъэм Ахьмэд хъан щатеуам иужькIэ, кърымхэм апхуэдэу дзэшхуэ ирашэжатэкъым Урысейм. Мыр абыи ебэкIыжырт. Дзэр Урысейм и кум нэс кIуэцIрыкIащ. Къали, къуажи, члиси къамыгъанэу яхъунщIащ, зэтракъутащ, ягъэсащ. Ар зэманкIэ техуащ Къэзаным зэрыхьзэрий къыщыщыхъуа лъэхъэнэм. Мэзкуу и цIыху Щихъ-Алий Къасым трахури, кърым хъан Мухьэмэд-Джэрий и къуэш нэхъыщIэ Сэхьиб-Джэрий трагъэуващ.

1533 – 1536 гъэхэм уэсмэнхэр Персым теуащ. Сефевид къэралыгъуэр дзэшхуэм пэщIэтыфакъым. Абыхэм щIышхуэ яубыдащ. Сефевидхэр, зауэр зэпыууэ жьыIурыхьэгъуэ тIэкIу щагъуэтхэм деж, Кавказым къилъадэрт ар къазэуну. 1538 гъэм Щихъым и дзэм Ширван иубыдри Дербент пэгъунэгъу хъуащ. Кавказ Ищхъэрэм ухуэзышэ гъуэгур жыжьэжтэкъым. Абы утехьэмэ, адэкIэ тыншу тенджыз ФIыцIэм къыщыщIэдзауэ Каспие тенджызым нэс укIуэцIрыкIыфынут. А лъэхъэнэм кърымым и тепщэу уэсмэнхэм ягъэув Къэзан хъану щыта Сэхьиб-Джэрий. Тырку СулътIаныр абы хуабжьу къыдэIэпыкъуащ – зауэлI мин, топ, гынжьей фоч куэду къаритащ.

 

Поделиться:

Читать также: