Щолэхъу Къэрэщей (1615 – 1641)

1616 гъэм шыщхьэуIум и 6-м тэрч дзэпщ П. Ф. Приклонскэм Посольскэ приказым итхащ кърым хъаныр Кавказ ИщхъэрэмкIэ кIуэцIрыкIыу Закавказьем поход кIуэнкIэ хъуну зызэригъэхьэзырымрэ Тэрч гарнизоныр хъаным пэувын папщIэ, хуэмыщIауэ зэрыщытымрэ. А тхыгъэм Приклонскэм щегъэлъагъуэ Къэбэрдеишхуэм тIасхъэщIэх игъэкIуа Афанасьев Андрей (чыристан диныр къэзыщта къэбэрдей адыгэщ) къихьа хъыбарымкIэ, Къазий и Къэбэрдейми (Алыджыкъуэ), Нэгъуей ЦIыкIуми (Уракъ Беймырзэ), къумыкъу СулътIан-Мыхьмуди, шаукал Нуцал-мырзи кърым хъаным и походым хэтыну къыхураджэу лIыкIуэ къыхуагъэкIуащ, хъаным и цIэкIэ тыгъэхэмрэ улахуэхэмрэ къыхуашэри.

Кърым хъаным IущIэну Къэбэрдеишхуэм икIри кIуахэщ: СулътIан-Мыхьмуд и лIыкIуэ Албэч Къазий, Щоджэныкъуэ Алыджыкъуэ (пщы уэлийр), Щолэхъу Къэрэщей, Анзор Хьэмырзэ (Кро, т. I, с. 93).

Документхэр зэрымащIэм къыхэкIкIэ Къэрэщей и пщыгъуэм теухуауэ тщIэри къыжытIэфынури куэд хъуркъым.

1615 гъэм щэкIуэгъуэм и 11-м Нэгъуеишхуэмрэ пщы Щолэхъу Къэрэщейрэ къызэрагъэпэщри, ПщыIэпщокъуэ Къазий яукIащ (Кро, т. I, с. 97, примеч. 208). Нэгъуеишхуэр абы и ужькIэ Сэтей йокIыжри Индыл и сэмэгурабгъумкIэ мэIэпхъуэ.

1641 гъэм накъыгъэм и 29-м Алыджыкъуэрэ ХьэтIохъущыкъуэрэ, нэгъуэщI пщы-уэркъхэри, Нэгъуей ЦIыкIури ящIыгъуу, Талъостэнейм теуэри зэхакъутащ, цIыху куэди яукIащ, гъэр куэди яубыдащ, Щолэхъу Къэрэщей и уэркъ 30 яукIащ, мэкъумэшыщIэ щитIи къаубыдащ, шыуэ 300, былымрэ мэлу 2000 яхуащ (Кро, т. I, с. 197 – 198).

1641 гъэм фокIадэм и 12-м тэрч дзэзешэ С. И. Шаховскэм Посольскэ приказым зэритхамкIэ, Елбэздыкъуэ Нартшу, Ибакъ Елдар, Къундет Чэлимэт сымэ пащтыхь Михаил Федоровичым тхылъ хуатхащ Щолэхъу Къэрэщей 1641 гъэм накъыгъэм и 31-м Алыджыкъуэ, ХьэтIохъущыкъуэ, Нэгъуей ЦIыкIум зэраукIам теухуауэ (Кро, т. I, с. 203, 204).

А. И. Лобанов-Ростовскэм 1642 гъэм зэритхамкIэ, «Щолэхъу Къэрэщей пщы пIащэшхуэт, плIабгъуэт, къаруушхуэ зыхэлът, цIыхуфIт, зэтест, щIыхьышхуэ зыхуащIт, ар иукIащ Алъхъэс Мудар» (Кро, т. I, с. 386).

Къэрэщей и укIыкIам и хъыбарыр тхыгъэхэм щызэтехуэркъым. Ар яукIар пэжщ. Ауэ зыукIар Алыджыкъуэ и гупыра хьэмэрэ Алъхъэс Мудар? Ар фIыуэ тхузэхэгъэкIакъым.

Сэ къызэрыслъытамкIэ, пэжыр 1641 гъэм и майм и 31-м зэраукIарщ.

С. И. Шаховскэм Алыджыкъуэ пщы уэлийм зэрыхуитхымкIэ, пащтыхьым и унафэкIэ Щолэхъу и Къэбэрдеймрэ Къундет Чэлимэтрэ я хэкур яхъумэн папщIэ, Шишмарев Артем дзэ и гъусэу игъэкIуащ. А зэманым Щолэхъу и Къэбэрдейм щызэIущIащ къумыкъу Адемир-шаукал, Нэгъуеишхуэм я СулътIанащ, Къэрэщей сымэ, нэгъуэщIхэри, Мудар ягъеящ, Мудар илъ ящIэжыну, Нэгъуей ЦIыкIур зэхакъутэну ежьащ, пащтыхьым игъэкIуа Шишмарев и гупри зыщIагъури. (Кро, т. I, с. 199).

1641 гъэм бадзэуэгъуэм и 25-м Балъкъ псыщхьэм щекIуэкIа зауэшхуэм хэкIуэдащ Къундет Чэлимэт, Ибакъ Елдар, Шишмарев Артем, нэгъуэщI куэди.

Нэгумэ Шорэ Нэгъуеишхуэр Сэтей зэрырахуар хъыбархэмкIэ итхыжащ. ДокументхэмкIэ, а нэгъуейхэр Сэтей щикIыжар 1615 гъэм Къазий щаукIам къыщежьауэ лъытапхъэщ. Хъыбарым пэжу къыжеIэ: «Апхуэдэу тэтэр орда инхэр кIуэда хъуащ». А хъыбарым мы уэрэдыр щыхьэт тохъуэ:

Тэтэртуп зауэ

Чынтыдзэр Талъостэнейм кIэлъашэщ,

Зэуэгъуэмэ ди Тэтэртуп ижьырабгъущ,

А махуэм Аущыджэрджэр ди гъусэщ.

МыдэкIэ ди уардэ Iэщхьэхъухэр зэдэгуэщIхэу

зырасэхэм зырасщ,

А махуэм ди фочауэ лъэсхэр дзэшхуэм

къытфIаувыхьыр.

Хахуэуэ фочауэ лъэщ!

Талъостэн и къуэкIэ Къэрэщеипщым и пщыгъуэт,

И жылэхэр губгъуэ унапIэм щиIыгът,

Я мэлхэм Сэтеищхьэ пцIанэр я хъупIэт,

ДиIэжкъыми, Жьэпкъ и унапкъэм фекIуэж.

Шым къэшэсым, мэятэ, дзэшхуэр зэрешэри чынтыпщ.

НэгъуеикIэри Чэлимэтыпщым емыпцI.

Фейцей зыкъищIурэ къозауэр.

Зэуэгъуэм куэкушаул дахэр зыгъэувыIэр пщы щауэ

хахуэуэ Къэрэщеипщырт...

КЪАРДЭН Чэлимэт, тхыдэтх.
Поделиться: