ТхылъыщIэ115-нэ шуудзэм траухуэ Котляровхэ Викторрэ Мариерэ я тхылъ тедзапIэм къыщыдэкIащ «Отдельная 115-я кавалерийская дивизия. Безвозвратные потери» тхылъыр. Ар зи Iэдакъэ къыщIэкIа къэхутакIуэ Темукуев Борис лэжьыгъэм къыщихьащ 115-нэ шу гупым щыщу Хэку зауэшхуэм хэкIуэдахэм я цIэ-унэцIэхэр. Котляров Виктор зэрыжиIэмкIэ, 115-нэ Къэбэрдей-Балъкъэр шуудзэм и тхыдэр - хахуагъэрэ гузэвэгъуэкIэ гъэнщIащ. Абы хэта адыгэ, балъкъэр, нэгъуэщI лъэпкъхэм ящыщ зауэлI щэ бжыгъэхэм я нэхъыбэр, я ныбжьыр илъэс 40-м иджыри щхьэдэмыхауэ, зауэм Iумыхьэ щIыкIэ хэкIуэдахэщ.
Поделиться:
Читать также:
23.04.2024 - 18:33 →
«Дыщэ джыдэ цIыкIур» зыхуагъэфэщахэри яхэту
18.04.2024 - 14:05 →
ГъэсакIуэ цIэрыIуэр ящыгъупщэркъым
18.04.2024 - 12:26 →
АдыгэбзэкIэ ятхам адыгэбзэкIэ тепсэлъыхьу
18.04.2024 - 11:18 →
ЦIыхубэр зэрыгушхуэ
17.04.2024 - 11:56 →
Щамырзэ Моникэ и гъащIэмрэ лэжьыгъэмрэ
|