КъызыхэкIар зыщымыгъупщэ

АР-м, КъБР-м, КъШР-м щIыхь зиIэ я артисткэ, «Фабрика звёзд» проектым (2002 - 2010) хэта уэрэджыIакIуэ цIэрыIуэ Къэзан Сэтэней илъэс 20-м нэблэгъауэ урысей шоу-бизнесым и утыкум итщ. Ди хэкуэгъу адыгэ пщащэр цIыхубэм фIыуэ ялъэгъуа уэрэджыIакIуэхэм ящыщщ. Урысейм, нэгъуэщI щIыпIэхэм къыщыдэкI журналхэм щIэх-щIэхыурэ къытохуэ, телеканалхэм къат нэтынхэм куэдрэ ирагъэблагъэ, уэрэд жыIэным и мызакъуэу, концертхэри ирегъэкIуэкI. ЖыпIэнурамэ зэпымыууэ щIэ гуэрхэр къэзыгъэщIхэм ящыщщ. Мы махуэхэм Сэтэней егъэлъапIэ и ныбжьыр илъэс бжыгъэ дахэ зэрырикъуар.

Къулъкъужын Ипщэм къыщыхъуа хъыджэбзыр пасэу уэрэд жыIэным дихьэхат. Курыт еджапIэ нэужьым ар щIэтIысхьащ ГъуазджэхэмкIэ Кавказ Ищхъэрэ къэрал институтым Щэнхабзэмрэ гъуазджэмкIэ и колледжым. И щIэныгъэм щыпищащ Гнесинхэ я цIэр зезыхьэ Урысей академием, иужькIэ ГИТИС-м.
Илъэс 20 ипэкIэ ди республикэм икIыу Москва кIуа пщащэм ехъулIэныгъэ куэд зыIэригъэхьащ. ГъащIэм зэрыщыхабзэу, Сэтэней и дуней тетыкIэми гупсысэкIэми зи­хъуэжащ. Къэрэшей-Шэрджэсым уэрэ­дымрэ къафэмкIэ и «Ашэмэз» гупым зи щIалэгъуэм хэта и адэ Сэтхьалий Сэтэней уэрэд жыIэным щиIэ зэфIэкIхэм гу щы­лъи­тэм, нэхъри зригъэужьыну тригъэгуш­хуащ. Сэтэней «Фабрика» гупым зи гъусэу хэта уэрэджыIакIуэхэу Тоневэ Иринэ, Савельевэ Александрэ, Алалыкинэ Марие, я продюсер Матвиенкэ Игорь сымэ ща­дэлэжьарщ цIыхубэм нэхъ къыщацIы­хуар. Абы щыгъуэ мазэм къриубыдэу концерт 200-м нэблагъэ ятырт. 2010 гъэм Сэтэней и щхьэ хуэлэжьэжыну мурад ищIащ икIи ар къохъулIэ.
Сэтэней ди республикэм, и адэ-анэм я деж куэдрэ къэкIуэжыфыркъым, мази­щым, илъэс ныкъуэм апхуэдэ Iэмал зэ ­игъуэтми аращ. Ди щIыналъэм къы­щы­кIуэж махуэхэр абы и дежкIэ нэхъри щIэ­лъапIэр, и адэ Сэтхьалий и чэнджэщ щIэдэIуу, и анэм и гумащIагъыр зыхищIэу зэрабгъэдэсырщ. Шыпхъуищ - Марианнэ, Светланэ, Мадинэ - иIэщи, зэрымылъа­гъумэ зэхуозэш. Ахэр къулеигъэшхуэу, мылъку нэхъ ин дыдэу къелъытэ, зэриIэ къудейр къару хуохъу. Гуныкъуэгъуэхэмрэ лъэпощхьэпохэмрэ къызэринэкIынымкIи ахэращ и дэIэпыкъуэгъур. Абы щхьэкIэ, Iэмал имыIэу зэгъунэгъун хуейкъым: я псалъэр, чэнджэщыр, къызэрыкъуэт къудейр куэд и уасэу къелъытэ. Адыгэ унагъуэм къыщыхъуа хъыджэбзым къыддекIуэкI хабзэ дахэхэр зыщигъэгъупщэркъым. И ныбжьэгъухэр, благъэхэр илъэгъуа нэужь, псэкIэ нэхъ къулей хъуауэ къыщыхъуу Москва, Италием егъэзэж, а псом нэхъыбэжым трагъэгушхуэ.
Иджыблагъэ Сэтэней апхуэдэу лъагъунлъагъу къыщыкIуэжам, Къэнжал Iуащ­хьэм тету «Гуащэмахуэ» уэрэдыр жиIэу клип трахащ. Ар зэрымыщIэкIэ траха ­хъуащ, сыту жыпIэмэ Сэтэней къыщIэкIуэжар и адэ-анэр илъагъуну, и щхьэгъусэ сурэттех цIэрыIуэ Тиоццо Стефани (Италием щыщщ) къыщалъхуа махуэм ирихьэлIэу я хьэгъуэлIыгъуэр щекIуэкIа щIы­пIэм, Осетие Ищхъэрэ – Аланием, трагъэзэжыну арат. Абы хэту и ныбжьэгъур къэпсалъэу, Сэтэней «Гуащэмахуэ» уэрэдыр игъэзащIэу Къэнжал Iуащхьэм щытрахыну зэрыхуейр къыщыжриIэм, арэзы техъуащ.
Езы Сэтэней зэрыжиIэмкIэ, «Гуащэмахуэ» адыгэ цIыхубэ уэрэдым мыхьэнэшхуэ иIэщ икIи илъэс куэд и пэкIэ ар и гъащIэм къыхыхьащ, а уэрэдыр игъэзэщIэну чэнджэщ къезыта и адэм и фIыгъэкIэ. Тхыдэм къыхэна, абы лъабжьэ хуэхъуа ­лъагъуныгъэ хъыбар телъыджэр щызэхихым, ар хуабжьу игу щIыхьат.
- ЩIыналъэм и дахагъэм къыдэкIуэу, чэ­щанэхэмрэ пасэрей псэуалъэ хэлъэ­лъэжахэмрэ клипым хагъэхьэн хуей щыхъум, Осетие Ищхъэрэ - Аланием щыщ си цIыхугъэм селъэIури, республикэм и лъэпкъ ­хъугъуэфIыгъуэу къалъытэ бгъу­эн­щIагъхэм ящыщ зым и теплъэгъуэ хэдгъэхьащ. Апхуэдэу клипыр дгъэдэхащ ди лъэпкъ фащэрэ къафэкIэ, - жеIэ Сэтэней.
Си щIалэгъуэм нэхъ жыджэру сызэ­рыщытам куэд къысхуихьащ. Нэхъыщ­хьэрати, залымыгъэкIэ зыри сагъэщIакъым, си адэ-анэр мыарэзыуэ Iуэху гуэр иужь сихьакъым. КъурIэнми нэгъуэщI лъэпкъхэм я тхылъ лъапIэхэми итщ: «Уи адэ-анэр арэзымэ, ехъулIэныгъэ узэриIэнум шэч хэлъкъым», - жеIэ Сэтэней. - Аращ сыт щыгъуи сызытетар. IуэхущIэ сыпэрыхьа нэужь, гъащIэщIэ къыщIэздзэ хуэдэщ. НэхъыбэIуэ зэрызлэжьыным сы­ху­щIэкъуу щытамэ, иджы нэхъыфIу, нэхъ купщIафIэу зыгуэрхэр къэзгъэщIынырщ зи ужь ситыр. Нэхъыщхьэр бжыгъэракъым, атIэ фIагъырщ, купщIэрщ.
Сэтэней Адыгэ уэрэдыжьхэм гулъытэ зэрахуищIыр гуапэщ. Ар и нэщэнэщ дэнэ щIыпIэ щыIэну, щылэжьэну къыхуихуами, цIыхур къызыхэкIар щымыгъупщэу, и лъэпкъ, и хабзэ ищIэжу зэрыпсэум. 2019 гъэм Сэтэней лъэпкъ макъамэхэр зэбэкI Sati Ethnica проектыр игъэхьэзыращ. Абы хыхьэу 2020 - 2021 гъэхэм къыдигъэкIащ альбомхэмрэ пластинкэхэмрэ. Ар и щы­хьэтщ уэрэджыIакIуэм къызыхэкIар зэ­рыщымыгъупщэм. Нэхъапэм артисткэр утыку зэрита фэилъхьэгъуэхэр иджы лъэпкъ щыгъынхэмкIэ зэрихъуэжар нэ­рылъагъущ.
Къэзан Сэтэней фильм зыбжанэми и зэфIэкI щеплъыжащ. Ар щыджэгуащ «Золушка», «Здрасьте, я ваше папо!», «Снежный ангел», «По небу босиком» фильм­хэм, нэгъуэщIхэми.
Сэтэней нэгъуэщI къэралхэм кIуэну, зыщигъэпсэхуну фIэфIщ. Апхуэдэуи щы­хьэщIэ щIыналъэхэм я лъэпкъ уэрэ­дыжь­хэм, щэнхабзэм, диным зэрыдихьэхыр нэрылъагъущ. Интернетым щытлъагъу видеохэм тепщIыхьмэ, Сэтэней нэхъыбэу здэкIуэр лъэпкъ хабзэхэр нэхъ щахъума щIыпIэхэрщ. Иджыпсту щыпсэу Италиер, Балир, Индиер жыпIэми, ахэр хуабжьу фIэфIщ. Псом хуэмыдэу индус щэнхабзэм, йогэм дахьэх. Къэзаным и лэжьыгъэр къызэралъытэм и щыхьэтщ «Дыщэ микрофон», «Стопудовый хит», «Илъэсым и уэрэджыIакIуэ», «Звуковая дорожка» саугъэтхэр, нэгъуэщIхэри къызэрыхуа­гъэфэщар.
- Нэхъыщхьэр, дунейм зэгурыIуэныгъэр, мамырыгъэр, зэкъуэтыныгъэр щы­тепщэнырщ. ЦIыхухэр зэхуэIэфIу, зэхуэ­гуа­пэу, зыхуей хуэзэу, насыпыфIэу псэууэ слъагъуну си хъуэпсапIэщ. Узэджэр къокIуэ жаIэ, зыщIэгупсысыжыфу, нэхъы­фIым хуэпабгъэу, гупсэхугъуэр я Iэпэгъуу Тхьэм куэдрэ дыщигъэIэ! - жеIэ Сэтэней.

ТЕКIУЖЬ Заретэ.
Поделиться: