Адыгэ жылэжьхэм дэлъа хабзэхэр

         Псом япэрауэ,  жыIапхъэщ  адыгэ къуажэхэр  псыежэххэм е псынэхэм  етIысылIэу зэрыщытар. Абы и лъэныкъуэкIэ  адыгэ къуажэ тIысыкIэр  адрей  лъэпкъхэм къащхьэщыкIыркъым. Псыр здэжэмкIэ  уи  гупэр гъэзауэ уувмэ, Iэмал абы  иIэу щытмэ,  и ижьырабгъу  лъэныкъуэр къыхахырт, ар губгъуэрыс жылэу щытмэ.  ЖьэгъущIэсхэм  е къуршым исхэм   а  хабзэр апхуэдизу ягъэзащIэртэкъым, сыту жыпIэмэ,  псым и сэмэгурабгъу лъэныкъуэр нэхъ гуилъэсыкIыу, ижьырабгъу лъэныкъуэр нэхъ ныджэу къанэу  здэщытыр тафэр арат,  къуршыпсыр  къиукIэ  зы Iуфэр нэхъ    щIилъэсыкIыу  хугуэгъэуртэкъым.  ИтIанэми,  губгъуэрысти, жьэгъущIэсти, хьэмэрэ    къуршым исти жамыIэу, адыгэхэм  нэхъ къащтэу щытащ  псым и ижьырабгъу  лъэныкъуэр, Iэ ижькIэ, Iэ гупэкIэ пэгуныр  къибгъахъуэ хъууэ, жаIэурэ.

         Къуажэхэр интэкъым. Абы  языныкъуэхэр хьэблэ-хьэблэу гуэшат, адрейхэр зы хьэблэ цIыкIу  хъууэ арат.  Къуажэ ягъэтIысырт  пщыхэм, лIакъуэлIэшхэм,  дыжьыныгъуэхэм, беслъэн уэркъхэм, уэркъ щауэ лIыгъусэхэм,  пщыкIэуххэм, нэгъуэщIхэми.  Щхьэж зэрыхузэфIэкIт.  ПщылIхэм  Iэщ, мылъку яритыфыну,  е гъэр  къищэхуфу, е кIэс къихьыфу щытмэ,  апхуэдэхэм етIысэкI жылэхэм  нэхъ заузэщIырт, нэхъ заубгъурт, къуажэ унэ  из е изитI, жыхуаIэм хуэдэ хъууэ. Унэ изкIэ  зэджэу   щытари унагъуипщIым  ищхьэкIэ  кIуэуэ  зэхэтIысхьэрт, ауэ тIощIым нэмысу. ТIощIыр  унагъуэ изитIу  ябжырт.

         Жылэр зэтIысэкIар хэту щытми, абы и нэхъыбапIэм къуажэпщкIэ еджэрт, икIи а къуажэм  а лIым и цIэр е и  унагъуэцIэр зэрихьэрт. Ауэ, зэрыгурыIуэгъуэщи,  адыгэпщ зыдэс къуажэмрэ  беслъэн уэркъым е пщыкIэум и къуажэмрэ  зэи зэщхь хъуртэкъым.  Зэрыхабзэти, ахэр я цIыхур  ягъусэу пщым е лIакъуэлIэш гуэрым и унафэ щIэтт,  уэркътын жыхуаIэу щытамкIэ зэпыщIауэ, икIи  абы я Iизыншэу  Iуэхушхуэ  гуэр и унафэ я къуажэ щащIэну  хуиттэкъым. Къуажэм хыхьэ хьэблэхэр зэрылъху-зэрыпIу, зэIыхьлыуэ, зэунэкъуэщу зэбгъэдэст, зы унагъуэцIэ зэрахьэу,  лъэпкъым я нэхъыжь яIэу.

         Къуажэ гъащIэм  залымыгъэ хэзагъэртэкъым. Ар екIуэкIырт пщэдджыжьым дыгъэр  къызэрыкъуэкIым,  пщыхьэщхьэм зэрыкъухьэжым ещхьу, къуалэбзухэр нэхущым дэушэу, пшэр зэхэуа иужькIэ  дэсабырыжу зэрыщытым хуэдэу, лэжьыгъэмрэ  псэуныгъэмрэ я гъащIэр теухуауэ, я Iуэхур абы  тету.  Псым хэлъ мывитI пэтрэ  зонтIэIу, жаIэ. Шэч хэмылъу, къуажэхэми  хьэблэхэми къыдэхъуэу  щытагъэнщ зыгуэр  зэфIэнэу, зэзауэу яукI къыщыхэхуэхэри щыIэу. Апхуэдэм   деж Iуэхур зэхагъэкIыну лIыжь губзыгъэхэр хыхьэрт.

         ЩIэпхъаджэр апхуэдизу ущIэгузэвэн хуэдэу щымытмэ,  нэхъыжьхэм къуаншагъэ зыщIам  и лъэпкъым я  нэхъыжьхэм хьэкъ щащIырт дяпэкIэ зыгуэру зыкъыщIагъахуэмэ, щысхь щымыIэну. Хьэлэбэлыкъым зыгуэр хэкIуэдамэ, уIэгъэ щыхъуамэ,   къуаншэм лъыуасэ ирагъэтырт, яукIам  балигъ  мыхъуа  сабий иIэмэ, ахэр къызэфIэувэхукIэ защIигъэкъуэну, зыхуей щимыгъэщIэну къалэну  хуагъэувырт.  Зыгуэрым и  зэранкIэ зым и къупщхьэ къутамэ,  ар  зи зэраным и пщэ дэхуэрт щIопщакIуэ  къызэригъэпэщыну, сымаджэр  хъужыхукIэ,  пхъэкIи псыкIи  зэрыжаIэу абы и унагъуэр  къызэригъэпэщыну.

         А псори зэхэзыгъэкIыр а Iуэхум  щхьэкIэ хаха нэхъыжьхэрт.  Абыхэм хеймрэ  мысэмрэ зэхагъэкIыу я унафэр  зэгурыIуэу ящIыхункIэ, лъэпкъитIым ящыщхэр зэхуэзэмэ, зым  адрейм къыпикIухьын, худичыхын хуейт, гъуэгум   тIури  текIыурэ е лъэныкъуэ зрагъэзурэ. Абы щыгъуэми, ар  дауэрэ къемызэгъыу къытщыхъуми,  нэхъ тэмакъкIыхьу, нэхъ сакъыу щытыр лей къызылъыса лъэныкъуэрт.  Абы теухуауэ псалъэ пэж жиIауэ  къэплъытэ хъунущ  нэхъыжьыфI Темыр Къасбот.  Мыпхуэдэущ ар Iуэхум зэреплъыр: «ЛъэпкъитI я зэхуаку лъы къыдэхъуащ иджы. Ауэ ар нэхъыжьхэм я деж нэсакъым, абы   унафэ тращIыхьакъым. Абы щыгъуэ къуаншагъэ зыщIам я нэхъыжьым сытри къригъэкIуэкI хъунут: алэмти  астэмти жиIэу. Ауэ  лей къызытехьам я тхьэмадэм  лъэпкъым цIыхухъу, Iуэхум хыхьэнкIэ хъуну,  балигъыу исыр зэхуишэсырти, яжриIэрт: мыр къыдэзыщIам хабзэ ябгъэдэлъатэмэ, хъун хуэдэ нэхъыжь яIатэмэ,  мыпхуэдэу хъуну къыщIэкIынтэкъым. АтIэ, иджы хабзэ щыIэщ, жылэм нэхъыжь дэсхэщ, унафэ дэлъщи, абы жаIэнум дыпэплъэнщ.  Ар IупщI  мыхъуауэ, фэ фщыщу  зы цIыху а ижэгъу тхуэхъуахэм  фаIумыщIэ икIи фабгъэдэмыхьэ, флъагъумэ, къапэфкIухь, Iуэхур хабзэкIэ зэхагъэкIынщ,  дыхейуэ-мысэу  дыкъыщIэкIыж нэхърэ ар нэхъыфIщ.

         Къуажэм дэлъа хабзэхэм ящыщщ мыри. ЛIыукIым и лъэпкъыр   лъыуасэкIэ ягъэпшына иужькIэ, абы аргуэру  апхуэдэ зыгуэр IэщIэщIамэ, къуажэм дэс  нэхъыжьхэм а лъэпкъым паубыдырт: «Фи бзаджэр фи гуэн лъапIэ щыщIэфтIэж», - жаIэрти. Абы къикIырт я бзаджащIэм и унафэр  езы лъэпкъым  ящIыжын хуейуэ. Арыншамэ,  ахэр зэрылъэпкъыу зэхахунущ  е ахэр унэ имыхьэ, хьэдэ имых ящIынут.

         Къуажэм дэсхэр, гузэвэгъуэ къалъэIэсамэ, зылI и  быну зэкъуэувэрт, ауэ къызэрыгуэкI гъащIэм  щыгъуэ хьэблэр  хьэблэм пэуву, щIалэгъуалэр зэхыхьэрэ ипщэхэр ищхъэрэм, гупэхэр щIыбагъхэм ебэну, IэштIым гъущэкIэ  езауэу  щытами.

         Къуажэдэсхэм, зэгъунэгъухэм я сэбэп хэлъу плъытэ хъунущ абы я зэхуакум  бжыхь кууитI  зэрыдамыгъэувэу е дагъэувэми, щхьэдэхыпIэ  зэращIу щытари.  ЦIыхухэр нэхъ тыншу зэкIэлъыкIуэрт, къинэмыщIауэ, шынагъуэ къэхъуамэ, ахэр зыр адрейм тыншу  лъыгъуазэрт. Дауи, зэгъунэгъухэр зэхуэтэмакъкIэщIмэ,  сытми   псалъэмакъ кърагъэкIыфыну  къыщIэкIынт:  фи джэдыр ди дежкIэ къекIуэкIати, фи Iэщыр ди пщIантIэ  къыдыхьати, жаIэу. Ауэ ар адыгагъэкъым, бжыхь лъагэкIэ уи гъунэгъум зыщыпхъумэну,  уэрам  гъуэгукIэ  абы  укIэлъыкIуэ, къыпкIэлъыкIуэу упсэуну.

МафIэдз Сэрэбий. «Адыгэ хабзэ» тхылъым къитхыжащ.
Поделиться: