Адыгэ уэрэдхэр зи дамэ Третьяк Татьянэ

ЦIыхур адрейхэм къыхэзыгъэщ хьэл-щэн е IуэхущIафэ екIу щыдэплъагъум и деж уогупсыс: «Ярэби, сыту пIэрэ абы и къежьапIэр?» жыпIэу. Апхуэдэ упщIэр уигу къимыгъэкIынкIэ Iэмал иIэкъым адыгэбзэ къабзэкIэ уэрэд жызыIэ урыс бзылъхугъэ цIыкIу Третьяк Татьянэ и утыку итыкIэр щыплъагъукIэ…

Татьянэ Налшык къыщалъхуащ. Къалэм дэт курыт еджапIэ №25-м щеджащ, педагогикэ колледжыр, КъБКъУ-м социальнэ лэжьыгъэмкIэ и факультетыр къиухащ. Москва щыпсэуащ, концертхэр къызэзыгъэпэщ IуэхущIапIэхэм ящыщ зым щылажьэу, абы къыдэкIуэуи еджэу. Третьяк абы къыщратыжащ зэуэ дипломитI: Телевиденэмрэ радиовещанэмкIэ Останкино институтымрэ Актёр Iэзагъэмрэ журналистикэмкIэ Спиркинэ Ольгэ и школымрэ яйхэр.
 И IэщIагъэкIэ а Iуэхум пэжыжьэми, ар къигъэгугъэрт жьакIуэу цIыхухэм я пащхьэ къыщыпсэлъэфыну. Арат Татьянэ КъБР-м ЩэнхабзэмкIэ и министерствэм дэлажьэу щIыхуежьар, пшыхьхэр, зэIущIэхэр иригъэкIуэкIын щIыщIидзар. ЗыIэпишам пцIы хэлътэкъым, ауэ пIалъэ-пIалъэкIэрэ и гум къридзэ, ауэ щхьэусыгъуэ зэхуэмыдэхэм къыхэкIыу зыхунэмыс Iуэхум, уэрэд жиIэну зэрыхуейм къиутIыпщыртэкъым. Макъ дахэ зэриIэм и щыхьэту къыхэбгъэщ хъунущ «9-нэ волна» телевизионнэ каналым абы и уэрэдхэр щIэх-щIэхыурэ къиту зэрыщытар, иджыри зэрыщызэхэпхыр. 
Пшыхьхэр Татьянэ иригъэкIуэкIыу зымылъэгъуа щыIэжкъым икIи дэтхэнэри щыхьэт техъуэфынущ ар фIы дыдэу къызэрехъулIэм. Гъэхуауэ, цIыху къэсыхукIэ я деж псалъэхэр IупщIу, зэхэщIыкIыгъуэу нэсу зэрыпсалъэм и мызакъуэу утемызашэу, щIэщыгъуэу апхуэдэщ. Творческэ лэжьакIуэхэм я нэIурыт хъуа хъыджэбзыр композитор ХьэIупэ Анзор ечэнджэщащ уэрэд жиIэну зэрыхуейм теухуауэ. ГъэщIэгъуэныр адыгэбзэ зымыщIэм ди лъэпкъым и уэрэд игъэзэщIэну зэримурадырт. «Сыт а жыпIэр?» - аращ Анзор къыжриIэфар. АрщхьэкIэ Третьяк къикIуэтын Iуэху зэрихуэртэкъым. Еплъахэщ, мыIейуэ, уеблэмэ адыгэ псэлъэкIэр къехъулIэу къыщIэкIащ. 
- Си псэм и гъунэгъущ сыкъызыхэхъукIа адыгэ лъэпкъыр, абы и щэнхабзэр, гъуазджэр сысейуэ фIэкIа къэслъытэркъым. ХьэIупэ Анзор иуса «Уэращ сызейр», «Розэ» адыгэ уэрэдитIыр, нэгъуэщIхэри жызоIэри, сыужэгъун дэнэ къэна, кIуэ пэтми нэхъ сфIэщIэщыгъуэ мэхъу. 
Татьянэ иджыри Москва щыIэу телефонкIэ сыщепсалъэм къызжиIауэ згъэщIэгъуар я щыхьэтщ абы и псалъэхэм.
- Егъэлеяуэ Къэбэрдей-Балъкъэрым, си Налшык сахуозэш. АдыгэбзэкIэ псалъэ сыщрихьэлIэкIэ си гур нэхъ псынщIэу къоуэ, апхуэдизкIэ ар си псэм хэлъщи. Абы и закъуэкъым. Ди щэнхабзэр (адыгэ лъэпкъым и закъуэ ейуэ схужыIэнукъым), Iуэху зехьэкIэр, еплъыкIэр, гъэсэныгъэр схузыщыгъэгъупщэнукъым, сIэщIэхунуи сыхуейкъым. Псалъэм папщIэ, илъэс лъандэрэ сызыIут IуэхущIапIэм къыщыздэлажьэхэм ягъэщIагъуэ нэхъыжь къыщыщIыхьэкIэ сыкъызэрытэджыр. Ар хабзэщ, пщIэщ щыжысIэкIэ, «Хэт зи хабзэр?» - упщIэр къыкIэлъокIуэ. «Дэращ, Къэбэрдей-Балъкъэрым щыпсэухэрщ зи хабзэр», - язот жэуап.
Гухэхъуэкъэ-тIэ нэгъуэщI лъэпкъым къыхэкIар апхуэдэу хуабагъэ щIэлъу, игъэлъапIэу ди хабзэхэм, цIыхухэм яхэлъ нэмысым, я бзэм я гугъу щищIкIэ?!
Абы щыгъуэт ищIэр къыдэзыIыгъхэм, и зэфIэкIыр зи фIэщ хъууэ къыкъуэувахэм фIыщIэ щахуищIар. «Нэхъыбэ дыдэу сызыщIэхъуэпсыр ди цIыхухэр мамыру, зэIузэпэщу псэунырщи, абыкIэ псоми сахуохъуахъуэ», - къызжиIат. Татьянэ и псалъэхэм зы пхухэдзынукъым, апхуэдизкIэ гум, псэм къыбгъэдэкIыу илъэс зыбжанэ ипэкIэ жиIауэ щытащи. ИкъукIэ си гуапэщ и нэ къызыхуикIа псори зэрызригъэхъулIэфар, къэкIуэжауэ Налшык зэрыщыпсэур, зэрыщылажьэр, унагъуэ дахэ зэрыщиухуар, уэрэдхэри дахащэу зэрыжиIэр, пшыхьхэр зэрыригъэкIуэкIыр. ЖыпIэнуракъэ, нобэрей гъащIэм хэзагъэ бзылъхугъэр нэIурытщ, зэчиифIэщ, псом нэхъыщхьэращи, цIыху фIыуэ елъагъу. Сыт и лъэныкъуэкIи хигъэхъуэну, насыпрэ гуфIэгъуэр щымыщIэну, езыр къызыхэкIам пимыдзых адыгэ лъэпкъым хужиIэ псалъэ дахэхэр ищхьэкIэ къыщхьэпэжыну ди гуапэщ. 

 

ИСТЭПАН Залинэ.
Поделиться: