Лъэпкъым хуиIэ лъагъуныгъэр и гъуэгуанэм къытощ

Адыгэхэм лIэщIыгъуэ бжыгъэ хъуауэ къадэгъуэгурыкIуэ лъэпкъ фащэр, Iэпкълъэпкъыр зыгъэдахэ фэилъхьэгъуэ къудейкъым, ар ди лъэпкъым илъэс мин бжыгъэкIэ къизэуа и намысым, щIыхьым щыщ Iыхьэ гуэрщ. Ар зекIуэми, зауэми, гуфIэгъуэми, гузэвэгъуэми йокIу, и къалэн нэхъыщхьэр а зи гугъу тщIа Iуэхухэр  зыщыгъым дигъэпсынщIэнырщ.

Гу лъумытэнкIэ Iэмал  иIэкъым иужьрей  зэманым ди лъэпкъ фащэр куэдым къызэращтэжам, абы унагъуэхэм хуэфащэ пщIэ зэрыщигъуэтыжам. Адыгэ фащэр, лъэпкъ хабзэр зи псэм хэлъ, лъэпкъ Iуэхум хуэжыджэрхэм ящыщщ Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ Ислъэмей къуажэм къыщалъхуа Шопар Алан. Алан  и цIэр нэхъапэкIэ мызэ – мытIэу зэхэфхауэ къыщIэкIынщ, илъэс зыбжанэ ипэ абы зэхуихьэса адыгэ пшынэжьхэм я гъэлъэгъуэныгъэ гъэщIэгъуэн Сэралъп Мадинэ и Арт-центрым щригъэкIуэкIауэ щытати.  Езым дызэрыщигъэгъуэзамкIэ, абы и пшынэхэм иджыри къахегъахъуэ,  къищынэмыщIауэ, лъэпкъым и Iэужь зытелъ нэгъуэщI хьэпшыпхэри зэхуехьэс.

Шопарыр яхэтщ лъэпкъ махуэшхуэхэми махуэ къызэрыгуэкIхэми лъэпкъ фащэ ящыгъыу зэхыхьэхэм екIуалIэхэм, зэ IуплъэгъуэкIи нэрылъагъущ ар фащэм зэрыригушхуэр.  

- Япэ дыдэу фащэ щыщыстIэгъам илъэсищ сыхъуу арат, - жеIэ Алан. Курыт еджапIэм сыщыщIэтIысхьам къэфакIуэ гупым сыхагъыхьэри, абыи адыгэ фащэр щысщыгъащ.  Хуабжьу сригушхуэу МГУ-м я этнографие музейм фащэ сщыгъыу сыкъыщыпсэлъауэ щытащ. Къыхэзгъэщыну сыхуейт  си гупсысэр тэмэму зэрызэтеувамкIи адыгэ Iуэхум сызэрыдихьэхами КъардэнгъущI Зырамыку и фIыщIэшхуэ зэрыхэлъыр. Ар зэрысцIыхуа зэман кIэщIым, куэд, куэд  къызбгъэдилъхьэн хузэфIэкIат, сэри  си адэшхуэм хуэдэу фIыуэ слъэгъуат а цIыху угъурлыр.

СызэреплъымкIэ, уадыгэн щхьэкIэ фащэ пщыгъын хуейкъым, ауэ уадыгэу фащэ пщыгъыныр, фIыгъуэмылъытэщ. Ауэ щыхъукIи, фащэ пщыгърэ бзэр умыщIэмэ, мыхьэнэ лъэпкъ иIэкъым.  Фащэ зэрыщатIагъэ къудейм щхьэкIэ адыгэ хъууэ къызыщыхъу щыIэми, къопцIэ. Сэ къызэрыслъытэмкIэ, иужьрей зэманым лъэпкъ фащэр нэхъыбэм къызэращтэжар лъым хэт лъэпкъ лъагъуныгъэм и фIыгъэщ. А лъэпкъ лъагъуныгъэр нэхъ тыншу къызэрагъэлъэгъуэфыр фащэщи, аращ ар куэдым къыщIащтэжыр.   Си дежкIэ лъэпкъ фащэр лъапIэныгъэшхуэщ,  фащэр зэрыщыту щызмытIагъэми, абы и пкъыгъуэхэм ящыщ махуэ къэс зыкIэрыслъхьэну сфIэфI дыдэщ. Псалъэм папщIэ, адыгэ джанэ сщыгъыу лэжьапIэм сокIуэ, хьэгъуэлIыгъуэхэм сыхэтщ. Ауэ Iэмал сиIэху фащэр щыстIэгъэнущ. Ар щыщыттIэгъэну махуэшхуэхэр нэхъыбэу Тхьэм къыдит. Си щхьэкIэ,  адыгэ фащэм къызит гупсэхугъуэмрэ гушхуэныгъэмрэ хуэдэ къызэзыт нэгъуэщI зыри щыIэкъым.  

Куэдым яфIэгъэщIэгъуэну кIэлъоплъ Адыгэхэм я махуэр, Адыгэ фащэм и махуэр  Бахъсэн щIыналъэм Iэтауэ зэрыщагъэлъапIэм. Бахъсэн къалэ администрацэм  и тхьэмадэ Мамхэгъ Хьэчим хуабжьу Iуэху дахэ, лъэпкъым щхьэпэн Iуэху зэфIигъэкIыу къызолъытэ. Абы къыхишэ ныбжьыщIэхэм я гущIэм а махуэм лъэпкъ лъагъуныгъэм и  жылэ щыхесэ. А Iуэхум и джэрпэджэжыр къыщыIунур нобэкъым -  пщэдейщ. Псалъэм ипэ Iуэхур изыгъэщ апхуэдэ адыгэлIхэмкIэ ди лъэпкъыр бей хъуну Тхьэм жиIэ! Нобэ хуэдэу адыгэм и щхьэ Iуэху щыдигъэкIыф зэман къэхъуакъым, лъэпкъ Iуэхур ипэкIэ кIуэтэн папщIэ щIэн хуейхэм дэтхэнэри щыгъуазэщ, абы емызэшыжу тепсэлъыхьхэри диIэщ, Iуэхум тегушхуэр, абы зи зэман, къару тезыгъэкIуэдэну щымысхьыр, зэрынэрылъагъущи, зырызщ. Ауэ хьэкъыр зыщ: дэтхэнэми ди лъэпкъыр фIыуэ зэрытлъэгъуар  ди гъащIэм иIуэтэжынущ.

ЩОМАХУЭ Залинэ.
Поделиться: