Мэкъумэш хозяйствэмрэ ерыскъыпхъэхэм елэжь промышленностымрэ я лэжьакIуэхэм я махуэм теухуа КъБр-м и Iэтащхьэм и хъуэхъу

Ныбжьэгъу лъапIэхэ!
Фи IэщIагъэм ирилажьэхэм - Мэкъумэш хозяйст­вэмрэ ерыскъыпхъэхэм елэжь промышленностымрэ я лэжьакIуэхэм я махуэмкIэ сынывохъуэхъу!
А махуэм дэ догъэлъапIэ ерыскъыпхъэхэм я лъэныкъуэкIэ къэралым и шынагъуэншагъэр гъэбыдэным, цIыхухэм я псэукIэр егъэфIэкIуэным къып­хуэ­мы­лъытэным хуэдизу куэд хэзыщIыхьхэр. ЩIэкъузауэ икIи жэуаплыныгъэ хэлъу иужьрей илъэсхэм фэ евгъэкIуэкI лэжьыгъэм и фIыгъэкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым и мэкъумэш IэнатIэм псынщIэу зеужь икIи ехъулIэныгъэ нэрылъагъухэр къехь. Гъавэу кърахьэлIэм, лырэ гъэшхэкIыу къалэжьым хохъуэ, жыг хадэхэм заубгъу, пхъэщхьэмыщхьэмрэ хадэхэкIымрэ нэхъыбэ мэхъу. IэнатIэм кIуэтэху нэхъ нэгъэсауэ иджырей технологиехэр щIэгъэкъуэн щащI икIи ар сэбэп мэхъу продукцэм иIэ щIэупщIэр къэIэтынымкIэ, апхуэдэу мэкъумэшхэкIхэм нэхъри нэхъ куууэ елэ­жьы­нымкIэ. А псори, шэч хэмылъу, зи фIыщIэр псом япэу фэращ.
ФIыщIэ ин фхузощI апхуэдэу егугъуу, IэкIуэлъакIуэу фызэрылажьэм икIи къыхэфха Iуэхум пэжыгъэкIэ фызэрыбгъэдэтым папщIэ. Дэ адэкIи мэкъумэш  IэнатIэм сыт и лъэныкъуэкIи зыщIэдгъэкъуэнущ, абы зиужьын, къуажэдэсхэм я псэукIэр нэхъ дахэ икIи иджырей зэманым къезэгъ хъун папщIэ тхузэфIэкI къэдгъэнэнукъым.
СигукIи си псэкIи сынывохъуэхъу узыншагъэ быдэрэ ефIэкIуэныгъэрэ фиIэну, Къэбэрдей-Балъкъэрым, зэрыщыту Урысейм адэкIэ заужьын папщIэ ехъу­лIэныгъэщIэхэр къэфхьыну.

Поделиться: