ФIэщыгъэр зейр хэту пIэрэ?

«Архъыз» турист-рекреацэ комплексыр, «Кавказ Ищхъэрэм и курортхэр» компанием хыхьэр, гъэм и сыт хуэдэ зэманми мэлажьэ. А курортым и Iэгъуэблагъэм зыщызыплъыхьхэм, зыщызыгъэпсэхухэм я бжыгъэм, дызэрыщыгъуазэщи, иужьрей илъэсхэм хэхъуэ зэпытщ. А псом къадэкIуэу, а щIыпIэм и къекIуэкIыкIар, щыпсэуа лъэпкъхэр зыхуэдэр зэхэзыгъэкIыну хуейхэри кIуэ пэтми нэхъыбэ мэхъу.

 

Тхыдэджхэм ящыщ куэдым къызэралъытэмкIэ, къэрэшейхэмрэ абыхэм я лъэпкъэгъу балъкъэрхэмрэ Кавказ Ищхъэрэм и псыхъуащхьэхэм къыщыдэтIысхьар дзэзешэ цIэрыIуэ Тамерлан «Щэджащэр» Кавказым къыщихьа 1395 гъэм иужькIэщ. Уеблэмэ, Псыжь (Кубань) и псыхъуащхьэхэм ахэр (къэрэшейхэр) щыдэтIысхьар XVIII-XIX лIэщIыгъуэхэращ. АбыкIэ щыхьэту къэувыфынущ лъэпкъитIым я бзэхэр куэдкIэ зэрызэщхьэщымыкIари.
Этнограф, тхыдэдж цIэрыIуэ Волковэ Татьянэ I974 гъэм Мэзкуу къыщыдигъэкIа и тхылъ купщIафIэм, «Кавказ Ищхъэрэм щыпсэу лъэпкъхэр: XVIII лIэщIыгъуэм къыщыщIэдзауэ XX нэсыху» зыфIищам, и япэ Iыхьэм, къэрэшейхэмрэ балъкъэрхэмрэ ятеухуам, мыпхуэдэ сатырхэм дыкъыщоджэ: «…Къэбэрдей адыгэхэр Бахъсэн и псыхъуащхьэхэм XVIII лIэщIыгъуэм и япэ Iыхьэм зэрыдэсыгъар къэтлъытэмэ, къэрэшей къущхьэхэр, а щIыпIэми икIыу, бгыхэми щхьэдэхыу, Псыжьыщхьэ къыщыдэхутар I640 гъэм иужькIэщ, ауэ 1709 илъэсыр къимыхьэ щIыкIэщ».
Мыбдежым мыпхуэдэу демыгупсысынкIэ Iэмал иIэкъым: «Псыжьыщхьэ къэрэшейхэр къыщыдэхутар I640 - I709 гъэхэм я зэхуакур арамэ, хэту пIэрэ атIэ Iуащхьэмахуэ и щIыбкIэ щыIэ тIуащIащхьэхэм абы ипэкIэ дэсыгъар?» А упщIэм и жэуапри гъэщIэгъуэнщ.
АтIэми, гу лъумытэнкIэ Iэмал иIэкъым иджырей Архъызым и Iэшэлъашэм къэрэшейхэр зэрыщитIысыкIам къыхэкIыу, а щIыпIэм и тхыдэр а лъэпкъым и закъуэ езыпхыну пылъхэр зэрыщыIэм. Дэ къызэрытлъытэмкIэ, апхуэдэхэр Iуэхум и куупIэм нэплъысыну, ипэжыпIэкIэ зэрыщытар зэхэзыгъэкIыну зи щхьэ тезымылъхьэжхэрщ.
«Архъыз» псалъэм ехьэлIауэ
Дэфтэрхэм къызэрыхэщыжымкIэ, XIX лIэщIыгъуэм икухэм хуэзэу Урысейм и пащтыхь правительствэм къэрэшейхэр елъэIуащ абазэ-беслъэней-къэбэрдей лIакъуэхэр зыдэса, яужькIэ нэщI къэхъуа псыхъуэхэм дагъэтIысхьэну. Хуит къыщащIым, къэрэшейхэр, зыкърачри, зи гугъу ящIа къуэладжэхэм щитIысыкIащ, зыщаубгъури, гъунэгъу тIуащIэхэми зыдагъэзагъэу щIадзащ, иужьым цIэрыIуэ хъуа Архъыз курорт телъыджэм и Iэгъуэблагъэри къызэщIаубыдэу.
Абхъаз щIэныгъэлI Бгажбэ Хухут «Некоторые вопросы топонимики и этнонимии Абхазии» и тхылъ гъэщIэгъуэным зэритымкIэ, «Архъыз» фIэщыгъэм и япэ Iыхьэр, «А-рхы», «А-рха»-р, зэпкърех икIи «псы Iуфэ тафэ», нэгъуэщIу жытIэмэ, «ныджэ» мыхьэнэм хуегъакIуэ. Къыхэгъэщыпхъэщ, абдежым бгыхэр нэхъ зэкIэщIэкIуэтауэ, псыр щежэх тафэми зыщиубгъуауэ, сэтей теплъэ иIэу зэрыщытыр.
Бгажбэ Хухут и Iуэху еплъыкIэм и телъхьэу, щIэныгъэлI Фёдоров Яков и лэжьыгъэхэм ящыщ зым мыпхуэдэу щетх: «Зи гугъу тщIы щIыпIэр набдзэгубдзаплъэу зэпэзыплъыхь дэтхэнэми гу лъимытэнкIэ Iэмал иIэкъым абы «псы Iуфэ тафэ» («ныджэ бгъуфIэ») хужыпIэ зэрыхъунуми. Къэхъуагъэнущ: Инжыдж и псыхъуащхьэхэм къэрэшейхэр дэтIысхьа иужькIэ, «Архъыз» фIэщыгъэр тюркхэм я бзэм къыхэкIа я гугъэжу, «зэпэгъэщхьэхукIыпIэ жыжьэ», «гъунапкъэ» мыхьэнэхэр къызэрыкI «аргъыз»-м ар хуахьауэ».
Тхыдэ щIэныгъэхэмкIэ кандидат Фёдоров Яков «Кавказ КъухьэпIэм и топонимикэмрэ и этно-тхыдэмрэ ехьэлIа языныкъуэ Iуэхухэр» и тхылъ гъэщIэгъуэным и 282-нэ напэкIуэцIым мыпхуэдэу щетх: «Абхъаз-адыгэ щIыпIэцIэхэр щытепщэу щыта щIыналъэхэм ящыщщ Инжыджышхуэ и псыхъуащхьэхэри. АбыкIэ щыхьэтщ Архъыз псым и гуэдзэнхэм ящыщ зым, Рычэпстэ псы цIыкIум, фIэщыгъэу зэрихьэри. А цIэр икIи тынш дыдэу абхъаз-адыгэбзэхэм хэт псалъэхэмкIэ пхузэпкърыхынущ».
Мыдрейуэ. Къэрэшей-Шэрджэсым щыпсэу адыгэхэр Архъыз и тIуащIэ бгъуфIэшхуэм зэреджэу ижькIэрэ къекIуэкI «ХапIэжь» фIэщыгъэми куэдым урегъэгупсыс…

ХЬЭТЫКЪУЭ ЩауапцIэ.
Поделиться:

Читать также: