БлэкIам ухуеплъэкIыжмэ…

Къуажэдэсхэм я дежкIэ мыхьэнэшхуэ иIэщ ЩэнхабзэмкIэ унэм. Абы къыщызэрагъэпэщ зэхыхьэ гъэщIэгъуэнхэм, пшыхь дахэхэм цIыхур зэхегъэплъэж. А къалэным полъэщ илъэс 30-м щIигъуауэ щэнхабзэм и лэжьакIуэ, Болэтей жылэм ЩэнхабзэмкIэ и унэм и унафэщI Пэщол Iэсият.

КъатитIу зэтет а IуэхущIапIэр 1967 гъэм «Заря коммунизма» колхозым (а зэманым абы и унафэщIыр Хъаний Пётрт) иригъэухуауэ щытащ. Унэм цIыху 450-рэ щIохуэ, етIуанэ къатым библиотекэр щолажьэ. Зэман зэхуэмыдэхэм мы IуэхущIапIэм и унафэщIу щытащ Щокъул Михаил, ТIэхъу Хьэсэн, Балъкъэр Мухьэмэд, Тхьэгъэзит Руслан, Наурыз Артур, Дадэ Тимур сымэ.

- 1980 гъэм, еджапIэ нэужьым, сыкъагъэкIуауэ щытащ мы IуэхущIапIэм сыщылэжьэну. Абы щыгъуэм библиотекэм и унафэщIыр Мэремкъул Женят. Аращ лэжьыгъэм дыхэзыгъэгъуэзари, щэнхабзэм дыхэзышари, - жеIэ Пэщол Iэсият. - А зэманым колхозхэр, фермэхэр щыIэти, библиотекэм и лэжьакIуэхэм тхылъхэмрэ журналхэмрэ абыхэм яхьырт икIи зэIэпахыу цIыхухэр еджэрт. Былымыр къущхьэхъу щыдахум, ерыскъыри куэду тIыгъыу, ди къэфакIуэ-уэрэджыIакIуэхэри тщIыгъуу автобускIэ губгъуэм дыдэкIырти, махуищкIэ цIыхухэм я нэгу зедгъэужьырт, я Iуэхур ядэдгъэпсынщIэрт.

ЩэнхабзэмкIэ унэм и лэжьакIуэхэм махуэшхуэхэр ягъэлъапIэ, литературэ-макъамэ пшыхьхэр къызэрагъэпэщ, нэхъыжьыфIхэр ирагъэблагъэри ягъэгушхуэ. ЩэнхабзэмкIэ унэм зэпымыууэ щолажьэ гупжьей хьэлэмэт куэд икIи я гъэсэнхэм куейм щекIуэкI зэпеуэхэм сыт щыгъуи ехъулIэныгъэхэр щызыIэрагъэхьэ.

- Нэхъ ипэIуэкIэ дыIэбэжмэ, 1986 гъэм, Болэтейм ЩэнхабзэмкIэ и унэм къыщызэрагъэпэщауэ щыта «Сосрыкъуэ» IуэрыIуатэ ансамблыр хэтащ «Легенда и песни адыгов», «Свадьба на Тереке» фильмхэм. Мыхьэнэ ин зиIэщ Къэбэрдей-Балъкъэрым и илъэс 80-р щагъэлъапIэм ирихьэлIэу «Первые переселенцы Болатово» театр теплъэгъуэ кIэщI ягъэлъэгъуауэ щытами. 1999 гъэм ЩэнхабзэмкIэ унэм и лэжьакIуэхэм, зэи апхуэдэ щымыIауэ, «Лъэпкъ зэпеуэ» ирагъэкIуэкIауэ щытащ. Абы хэтат я хабзэ ягъэлъагъуэу Мэкъуауэхэ, Алэщхэ, Дыщокъуэхэ, Наурызхэ, Хамэхэ, - дыщегъэгъуазэ Iэсият.

IуэрыIуатэ пшыхьхэри къыщызэрагъэпэщ Болэтей. Абы къищынэмыщIауэ, «Адыгэ пщащэ», «Сытыр уи псэукIэ, адыгэ унагъуэ?», «Жьэгу пащхьэ», «Уэ пщIэрэ уи лъэпкъ тхыдэр?», нэгъуэщIхэри ирагъэкIуэкI. Мыпхуэдэ пшыхьхэм я хьэщIэ лъапIэщ жылэдэс нэхъыжьхэр. Пэщолым игу къегъэкIыж 2001 гъэм «НэхъыщIэ дыдэм илъэс 71-рэ и ныбжьщ» фIэщыгъэр иIэу ирагъэкIуэкIауэ щыта зэхьэзэхуэр. «Абы хэтат къуажэ молэ Джазэ Хьэмыщэ, лэжьыгъэм и ветеранхэу Хьэпэ Iэбузед, Хамэ ДжэбрэIил, Хамэ Михаил, Чернобыль АЭС-м къыщыхъуауэ щыта насыпыншагъэм и лъэужьхэр гъэкIуэдыжыным хэта ЛIэужь Мирон сымэ», - жеIэ цIыхубзым.

ЩэнхабзэмкIэ унэм щолажьэ цIыхубзхэм я гуп «Iэсият» фIэщыгъэр зратари. Абыхэм я художественнэ унафэщIыр пшынауэ Iэзэ, «Играй, гармонь» зэпеуэм мызэ-мытIэу щытекIуа Дадэ Нинэщ. Абы иIыгъщ къафэмкIэ, уэрэдымкIэ, пшынэ еуэнымкIэ гупжьейхэр, игъасэхэм район, республикэ зэхьэзэхуэхэм щытекIуэхэри яхэтщ. Пшынауэ Iэзэ хъуну узыщызыгъэгугъщ Нинэ и гъэсэн Сэбан Сослъэн. А щIалэщIэр зэпеуэ, фестиваль зэхуэмыдэхэм жыджэру хэтщ. Абы и къуэш Аслъэни бэрэбан йоуэ. Сыкъун Астемыр пхъэцIычым хуэIэкIуэлъакIуэщ, уэрэд жеIэ, ЩэнхабзэмкIэ унэм щылажьэ театр гупжьейми хэтщ. Мы щIалэщIэхэм жылэдэсхэр ирогушхуэ, фIыкIэ я цIэр Iунуи щогугъ.

- Лэжьыгъэ купщIафIэ ирагъэкIуэкI театрым и режиссёр Джазэ Раерэ абы къыдэлажьэ Балъкъэр Iэсиятрэ. ЩоджэнцIыкIу Алий и «Мадинэ» поэмэмкIэ абыхэм 1993 гъэм ягъэува спектаклым къыпэкIуауэ щытащ театрым «ЦIыхубэ» цIэ лъапIэр къыфIащыныр, - жеIэ Пэщолым. - Мадинэ и ролыр сэ згъэзэщIат, Дисэу джэгуар Джазэ Рает, Мадинэ и дэлъху нэхъыщIэ Алий и ролыр Жылау Руслан утыку кърихьат. Сыт хуэдэ зэхыхьэ едгъэкIуэкIми, дэ дыхущIокъу жылэдэсхэм я гум дынэсыным, гуапагъэ гуэркIэ абыхэм дахуэупсэным. ЩэнхабзэмкIэ унэм икъукIэ дэIэпыкъуэгъушхуэ къыхуохъу Къуэдзокъуэхэ Мухьэмэдрэ Ахьмэдрэ, Лыкъуэжь Хьэсдин, Наурыз Арсен, Къэбард Олег, Хамэ Русенрэ абы и щхьэгъусэ Аринэрэ, нэгъуэщIхэри. Зэпеуэ щедгъэкIуэкIым, цIыхушхуэ къыщедгъэблагъэхэм абыхэм мылъкукIэ зыкъытщIагъакъуэри, фIыщIэ яхудощI, дэри я гум дыкъинэн хуэдэу Iуэхум зыхудогъэхьэзыр. Анэхэм пщIэ хуегъэщIыныр, унагъуэр зэтеIыгъэныр, щIэблэм я гум щабагъэ илъыныр, ди хабзэмрэ тхыдэмрэ тIэщIэмыхуныр - аращ ди лэжьыгъэр нэхъыбэу зытедухуэр.

Болэтейм ЩэнхабзэмкIэ и унэм 2004 гъэ лъандэрэ щолажьэ «Адыгэ центр» музейр. Абы ущрихьэлIэнущ пасэрей зэманым зэрахьэу щыта хьэпшыпхэм. Чы матэм и кур ятIэкIэ къищIыкIауэ (хьэжыгъэ гъущапIэу къагъэсэбэпу щытащ), убалъэ, пхъэIэпэ, гуэгуэн, адыгэ шылэхъархэм, нэгъуэщIхэми ди блэкIам зымащIэкIэ ухагъэплъэж.

ЦIыхум гурэ псэкIэ и IэнатIэм щыпэрыткIэ ехъулIэныгъэ зэриIэнум и щыхьэтщ Пэщол Iэсият и лэжьэкIэр.

БАГЪЭТЫР Луизэ.
Поделиться: