ЩIалэ IэпщIэлъапщIэ

Нобэ ди псэлъэгъу Шорэ Мухьэдин IэщIагъэ зызрипщытар тыншхэм ящыщкъым. Иджырей щIалэгъуалэм IэпэIэсэ куэд яхэтми, Мухьэдин хуэдэр зырызщ. Абы адыгэ пшынэ ещI, треухуэ, пасэрей пшынэжьхэр Iэзэу зэрегъэпэщыж.
Шорэр лъэпкъкIэ Урыху щыщщ, ауэ къиухар Налшык дэт ещанэ курыт еджапIэрщ. Езым зэрыжиIэмкIэ IэпщIэлъапщIагъэм щыхуагъасэ дерсхэмкIэ школым щезыгъаджэу щыта Къубатий Владимир, езыр зэрыIэпщIэлъапщIэм и мызакъуэу, ныбжьыщIэхэри а Iуэхум зэрыдригъэхьэхыным яужь ит зэпытт.
 ПхъащIэ IэщIагъэр псынщIэу къэзыгъэIурыщIа Мухьэдин и адэ шыпхъум деж щыIэу япэу пшынэр къищтэри, хуэгъэтIылъыжакъым. Абы зэрыжиIэмкIэ, пшынэм хуищIа фIылъагъуныгъэр къыхэкIащ Къуэдз Iэбубэчыр пшынэ еуэным хуигъасэ гупым зэрахэтам. А пшынауэ Iэзэм и IэщIагъэм хуиIэ бгъэдыхьэкIэм щIалэщIэм гу лъимытэу къэнакъым. Шорэр пхъэм хуэIэкIуэлъакIуэу, пшынэр фIыуэ илъагъуу курыт еджапIэр къиухати, куэдрэ мыгупсысэу, пшынэ ищIу зригъэсэну мурад ещI, ауэ ди республикэм ущезыгъэсэн зэрыщымыIэр къыщищIэм, Осетие Ищхъэрэ – Аланием щыщхэм ядэлэжьэн щIидзащ. Иджыпсту абы пшынэм къищынэмыщIауэ, пхъэцIыч, пхъэтIаркъэ, хьэтиякIуэ башхэри Iэзэу ещI.
«Къэбэрдей-Балъкъэрым пшынэ зыщIыж зэримысыр къыщысщIэм, а Iуэхум нэхъри сытегушхуащ. Унагъуэ куэдым пасэрей пшынэжьхэр щахъумэ. Абыхэм гъащIэщIэ ептыжыныр, зэрыжаIэщи, я бзэ къибгъэкIэжыныр, си дежкIэ куэд и уасэщ. ИтIанэ, сытым хуэдэу гухэхъуэ пшынэщIэ пщIыныр…», - жеIэ щIалэщIэм.
Мухьэдин къалэм къызэрыщыхъуам емылъытауэ, гур хигъахъуэу адыгэбзэ къабзэ Iурылъщ, адыгэ хабзэр иIыгъщ. Езым зэрыжиIэмкIэ, къызыхэкIа лъэпкъыр фIыуэ зэрилъагъур я фIыщIэщ ар къыщыхъуа унагъуэм, итIанэ и егъэджакIуэхэм.
«Си дежкIэ уадыгэным нэхъ насып щыIэкъым. Псом хуэмыдэу сыщогуфIыкI лъэпкъым ди щхьэр лъагэу щIэтIэтын махуэ лъапIэхэм, щхьэусыгъуэхэм къазэрыхэхъуэм, апхуэдэ Iуэхухэм узэкъуагъэувэ. Уи лъэпкъ Iуэху хуумыщIэм, къару къыздрихынур дэнэ, зыгъэпсэунури сыт?»
Мухьэдин щылажьэ «Фандыр» IуэхущIапIэм пшынэ ящIу цIыху I5 щыIэщи, езым нэхъыщIэ яхэткъым, адрейхэр ныбжь зиIэ защIэщ. Адыгэу гупым яхэтыр Мухьэдин и закъуэми, хуабжьу фIыуэ къалъагъу, хэт чэнджэщкIэ, хэти IуэхукIэ къыдоIэпыкъу.
ЩIалэщIэр мурадыбэщ, абы и хъуэпсапIэхэм ящыщщ Къэбэрдей-Балъкъэрым щылажьэу зэтриублэну.
 «Пшынэ еуэнми, пшынэ щIынми, абы хуеджэнми гугъуехь ин пылъщ. Куэдым къащохъу пшынэр къызэращтэу ягъэбзэрэбзэну. Ар пцIыщ. Абы уи гуащIэу епхьэлIэм хуэдиз Iэзагъщ зэбгъэпэщыфынури. ИтIанэ, а макъамэ Iэмэпсымэр гурэ псэкIэ фIыуэ умылъагъумэ, къохъулIэнукъым. Сэ пшынэр хэмыту си гъащIэр си нэгу къысхущIэгъэхьэркъым. Арауэ къыщIэкIынщ адыгэ пшыналъэхэр зэхуэдэу фIыуэ щIэслъагъур. Пшынэр щыпсалъэм лъэр щыжыIэщIэщ. Сэхъу Хьэсэн, Къуэдз Iэбубэчыр, ХьэпащIэ Заудин, Дудар Аслъэн, Лыджыдэ Алий, Шэрыб Валерэ, Кхъуэжь Мадинэ сымэ я пшыналъэм уедэIуэныр сыт и уасэ?!».
Лъэпкъым и макъамэ Iэмэпсымэр абы хуихъумэну, а IэщIагъэм езыр къыщалъхуа щIыпIэм щригъэфIэкIуэну зи хъуэпсапIэ щIалэр лъэпкъ Iуэхуми гууз-лыуз хузиIэ зырызхэм ящыщщ.
«Псом япэр ди бзэм гулъытэ хуэтщIын зэрыхуейрщ. Ар тIэщIэкIмэ, дызэрыкIуэдыжынур куэдым къагуроIуэ, ауэ нэхъыбэм лъэпкъ Iуэху ящIэну я щхьэ тралъхьэркъым. ХамэIэкIэ шыпсыранэ зыпщIэну хуейхэр сыт зэмани щыIащ икIи щыIэнущ, ауэ, а псом емылъытауэ, къызыхэкIам гууз-лыуз гуэр хузиIэ дэтхэнэми лъэпкъ Iуэхур ипэкIэ зэригъэкIуэтэным хущIэкъупхъэщ».
А псалъэхэр къыджезыIэ щIалэр зыхущIэкъур куэдщ, къехъулIэри нэхъыбэжщ. Дыщызэпсалъэм къыхигъэщащ нэгъуэщI макъамэ Iэмэпсымэхэри ищIу зригъэсэну зэримурадыр. Ар къызэрехъулIэнум шэч къытетхьэркъым. Шорэ Мухьэдин, иджыри щIалэми, куэдым щапхъэ зытрах хъун дуней тетыкIэ, гупсысэкIэ дахэ зиIэщ. Абы къыхиха гъуэгуанэм дахэу ирикIуэну, ехъулIэныгъэр и бэу псэуну ди гуапэщ.

Щомахуэ Залинэ.
Поделиться: