КъБР-м и Парламентым иджыблагъэ щедэIуащ «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и бюджетыр 2023 гъэм, 2024 - 2025 гъэхэм ятещIыхьауэ», «КъБР-м ФIэкIыпIэ зимыIэ медицинэ страхованэмкIэ и щIыналъэ фондым и бюджетыр 2023 гъэм, 2024 - 2025 гъэхэм ятещIыхьауэ» проектхэм.
ЗэIущIэм хэтащ КъБР-м и Правительствэм и УнафэщIым и япэ къуэдзэ Къуныжь МуIэед, депутатхэр, КъБР-м и Iэтащхьэм и Администрацэм, республикэм и министерствэхэм, щIыпIэ унафэр зехьэнымкIэ IэнатIэхэм я лIыкIуэхэр, медицинэ IуэхущIапIэхэм я унафэщIхэр. Ар къызэIуихащ КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ. Абы жиIащ законопроектхэм нэхъ и пэкIэ комитетхэм я зэIущIэхэм зэрыщыхэплъар икIи къаIэтыну Iуэхугъуэхэр КъБР-м и Правительствэм и гъусэу зэпкърахыу, щэкIуэгъуэм и 24-м япэ еджэгъуэу къащтэну зэрамурадыр.
- Законопроектхэр къэтщтэн и пэ, мыпхуэдэу дызэрыхэплъэм мыхьэнэшхуэ иIэщ. Гугъуехь къэзышэнкIэ хъунур дгъэбелджылырэ я хэкIыпIэхэр наIуэ къэтщIмэ, бюджетри нэхъ тыншу тхуэубзыхунущ. Абы къыхэкIыу сыхуейт нэхъ набдзэгубдзаплъэу мы Iуэхум фыбгъэдыхьэну, - жиIащ Егоровэм. - ЗэрыфщIэщи, республикэм и бюджетым и проектыр щызэхэдгъэувэкIэ, федеральнэ бюджетым къыщыгъэлъэгъуахэр абы лъабжьэ худощI. Мэкъумэш, медицинэ, егъэджэныгъэ IэнатIэ-
хэм ехьэлIа лэжьыгъэхэм текIуэдэнур дгъэбелджылымэ, къэралым иджыри ахъшэ республикэм къыхущIигъуну дыщогугъ. Аращи, щIыналъэм и бюджетыр 2023 гъэм зыхуэдэну къэдгъэлъагъуэм иджыри зэхъуэкIыныгъэхэр иIэнущ.
Егоровэ Татьянэ жиIащ республикэм езым и хэхъуэхэр иужьрей зэманым нэхъыбэ хъууэ зэрекIуэкIым хуэдэу 2023 гъэми щытыну къызэрилъытэр. Иджыпсту ар сом мелард 14,2-м нэсыну къагъэлъагъуэ.
Абы дыщIигъуащ республикэм и бюджетым и проектыр зэрызэхагъэувар щIыналъэм и къэрал программэ 24-м къыщыгъэлъэгъуахэр зэрагъэзэщIэнур къэлъытауэ. Республикэм и бюджетым и процент 70-м щIигъур къэрал программэ нэхъыщхьищыр гъэзэщIэным тещIыхьащ.
- Егъэджэныгъэм зегъэужьыным сом мелард 15,9-рэ тедгъэкIуэдэнущ, цIыхухэм защIэгъэкъуэным - сом мелард 13-м щIигъу, узыншагъэр хъумэнымкIэ IэнатIэр егъэфIэкIуэным - сом меларди 8,7-рэ. КъБР-м ФIэкIыпIэ зимыIэ медицинэ страхованэмкIэ и щIыналъэ фондым 2023 гъэм и хэхъуэмрэ къигъэсэбэпыну зыхуеинумрэ зэхуэдэу зэгъэзэхуащ икIи сом мелард 12-м ноблагъэ, - къыхигъэщащ Егоровэм.
КъБР-м экономикэ зыужьыныгъэмкIэ и министр Рахаев Борис тепсэлъыхьащ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм социально-экономикэ зыужьыныгъэу иIэну хуагъэфащэм. Абы и дэфтэрыр IыхьитIу зэхагъэуващ, къалэжьынумрэ абы щIрагъэгъункIэ хъунумрэ къыщыгъэлъэгъуауэ.
Министрым зэрыжиIамкIэ, 2022 гъэм зыхуагъэувыжа къалэнхэр яхуэгъэзащIэмэ, щIыналъэм къилэжьыр сом мелард 242-м нэсынущ. 2025 гъэм и кIэм а бжыгъэр сом мелард 306-м щIигъуну хуагъэфащэ (процент 26,5-кIэ хэхъуэнущ). Апхуэдэ хэхъуэхэр къызыпэкIуэну зыщыгугъыр республикэм и промышленностырщ, мэкъумэш IэнатIэрщ, ухуэныгъэмрэ сатумрэщ.
- 2023 гъэм промышленностым и къалэныр проценти 110,5-кIэ хуэгъэзэщIэну дыщогугъ. Мэкъумэш IэнатIэм дызэрыт илъэсым сом мелард 77,7-рэ зи уасэ къилэжьынущ. 2023 гъэм инвестицэ Iуэхухэм республикэм къыхуихьынур сом мелард 60,4-м тыдощIыхь. 2024 гъэм ар сом мелард 64,6-рэ хъуну худогъэфащэ, 2025 гъэм - сом мелард 68,9-рэ. КъыдэхъулIэнум щIедгъэгъуфынкIэ хъуну къэтлъытэмкIэ а бжыгъэхэр сом мелард 68,6-рэ мэхъу. 2023 гъэм ухуэныгъэ лэжьыгъэ IуэхухэмкIэ къэдлэжьыну ди мурадщ сом мелард 40,8-рэ (щIедгъэгъуфынкIэ хъуну хуэдгъэфащэмкIэ - сом мелард 43,5-рэ), 2025 гъэм - сом мелард 49,2-рэ (е сом мелард 57,3-рэ), - жиIащ министрым.
2023 гъэм сатум зэблигъэкIынум сом мелард 284-рэ къызэщIиубыдэнущ (е сом мелард 291,4-рэ). 2025 гъэм ирихьэлIэу а бжыгъэр сом мелард 356-м нагъэсынущ (е сом мелард 383,3-м). ЦIыхухэм я улахуэр етIанэгъэ ику иту сом мин 38,4-рэ хъуну хуагъэфащэ.
Апхуэдэуи Рахаевым къыхигъэщащ УФ-м и социально-экономикэ зыужьыныгъэр зыхуэдэну хуагъэфащэмрэ къэпщытакIуэхэм къызэрабжамрэ тепщIыхьмэ, инфляцэр хуэмурэ зэрехыжыр.
Министрым къигъэлъэгъуащ республикэм дежкIэ мыхьэнэ зиIэ инвестицэ проектышхуэу 5: Тырныауз вольфрам-молибден къыщIэхыпIэм лэжьэн зэрыщIидзэжынур, Шэджэм районым хуабэщ комбинат къыщызэIухыныр, Iуащхьэмахуэ лъапэ гъэм и сыт хуэдэ зэманми зэрызыщагъэпсэхуну Iэмалхэр къызэгъэпэщыныр, Налшык къалэм «Восточный», «Мэй» хьэблэщIэхэр щыухуэныр, IT-парк къызэIухыныр. Апхуэдэуи ар къытеувыIащ «Гидрометаллург» заводыр зэхуащIыжу IуэхущIапIэм и лэжьыгъэхэр Невинномысск зэрахьынум ехьэлIа лэжьыгъэхэр ирагъэкIуэкIыну къазэрыпэщылъыр.
КъБР-м финансхэмкIэ и министр Лисун Еленэ тепсэлъыхьащ республикэм и бюджетыр 2023 гъэм, 2024 - 2025 гъэхэм зыхуэдэнум. Абы зэрыжиIамкIэ, 2023 гъэм щIыналъэм и хэхъуэхэр сом мелард 52,2-рэ хъунущ, налогхэмрэ нэгъуэщI хэхъуэхэмрэ - сом мелард 14,2-рэ. Налогым щымыщ хэхъуэхэр сом мелард 1,3-рэ хъуну къагъэлъагъуэ. Иужьрейхэр нэхъыбэу къызыхэкIыр къэрал мылъкум щыщ къызэрагъэсэбэпым щхьэщатыкIхэрщ, къуэдыхэрщ, хэщIыныгъэхэм пагъэувыж мылъкухэрщ. Зымыгъэзэж хэхъуэу 2023 гъэм республикэм и бюджетым къыхэхъуэнущ сом мелард 38-рэ.
- 2023 гъэм республикэм сом мелард 55,9-рэ къигъэсэбэпыну хуеинущ. ЦIыхухэм защIэгъэкъуэным сом мелард 11,7-рэ хуэдутIыпщынущ. Улахуэр тыным, школхэмрэ школкIуэгъуэ ныбжьым нэмысахэм я IуэхущIапIэхэмрэ хуаутIыпщ субвенцэхэр хэту, сом мелард 16,3-рэ текIуэдэнущ, - жиIащ Лисун Еленэ. - Къапщтэмэ, социальнэ мыхьэнэ зиIэ Iуэхухэм псоми зэхэту сом мелард 38,2-рэ ихьынущ. Лъэпкъ проектхэр гъэзэщIэным сом меларди 7,9-рэ тедгуэшэнущ. Субсидиехэр 2023 гъэм сом мелард 20,3-рэ мэхъу. ХуэмыщIауэ псэухэм щIыналъэм яхудыщIигъу ахъшэр къызэгъэпэщыным сом меларди 3,8-рэ хухэтхынущ, зи ныбжьыр илъэси 3-м къыщыщIэдзауэ 7-м нэс хъухэм мазэ къэс етт ахъшэр псоми зэхэту сом меларди 2,8-рэ къызэщIеубыдэ, ещанэ сабийрэ нэхъыбэрэ къызыхэхъуэхэм защIэгъэкъуэным - сом мелард 1,4-рэ, курыт еджапIэхэм IэнатIэщIэхэр къыщызэIухыным - сом меларди 2,5-рэ.
Апхуэдэуи министрыр тепсэлъыхьащ мэкъумэш, гъуэгу IэнатIэхэм, ухуэныгъэ Iуэхум трагъэкIуэдэнуми.
КъБР-м и Парламентым БюджетымкIэ, налогхэмрэ финанс IуэхухэмкIэ и комитетым и унафэщI АфэщIагъуэ Михаил къыхигъэщащ щIыналъэ бюджетым и хэхъуэхэмрэ къигъэсэбэпхэм- рэ кIуэ пэтми нэхъыбэ хъууэ зэрекIуэкIыр.
- Къыхэгъэщыпхъэщ 2022 гъэм къриубыдэу республикэм и хэхъуэхэр сом меларди 5-м нэблагъэкIэ нэхъыбэ зэрыхъуар икIи илъэсым и кIэм ар сом мелард 59-м зэрынэсынур. ЩIыналъэм къигъэсэбэпыну зыхуеину бжыгъэр сом мелард 60,9-рэ мэхъу, сом мелард 1,8-м хущощIэ. Гу зэрылъыттэщи, иужьрей илъэсхэм щIыналъэм и хэхъуэхэмрэ къигъэсэбэпхэмрэ я бжыгъэм хэхъуэ зэпытщ, - жиIащ АфэщIагъуэм. - Апхуэдэуи мыхьэнэшхуэ иIэщ республикэм езым и хэхъуэхэм. Коронавирусым зыщиубгъуа зэманым щIыналъэм хэхъуэу сом мелард 11,3-рэ иIащ, 2021 гъэм - сом мелард 13,7-рэ, дызэрыт илъэсым - сом мелард 14-м щIигъум дыхуэкIуэну ди гугъэщ.
АфэщIагъуэм гугъуехьхэм ящыщу къигъэлъэгъуащ налогхэр тэмэму къызэрыхэмыкIыр. 2022 гъэм и пэм щIыхуэу ятелъыр сом мелард 1,6-рэ хъууэ щытащ. Абы щыщу сом мелуан 892-р транспорт налогымкIэ ятелъ щIыхуэрщ.
- Апхуэдэуи республикэм мэкъумэш IэнатIэм зыщегъэужьыным хухэтх ахъшэм илъэс къэс хэдгъахъуэ пэтми, налогхэр къызэратыжыр процент 20-ми нэсыркъым. Апхуэдэ дыдэщ ухуэныгъэ и лъэныкъуэкIи (республикэм и бюджетым сом мелуани 163,3 къудейщ къэкIуар). Туризм IэнатIэм къитар сом мелуан 75,5-щ. Абыхэм къагъэлъагъуэ налог къызэрыхэкIым дызэрелэжьыпхъэр.
АфэщIагъуэм дыщIигъуащ федеральнэ бюджетым къыхэкIыу иужьрей илъэситIым республикэм къэкIуа ахъшэм щыщ ирагъэгъэзэжын хуей зэрыхъуар, къызэрамыгъэсэбэпам къыхэкIыу. Апхуэдэ къэмыхъуным я нэIэ зэрытрагъэтыпхъэр жиIащ къэпсэлъам.
Республикэ бюджетыр зэрызэхагъэува щIыкIэм теухуауэ къэпсэлъащ КъБР-м Къэзыпщытэ-къэзыбж и палатэм и унафэщI КIасэ Динэ, Федеральнэ налог IэнатIэм и управленэу КъБР-м щыIэм и унафэщIым и къуэдзэ Лытнёвэ Наталье сымэ.
ЗэIущIэм щыжаIахэр къэлъытауэ, зэлэжьыпхъэ Iуэхугъуэхэр ягъэбелджылащ. КъБР-м и Правительствэм хуагъэ-
лъэгъуащ республикэм и бюджетым кIуэ налогхэмрэ нэгъуэщI хэхъуэхэмрэ нэхъыбэ зэрыщIыпхъэр, къэрал программэхэр егъэфIэкIуэным я Iэмалхэм егупсысыну. ФНС-м и къудамэу КъБР-м щыIэм пщэрылъ щащIащ налогхэмкIэ щIыхуэхэр къызэрыхахыж щIыкIэм хэкIыпIэщIэхэр къыхуигъуэтыну.
Депутатхэм къыхагъэщащ «КъБР-м и бюджетыр 2023 гъэм, 2024 - 2025 гъэхэм тещIыхьауэ» законопроектыр зэрыдаIыгъыр икIи щэкIуэгъуэм и 24-м КъБР-м и Парламентым иригъэкIуэкIыну зэIущIэм япэ еджэгъуэу ар къащтэну къызэрыщыхалъхьэнур.
КъБР-м ФIэкIыпIэ зимыIэ медицинэ страхованэмкIэ и щIыналъэ фондым и бюджетыр 2023 гъэм зыхуэдэнум зэIущIэм щытепсэлъыхьащ IуэхущIапIэм и унафэщI Бгъэжьнокъуэ Зурьят. Абы къызэригъэлъэгъуамкIэ, IуэхущIапIэм и бюджетым и хэхъуэр 2023 гъэм сом мелард 11,990-рэ хъунущ. Нэхъыбэу ар зытрагъэкIуэдэнур медицинэ Iуэхутхьэбзэхэм я уасэр тынымрэ IэнатIэм и лэжьакIуэхэм я Iэзагъэм зэрыхагъахъуэ программэщIэхэр къызэгъэпэщынымрэщ.