Аслъэн Тэтэрхъан (1621 - 1647)

1621 гъэм, урыс дзэпщ Вельяминовым и унафэм ипкъ иткIэ, и шынэхъыжьым и гъусэу, Тэтэрхъан, и уэркъхэри щIыгъуу, урысыдзэхэм хэту къэралым и гъунапкъэхэр яхъумэу, Урысейм улахуэ къриту, къулыкъу ищIащ. 1641 гъэм бадзэуэгъуэм и 25-м Балъкъыщхьэ щыIа зауэм ар гъэру щаубыдауэ щытащ. Черкасскэ Мусал щIыгъуу ар 1644 гъэм мазаем и кIэм къалмыкъхэм езэуащ. Гумышхуэ губгъуэхэм нэгъуейхэми къалмыкъхэми щезэуащ, бийм и тIасхъэ къащIэн щхьэкIэ, гъэр зыбжани къахьащ. А зауэхэм къалмыкъ цIыху куэд хэкIуэдащ.

А текIуэныгъэхэм я ужькIэ къалмыкъхэр Гум псым адэкIэ Сэтейм къэгъазэ имыIэу теIэпхъукIащ.

1644 гъэм жэпуэгъуэм и 20-м Черкасскэ Тэтэрхъанрэ Тонжехъанрэ Михаил Фёдоровичым елъэIуащ пащтыхьым къулыкъу хуащIэнкIэ хуит ищIыну. Ахэр хьэзырт пащтыхьым и бийхэм, Нэгъуей ЦIыкIум езэуэну. Пащтыхь унафэкIэ ахэр ягъэкIуащ зауэм. Пщы щIалэхэр Нэгъуей ЦIыкIум я хъан Араслъэнбэч теуэри я цIыхухэр зэтраукIащ, псэууэ къэнахэр гъэру къаубыдащ, я Iэщхэр, яшхэр къахуащ.

Жэпуэгъуэ мазэм Тэтэрхъанрэ Тонжехъанрэ Тэрч приказнэ унэм урыс пащтыхь Михаил и цIэкIэ ятха тхьэусыхафэм къыщагъэлъэгъуащ абыхэм пащтыхьым хуагъэзащIэ къулыкъум пэкIуэу къратыр сомитху фIэкIа зэрымыхъур. Мусал и уэркъхэм а къулыкъу дыдэр зэрагъэзащIэм папщIэ, сом 20, гъавэу сом 13 и уасэ цIыху къэс иратырт. Пащтыхьым ахэр елъэIуащ абыхэм я уэркъхэм кърат улахуэмрэ гъавэ уасэмрэ хагъэхъуэну, зэхуэдэ ищIыну.

1646 гъэм мэкъуауэгъуэм и 28-м къэбэрдеипщхэу Къамболэт Пщымахуэ и къуэм, Аслъэн Тэтэрхъанрэ Тонжехъанрэ Тэрч приказнэ унэм ятхащ лъэIу. Пащтыхь Алексей и унафэкIэ Iузэв (Азов) зекIуэ кIуэну ежьа Тэтэрхъанрэ Тонжехъанрэ Тэрч къалэ икIыу верст 200 гъуэгу якIуауэ, ахэр зэрызэгурыIуам тету, пщы Черкасскэ Къамболэт и шухэм IущIащ. Пащтыхьым епцIыжа нэгъуеишхуэ хъан Ещтрэч Чэбан и цIыхухэмрэ Нэгъуей ЦIыкIум я хъаныкъуэхэмрэ жэщым абыхэм я шы хагъэпщхэм теуэри яхуащ. Абыхэм, зекIуэ зэрыкIуэн уанэш ямыIэжу къызэрагъэнам къыхэкIкIэ, Iузэв зекIуэм мыкIуэу къагъэзэжащ. Къэхъуар тэрч дзэпщ Пожарскэ Семён хъыбару ирагъэщIэну ирагъэжьа пхъэрыр Чэбан ихъунщIауэ щытащ.

Iузэв зекIуэр урысхэм фIыуэ ягъэхьэзырауэ зэрыщытам и щыхьэтщ ащтырхъан дзэпщ Пожарскэ Семён тэрч дзэпщ Оболенскэ Венедикт, пщы Черкасскэ Мусал, тэн атаман Петров Осип, нэгъуэщIхэми къахьа текIуэныгъэр. Тыркуми Кърымми лъэкI къагъэнакъым къарууэ ягъуэтыр Iузэв деж къыщагъэсэбэпыну, ауэ абыхэм урысхэм пэщIагъэувэн яхузэфIэкIакъым Алыджыкъуэрэ ХьэтIохъущыкъуэрэ я Къэбэрдейр. А пщыхэм я гъусэу Нэгъуей ЦIыкIум я хъан СулътIани, Наурызи, Къэсеи кърым хъаным гухьакъым.

Пожарскэ Семёнрэ Черкасскэ Мусалрэ я дзэхэм Черкасск къалэм деж, Iузэв куэдкIэ пэмыжыжьэу, щызэхакъутащ биидзэр. Ей псым деж щекIуэкIа зауэм къыщаубыдащ гъэру цIыху минибл, жэму миних, мэлу минитI.

Черкасскэ Тэтэрхъан теухуауэ мы тхыгъэ кIэщIхэм фIэкIа нэгъуэщI хъыбар кIапэлъапэ архив гъэтIылъыгъэхэм зэкIэ къахэдгъуэтакъым. Мусал, Нартшу, Къамболэт, Тэтэрхъан сымэ зэрызэныкъуэкъужам и гугъу сщIыркъым, Мусал пцIы тралъхьауэ къыщIэкIыжащ иужьым.

1647 гъэм Тэтэрхъан Мэзкуу ираджауэ гъуэгу тету лIащ. Нартшуи а гъэ дыдэм дунейм ехыжащ.

КЪАРДЭН Чэлимэт, тхыдэтх.
Поделиться:

Читать также: