Лъэпкъ Iей щыIэкъым

Совет Союзыр зэрыкъутэжрэ илъэсым щынэблэгъа 1992 гъэм, бжьыхьэм, IуэхукIэ сэ ­сы­кIуэн хуей хъуат Украинэм, нобэ ди нэгу щIэкI гузэвэ­гъуэхэр щынэхъ куу щIыналъэм. Ар мы къэралыгъуэщIэм и къухьэпIэ лъэныкъуэм хиубыдэ Ровно къалэрт. Абы дынэсын ипэ къихуэу дэ зы­щы­тIэжьэн хуей хъуащ гъу­нэгъу Беларусым, Столин жыла­гъуэм. Къэралыгъуэшхуэм хэ­тауэ щхьэхуэ зызыщIахэм я цIыхум ядэслъэгъуахэмкIэ сы­хуейт «Адыгэ псалъэ» газетым и щIэджыкIакIуэхэм сывдэгуэ­шэну. Си гугъэщ ар гъэщIэ­гъуэн фщыхъуну.

Дызэрыщыгъуазэщи, цIыху Iей щыIэкъым, щыIэр дунейм къытехьа сабийм гъэсэ­ныгъэ мыхъумыщIэ бгъэдэ­зылъ­хьэхэмрэ абы къыхэкIыуи гъуэгу пхэнж тезыгъэувэхэмрэщ. Хэт игугъэнт, Хэку зауэшхуэм, ме­луан 27-м зи псэр щызытахэм, бжыгъэншэу ныкъуэдыкъуэ ищIа­­хэм, лъэпкъ зэмылIэужьыгъуэ куэдым къыхэкIауэ, зэ­къуэту, лIыхъужьу зэуахэм я ­бынхэмрэ абы я быныжхэмрэ нобэ IэщэкIэ зэпэщIэувэу лъы ягъэжэну?
Дызэрыгушхуэ, дызэрыпагэ СССР къэралышхуэр тIэщIэкIри, бийм и фащэмрэ щэнымрэ зы­фIэкъабылхэмрэ щхьэхуэфI гуп­сысэкIэ зиIэхэмрэ 90 гъэхэм, зэрыт­щIэжщи, я бжыгъэр куэ­ды­кIей хъуат. «Щхьэж и унэ бжэн ­лъакъуэ» жыхуиIэм хуэдэу зэбгрылъэлъа республикэхэм я ­нэхъыбапIэм зи лъэпкъым епцIыжу ныбэизыгъэр ищхьэу къэ­зылъытахэр, дыгъуэгъуакIуэхэр щытепщэ хъуат.
Дауэ иджы зэрыбгъэщIэгъуэнур фашист гупсысэм техьахэр куэд зэрыхъуар, лъыгъажэмрэ гущIэгъуншагъэмрэ зэрыхуэ­кIуар. Ауэ, ди гуапэ зэрыхъунщи, цIыху щыпкъэхэр, зи Хэкум емып­цIыжа нэхъыжьыфIхэмрэ абы­хэм къащIэхъуа щIэблэ телъы­джэмрэ, гъащIэм къызэригъэ­лъэгъуащи, куэдыкIейщ.
Апхуэдэ цIыху зэмылIэужьы­гъуэхэу Беларусымрэ нэхъыбэу дыздэщыIа Украинэм и къухьэпIэ щIыналъэмрэ щыслъэгъуамрэт зи гугъу фхуэсщIыну гукъэ­кIы­жыр зытеухуар.
Столин къалэ фэтэр къыщыслъыхъуэрт. СызэупщI цIыхухэр гуапэт, къызэрыгуэкIт, куэд ­щIауэ сыкъацIыху фIэкIа умы­щIэну. ГъэщIэгъуэнрати, машинэ лъэ­пIей иси зэщы­хуэ­пыкIаи, зэ­фIэнэ-зэзауи мыбы щыс­лъэгъуакъым. Апхуэдэу щIыщытыр иужь­кIэ къызгуригъэIуащ сы­щып­сэуа пэшыр зей унэгуащэм. Ар сабийуэ зауэр ­        зи нэгу щIэкIа, зи адэр абы хэкIуэдахэм ящыщт. Егъэлеяуэ цIыху гуапэт икIи щэ­ныфIэт.
ТхьэмахуэкIэ Столин сыдэ­сауэ сыщежьэжынум, сэ абы сеуп­щIащ: «Дапщэ ахъшэу уэстын ­хуейр?» - жысIэри. Нобэр къыздэсым сщыгъупщэж­къым а ­Беларусым щыщ унэгуа­щэм жи­Iар: «Сом фIэкIа цIы­хугъэ щы­мыIэжу ара? Сэ укъы­зыхэкIа адыгэ лъэпкъым теу­хуауэ сымы­щIэ хъыбар, тхыдэ гъэщIэгъуэн куэд себгъэдэ­Iуащ, къэзбгъэ­щIащ. Абы нэхъ уасэ сэ сыхуей?»
Сигу къинэжащ а къалэм дэсхэр щIэгуапэм, цIыху къы­зэрыгуэкIыу щIыщытым лъабжьэ хуэхъуар. Унэгуащэм зэрыжиIэжамкIэ, мыбы щекIуэкIа зауэ лъы­гъажэмрэ гъеймрэщ.
АдэкIэ сыхуейт сыкъытеувыIэну тхыгъэр нэхъыщхьэу зыхуэгъэ­п­са Украинэм щыслъэгъуам.
Ровно - областым и щыхьэр къа­лэщ. Урысейм къызэрыхы­хьэ­рэ илъэс щитIрэ ныкъуэм нэблэ­гъащ. 1921 гъэм Рижскэ зэIу­рыIуэ­ныгъэм ипкъ иткIэ мы щIыналъэр Польшэм хыхьауэ щы­тыгъащ.
1939 гъэм щыщIэдзауэ Ук­раинэм и область центру 1991 гъэ пщIондэ къекIуэкIащ.
Мыбы бжыгъэкIэ щынэхъыбэт урысхэр, журтхэр, украинхэр, ­беларусхэр, мымащIэу щыпсэурт Польшэм, Венгрием, Румынием щыщхэри.
Дэнэ щIыналъи хуэдэу, тыншу икIи хьэрэмагъ я зэхуаку дэ­мылъу, лъэпкъ зэхэгъэж щы­мыIэу мамыру мыбы щыпсэурт цIыху къызэрыгуэкIхэр. КIэщIу жыпIэмэ - дахэу, цIыхугъэр япэ ирагъэщу. Ауэ, СССР-у щыта къэралыгъуэшхуэм и дэнэ щIыпIи хуэдэу, дыгъуасэ зэ­къуэшу, зэныбжьэгъуу, зэгъунэгъуфIу щытахэм я нэхъыбапIэр хуэм-хуэмурэ бийм и псалъэм ­зэгурымыIуэж, зэныкъуэкъу, зэ­хуэхамэ ищIащ.
«Нобэми пщэдейми зызы­щIэфкъуи фи Урысейм вгъэзэж, къызэрыджаIэнум шэч къытес­хьэркъым». Ар зи псалъэр мыбы къыщалъхуа, къыщыхъуа, пенсэм кIуэху школым сабийхэр урысыбзэм щыхуезыгъэджа, фэ­тэр къыдэзыта унэгуащэрт. А ­нэхъыжь Iущым и нэкIэ илъэгъуа хуэдэт нобэ ди нэгу щIэкIыр. Тхьэгурымагъуэ жыхуэпIэн хуэдизт.
Ровно къалэм и уэрамхэм иджыри куэд мыхъуми сащыхуэзат урысыбзэкIэ сызэупщIар ­убжьытхэу къыщызжьэхэлъаи, ­къы­зэбгаи, нэгъуэщI псалъэ фIей­хэр къызэжьэдэкIаи. Ауэ, дапхуэдэу щытами, хэт игугъэнт Iей зигу илъхэр бжыгъэкIэ  мащIэми, куэд дэмыкIыу Ук­раинэм и ­къу­хьэпIэ щIыналъэм тепщэ ­щы­хъуну, цIыхубэр зауэ лъы­гъа­жэм хуашэну.
МафIэгум сису сыкъы­щы­кIуэжым гъусэ къысхуэхъуа, лъэпкъ­­кIэ украин, дзэ офицер щIалэм си нэгу щIэкIахэр ­щы­хуэсIуатэм, дыхьэшхри жиIэгъат: «Апхуэдэу мыхьэнэшхуэ зэпт мыхъунщ ар: цIыхухэри сабырыжынщ, ипэхэми хуэдэу,   псори зэфI хъужынщ, лъэпкъ, республикэ зэбгырыжахэри зэ­къуэувэжынщ. Абы нэхърэ ­нэхъыфIщ шэджагъуашхэ къы­­здэщIи».
Ерыскъы берычэт Iэнэм къытрилъхьэу, нэщхъыфIэу, гушыIэу, хъыбар гъэщIэгъуэн куэд  къызжезыIэжа украин ­щIалэ бжьыфIэм и фIыщIэкIэ гъуэ­гуанэри нэхъ тынш сщы­хъуат, зэманри псынщIэу блэкIат.
«Iей мыхъу фIы хъужкъым»,- жаIэ. Шэч хэлъкъым, пцIым лъакъуэ зэрыщIэмытым, пэжым бжьыпэр иубыдыжу мамырыгъэмрэ цIыхугъэмрэ лъэпкъ зэ­мылIэужьыгъуэхэр зэрызэкъуа­гъэувэжынум. Ар уи фIэщ зыщI цIыху хьэлэмэтхэм, акъы­лы­фIэхэм я бжыгъэр зэрыкуэдым гуш­хуэныгъэ къуимыту къанэркъым.

Шафий Аслъэн.
Поделиться: