ЦIыхубэмрэ унафэщIхэмрэ я лъэмыж

Шурдым Мадинэ Бахъсэн районым хыхьэ Жэнхъуэтекъуэ къуажэм къыщалъхуащ. Курыт школыр къиуха нэужь, КъБКъУ-м ФилологиемкIэ и институтым урысыбзэмрэ урыс литературэмкIэ и къудамэм щеджащ. Абы щIэсу Мадинэ усэ тхыным дихьэхащ. Усэ гъэхуауэ къеджэнымкIэ зэпеуэхэм ар щIэх-щIэхыурэ хыхьэрт, литературэ журналхэм и тхыгъэхэр къытригъадзэрт, ауэ и IэдакъэщIэкI усэхэр газетхэм иритыну тегушхуэртэкъым. Абыхэм къадэкIуэу, Шурдымыр рекламэм епха агентствэм менеджеру лэжьэн щыщIидзащ.

2015 гъэм бакалавриатыр къиуха нэужьи, Мадинэ и щIэныгъэм пищэну мурад ищIащ, икIи КъБКъУ-м ХъыбарегъащIэ IэнатIэхэм ядэлэжьэнымкIэ и къудамэм и магистратурэр 2017 гъэм къиухыжащ. Магистратурэм щIэсу, ар политикэ Iуэхухэм дихьэхащ, апхуэдэу «ЦIыхубэ жэрдэмхэмкIэ институт» Къэбэрдей-Балъкъэр щIыналъэ зэгухьэныгъэмрэ Къалэн куэд щагъэзащIэ щIалэгъуалэ центрымрэ зэгъусэу къызэрагъэпэщ Политик ныбжьыщIэхэм я школыр къиухащ. Мы зэманым «ЦIыхубэ жэрдэмхэмкIэ институт» IуэхущIапIэм щэнхабзэмрэ творчествэмкIэ и унэтIыныгъэм ар и унафэщIщ, щIалэгъуалэм я зэфIэкIыр, Iуэху еплъыкIэхэр къэгъэнэIуэным, щэнхабзэ хъугъуэфIыгъуэхэм ахэр дегъэхьэхыным йолэжь.

- Жылагъуэ Iуэхур сыт щыгъуи сфIэгъэщIэгъуэну щытащ. Уи къэухьым хэбгъэхъуэныр, зыбужьыныр, цIыхущIэхэр къэпцIыхуныр - апхуэдэ Iэмалхэр къует абы, - жеIэ Шурдымым. - А псом сыщыдихьэхым, нэхъ жыджэру проект зэмылIэужьыгъуэхэм сыхыхьэн щIэздзащ. 2017 гъэм Ставрополь къалэм щекIуэкIа «Зимний доброград» волонтёр зэхыхьэм сыхэтащ, къыкIэлъыкIуэ илъэсми Архъыз (Къэрэшей-Шэрджэсым) щызэхэта апхуэдэ еджэныгъэм сыпхыкIащ икIи сертификат къызатыжащ.

2019 гъэм Мадинэ иIа ехъулIэныгъэхэри мащIэкъым. Гъатхэпэм ар хагъэхьащ КъБР-м и Парламентым и ЩIалэгъуалэ палатэм, «Зыужьыныгъэ» псапащIэ фондым къыбгъэдэкIыу Дагъыстэным щекIуэкIа «Кавказым я зэныбжьэгъугъэ» зэхыхьэм хэтащ.

- СфIэфIщ цIыхубэм сахэту Iуэху гуэрхэр зэфIэзгъэкIыну, абыхэмрэ унафэщIхэмрэ зэпызыщIэ «лъэмыжу» сыщытыну. Иужьрейуэ сызыхэта «Кавказым я зэныбжьэгъугъэ» зэхыхьэм нэгъуэщI лъэныкъуэкIэ зыкъызыкъузигъэхащ, сэ езым сыпэмыплъауэ, - жеIэ Мадинэ. - Уэрэд жысIэну сфIэфIти, абы япэу утыку сыкъыщихьащ. Пэжыр жыпIэмэ, апхуэдэу гуапэу къысIущIэну си гугъакъым. Абы нэхъ сытригъэгушхуэри, уэрэд жыIэным щыхуагъасэ дерсхэми сыкIуащ, иужькIэ пшыхь мыинхэм сыхэтыну, Iуэхугъуэ гуэрхэр езгъэкIуэкIыну срагъэблагъэ хъуащ. Абы срогушхуэ.

Шурдым Мадинэ сабий гъэсапIэми щолажьэ, цIыкIухэм я зыужьыныгъэм и гуащIэ хелъхьэ. «Зэман зыбжанэ хъуауэ усэ стхыжтэкъыми, иджыпсту ари къэсщтэжащ. Уеблэмэ сытегушхуащ газетым естыну. Осетие Ищхъэрэм и щIалэгъуалэ журналхэм я зым напэкIуэцI щхьэхуэ схухихри, си уситху абы къытрадзащ. АдэкIи сытхэну си мурадщ. Тхылъ седжэну сфIэфIщ, псом хуэмыдэу хамэ къэрал литературэр зыхэслъхьэ щыIэкъым. Уеблэмэ роман стхыну къезгъэжьащ, ауэ нэстхысыфакъым, зэгуэр къызэхъулIэну сыщогугъ. Сыт хуэдэ Iуэху къезмыгъажьэми, ар къыздаIыгъыу сытезыгъэгушхуэ си адэ-анэм фIыщIэ яхузощI», - къыддогуашэ хъыджэбзыр.

Мадинэ къэкIуэнум ехьэлIауэ мурад куэд иIэщ. Абыхэм ящыщщ Парламентым и депутат хъуныр, и Хэкум, абы щыпсэухэм сэбэп яхуэхъуныр.

БАГЪЭТЫР Луизэ.
Поделиться: