ЩIы Хъурейм и саугъэт нэхъыщхьэр Катар щаIэтынущ

ЩэкIуэгъуэм и 20-м Катарым къыщызэIуахащ футболымкIэ дунейпсо чемпионатыр. Дыгъэгъазэм и I8 пщIондэ екIуэкIыну зэхьэзэхуэм и саугъэт нэхъыщхьэм – дыщэ кубокым – щIэбэнынущ дуней псом щынэхъ лъэщ командэ 32-рэ. ИлъэсиплIым зэ къызэрагъэпэщ дунейпсо зэхьэзэхуэр, тхыдэм зэи къыщымыхъуауэ, КъуэкIыпIэ Гъунэгъум мы гъэм щекIуэкIынущ. 2026 гъэм Америкэм и Штат Зэгуэтхэм, Мексикэм, Канадэм щекIуэкIынум саугъэт нэхъыщхьэм щыщIэбэнынухэм я бжыгъэр командэ 48-м хуагъэкIуэнущ.
Дунейпсо чемпионатхэр зэрекIуэкIрэ мылъку нэхъыбэ дыдэ зытрагъэкIуэдам и къызэIухыныр икъукIэ дахэу, щхъуэкIэплъыкIэу щытащ. ГуфIэгъуэ зэхыхьэм кIэлъыплъхэм захуигъэзащ Катарым и эмир Тамин бин Хамад Аль Тани.
- Катарым, хьэрып къэралым, къикIыу псоми зыфхузогъазэ футболымкIэ дунейпсо чемпионатым хэтхэм. Дэ псори зэдэууэ делэжьащ иджырей зэпеуэр нэхъыфIхэм ящыщ зы хъуным. Лэжьыгъэшхуэ едгъэкIуэкIащ икIи мылъкушхуэ хэтлъхьащ дуней псом ифI къедгъэкIын мурадкIэ. Илъэс куэдкIэ дэтхэнэ зыри дызыпэплъа махуэр къэблэгъащ. ДызыхуэкIуэ махуэ 28-м нэхъ дыхэтынущ топджэгу махуэшхуэхэм, - жиIащ Аль Тани. – Лъэпкъ, дин зэмылIэужьыгъуэхэм я лIыкIуэхэр Катарым къэкIуащ футбол гурыщIэхэр зыхащIэну. Командэхэм джэгукIэ дахэ дагъэлъагъуну, зэманыр гъэщIэгъуэну ягъэкIуэну ди гуапэщ.
ФутболымкIэ дунейпсо чемпионатым и япэ джэгугъуэр, хабзэ зэрыхъуауэ, хэгъэрейхэм я командэр зыхэт зэIущIэмкIэ къызэIуах. Апхуэдэу, хьэрып къэралыгъуэм и Эль-Хаур къалэм дэт «Эль-Бейт» стадионым щекIуэкIа зэпеуэм щызэпэщIэтащ Катарымрэ Эквадорымрэ я командэ къыхэхахэр.
ЗэIущIэм и пэщIэдзэ дакъикъэхэм щегъэжьауэ хьэщIэхэр ебгъэрыкIуэн щIадзащ икIи тепщэныгъэр зыIэщIалъхьащ. ЗэпэщIэтыныгъэм зэрыщIидзэрэ дакъикъищ фIэкIа дэмыкIауэ Катарым и гъуащхьэтетым и щыуагъэкIэ топ къыхудагъэкIащ, арщхьэкIэ футбол мардэхэм темытауэ къэзылъыта судьям ар хибжакъым. Абы нэхъри иригубжьа Америкэ Ипщэм и гуп нэхъыщхьэр къызэрыкIыпат. Абыхэм я ебгъэрыкIуэныгъэр зэтезымыгъэIыгъэф Катарым и гъуащхьэхъумэхэм хабзэр къызэпаудын хуей хъуащ - штрафнойм иту гъуэм хуэкIуэ Эквадорым и гъуащхьауэ Валенсие Эннере ираудащ. Лей къызытехьам дагъуэншэу игъэзэщIащ дунейпсо чемпионатым и япэ пенальтир икIи зэхьэзэхуэм щыдагъэкIа топхэм я бжыгъэр къызэIуихри, и командэр япэ иригъэщащ.
ЗэпэщIэтыныгъэм щыщу сыхьэт ныкъуэ дэкIауэ арат хьэщIэхэм бжыгъэр щагъэбэгъуам. Эквадорым и гъуащхьэхъумэ Пресиадо къыхита топыр Iэзэ дыдэу и хьэрхуэрэгъухэм я гъуэм дигъэкIащ япэ топыр зи IэдакъэщIэкI Валенсие. Чемпионатым и хэгъэрейхэр американ командэм и лъэныкъуэмкIэ зыбжанэрэ кIуэтащ, арщхьэкIэ дэтхэнэ зы ебгъэрыкIуэныгъэми ехъулIэныгъэ къахуихьакъым икIи зэпэщIэтыныгъэм и япэ сыхьэт ныкъуэм къриубыдэу дагъэкIа топ бжыгъэм зэIущIэр иухыху зихъуэжакъым.
Дунейпсо чемпионатхэм я тхыдэм зэи къыщымыхъуауэ, зэхьэзэхуэм и къызэгъэпэщакIуэ командэр япэ дыдэ зэIущIэм къыщыхагъэщIащ.
КъыкIэлъыкIуэ зэIущIэу щэкIуэгъуэм и 25-м зэхэтынум Эквадорыр щыпэщIэтынущ Нидерландхэм я гупым. А махуэ дыдэм Катарым Сенегалыр къригъэблэгъэнущ.
Мы гъэм екIуэкI чемпионатыр хабзэ хъуауэ къыщызэрагъэпэщу щыта мэкъуауэгъуэ - бадзэуэгъуэ мазэхэм трамыгъэхуэну унафэ къащтащ, Катарым дунейр зэрыщыхуабащэр къалъытэри. 20I3 гъэм и жэпуэгъуэм гъэзэщIакIуэ гупым и пщэ далъхьауэ щытащ 2014 гъэм Бразилием щекIуэкIыну дунейпсо чемпионатыр иуха нэужь хуэфэщэн отчёт ягъэхьэзырыну. 20I5 гъэм мазаем и 24-м ФИФА-м и гуп щхьэхуэм къыхилъхьащ зэхьэзэхуэр щэкIуэгъуэм и кIэм къыщыщIэдзауэ мазаем и кIэ пщIондэ ирагъэкIуэкIыну, гъэм и хуабэгъуэр зытехуэ накъыгъэ - фокIадэ лъэхъэнэм иримыхьэлIэн, 2022 гъэм и мазаем зэхэтыну щIымахуэ Олимп джэгухэмрэ гъатхэпэм и Паралимп джэгухэмрэ темыхуэн, мэлыжьыхьым хуэза Рэмэдан мазэм химыубыдэн щхьэусыгъуэхэм къыхэкIыу.
Дунейпсо чемпионат-2022-м и тхыдэр
2022 гъэм екIуэкIыну дунейпсо чемпионатыр къызэзыгъэпэщыну хуейхэм я лъэIу тхылъхэр къыIахын 2009 гъэм и щIышылэм щIадзащ. Спорт лIэужьыгъуэмкIэ лъэпкъ зэгухьэныгъэхэм я тхыгъэхэр 2009 гъэм и мазаем и 2 пщIондэ ягъэхьын хуейт. Апхуэдэ пщIэр къалъысыным щIэбэнащ Австралиер, Япониер, Катарыр, Корее Ипщэр, Америкэм и Штат Зэгуэтхэр.
20I0 гъэм и дыгъэгъазэм и 2-м Цюрих щызэхуэсащ ФИФА-м и гъэзэщIакIуэ комитетыр, цIыху тIощIрэ тIурэ зыхэтыр. Абыхэм къыхахын хуейт дунейпсо чемпионатым и хэгъэрей хъунухэр. IэIэтым щIимыдзэ щIыкIэ ФИФА-м и гъэзэщIакIуэ комитетым хэтхэм ящыщу цIыхуитI хагъэкIащ, абыхэм Iэ зыхуаIэтынухэм пщIэкIэ ягурыIуауэ шэч хуащIри. ИкIэм-икIэжым, 2022 гъэм и дунейпсо чемпионатыр Катарым щрагъэкIуэкIыну траухуащ. ИужькIэ абы псалъэмакъ куэди къыкIэлъекIуэкIащ, ФИФА-р коррупцэм зэщIищтауэ жаIэу, арщхьэкIэ унафэр яхъуэжакъым.
IыхьиплIу екIуэкIа IэIэтым плIыми Катарыр щытекIуащ. Иужьрейуэ зэхэтам щызэпеуащ США-мрэ Катарымрэ икIи 8:I4-у хьэрып къэралым текIуэныгъэр зыIэригъэхьащ.
Командэхэр зэрагъэпэжэнур
Мы гъэм и мэлыжьыхьым ФИФА-м хэIущIыIу ищIащ дунейпсо чемпионатым хэтынухэм я саугъэт фондыр зыхуэдизынур. Апхуэдэу, квалификацэ зэпеуэхэм кIуэцIрыкIа дэтхэнэ зы къэралым и командэми США-м и доллар зы мелуанрэ ныкъуэрэ зэхьэзэхуэм щIимыдзэ щIыкIэ иратынущ, зыгъэхьэзырыныгъэм трагъэкIуэдам пэкIуэу. Псори зэхэту иджырей дунейпсо чемпионатым и саугъэт фондыр США-м и доллар мелуан 440-рэ хъунущ, ар ипэкIэ екIуэкIам нэхърэ доллар мелуан 40-кIэ нэхъыбэщ.
Апхуэдэу дунейпсо чемпионатым пашэныгъэр щызыубыд командэм саугъэту иратынущ доллар мелуан 42-рэ. Дыжьын медалхэр зыIэрызыгъэхьэхэм гупым къылъысу доллар мелуан 30. Зэпеуэм ещанэ, еплIанэ увыпIэхэр щызыубыда командэхэм доллар мелуан 27, 25-рэ саугъэту хуагъэуващ. Медалыншэу къэнауэ, арщхьэкIэ дунейпсо чемпионатым и финалым и Iыхьэ плIанэм щыджэгуа къэралхэм я гупхэм дэтхэнэми къылъысу доллар мелуан 17 иратынущ. Гуп зэхьэзэхуэхэм къыхэкIыу епщыкIуханэ раундым фIэмыкIыфа командэхэр доллар мелуан 13-кIэ къагъэгугъащ. Мы дунейпсо чемпионатым ехъулIэныгъэ щызыIэрамыгъэхьэфами, абы зэрыхэта къудейм папщIэ иужьрей командэ 16-м дэтхэнэми къылъысу доллар мелуан бгъурыбгъу къаIэрыхьэнущ.
Дунейпсо чемпионатым хагъэхьакъым
Карпин Валерий и гъэсэнхэм 2022 гъэм Катарым футболымкIэ щекIуэкIыну дунейпсо чемпионатым хэтынухэр къыщыхах квалификацэ зэIущIэхэм зыхэта гупым етIуанэ увыпIэр щаубыдащ. Урысей Федерацэм япэ ищат Хорватием и командэр. Япэ увыпIэрат урысейхэр ЩIы Хъурейм и зэпеуэм занщIэу кIуэну Iэмал къезытыр. ЕтIуанэ увыпIэр зыубыда гупым иджыри зэпэщIэуэ зэIущIэхэр иригъэкIуэкIыну къыпэщылът. Мы гъэм и гъатхэпэм и 24-м ди къэралым и футбол командэ нэхъыщхьэр апхуэдэ зэIущIэхэм я япэ финал ныкъуэм хиубыдэу Мэзкуу щыдэджэгун хуеящ Польшэм и командэ къыхэхам, етIуанэ финал ныкъуэм Чехиемрэ Швециемрэ IущIэн хуейт.
Ди къэралым Украинэм щригъэкIуэкI дзэ операцэ хэхам щIидза нэужь Польшэм футболымкIэ и федерацэм и унафэщIхэм Чехиемрэ Швециемрэ щыIэ я лэжьэгъухэр къагъэдэIуащ Урысейм драгъэкIуэкIын хуей зэIущIэхэм хэмытыну. КъыкIэлъыкIуэу, дыдейхэр дунейпсо зэхьэзэхуэхэм хэтынымкIэ зэрымыарэзыр къагъэлъэгъуащ адрей къэралхэм я федерацэхэми. Арати, ФутболымкIэ дунейпсо федерацэмрэ (ФИФА) Европэм и футбол зэгухьэныгъэхэм я союзымрэ (УЕФА) урысей командэ псори (гуп къыхэхахэри клубхэри) дунейпсо зэхьэзэхуэхэм хамыгъэтыну унафэ къащтащ.
ФокIадэм и кIэм ди командэм Бишкек ныбжьэгъугъэ зэIущIэ щыдригъэкIуэкIащ Къыргъызым и командэ къыхэхам. Ди футболистхэр 2:I-уэ щытекIуа зэIущIэр япэ хъуащ урысей командэр зэхьэзэхуэшхуэхэм къызэрахагъэкIрэ. ЩэкIуэгъуэм и I9-м траухуауэ щытащ Босниемрэ Герцеговинэмрэ драгъэкIуэкIыну ныбжьэгъугъэ зэIущIэр, арщхьэкIэ жэпуэгъуэм и 3I-м къэралым и футбол зэгухьэныгъэм унафэ къищтащ урысейхэм къадэмыджэгуну.
Дызэрыт мазэм и 17-мрэ 20-мрэ Урысейм и командэр Таджикистанымрэ Узбекистанымрэ я гуп нэхъыщхьэхэм ядэджэгуащ. ЗэIущIитIри гупхэм бжыгъэр къызэIуамыхауэ, 0:0-у, иухащ.
Дунейпсо чемпионатхэм зэи къыщымыхъуауэ
2022 гъэм футболымкIэ и дунейпсо чемпионатыр къызэгъэпэщыным доллар мелард 300-м нэблагъэ текIуэдащ. Абы щыщу доллар меларди 6,5-рэ хухахащ стадионхэр, командэхэмрэ гупхэм къыдэщIхэмрэ къыщыувыIэнухэр, зыгъэсэныгъэхэр щрагъэкIуэкIынухэр яухуэным.
Хьэрып къэралыгъуэм и унафэщIхэм зэрыжаIамкIэ, дунейпсо чемпионатыр Катарым 2030 гъэ пщIондэ зэрызиужьыну программэм щыщ Iыхьэщ. Абы къызэщIеубыдэ къалэхэмрэ промышленностымрэ зегъэужьыныр, егъэджэныгъэ, узыншагъэр хъумэн IэнатIэхэр егъэфIэкIуэныр. Доллар мелард 200 бжыгъэу дунейпсо чемпионатым ирапхыр, ипэжыпIэкIэ лъэпкъ зыужьыныгъэшхуэ стратегиемрэ Катарыр егъэфIэкIуэнымрэ хохьэ. «2022 гъэм командэхэмрэ абыхэм къадэщIхэмрэ къагъэсэбэпыну гъуэгущIэ, метро, кхъухьлъатэ телъэтыкIыпIэ-къэтIысыжыпIэхэр, хьэщIэщхэр, турист ухуэныгъэхэм хуэдэ инфраструктурэ проектышхуэхэр дунейпсо чемпионатыр едгъэкIуэкIыну хуитыныгъэ къытлъымыс ипэкIэ дубзыхуауэ щыта Iуэхугъуэхэщ», - жиIащ зэхьэзэхуэр къызэгъэпэщынымкIэ гъэзэщIакIуэ унафэщI Фатма Аль-Нуайми.
Футболым и тхыдэм уриплъэжмэ, 2018 гъэм Урысей Федерацэм щекIуэкIа дунейпсо чемпионатым и къызэгъэпэщыным текIуэдауэ щытар доллар мелард 11,6-рэщ. Катарым къыкIэлъыкIуэу нэхъ лъапIэ дыдэу щытар 2014 гъэм Бразилием щызэхэта зэхьэзэхуэрщ (доллар мелард 15), адэкIэ къыкIэлъокIуэ 2002 гъэм Япониемрэ Корее Ипщэмрэ (доллар меларди 7), 2006 гъэм Германием (доллар меларди 4,3-рэ), 20I0 гъэм ЮАР-м (доллар меларди 3,6-рэ) щекIуэкIахэр.
1930 гъэм къыщыщIэдзауэ илъэсиплI къэс зэ къызэрагъэпэщ футболымкIэ дунейпсо зэхьэзэхуэшхуэм нэхъыбэ дыдэрэ и кубок нэхъыщхьэр зыIэтар Бразилием и командэ къыхэхарщ. 1958, 1962, 1970, 1994, 2002 гъэхэм Америкэ Ипщэм и футболистхэр ЩIы Хъурейм нэхъыфI щыхъуащ. ФРГ-м, иужькIэ Германиемрэ Италиемрэ я командэ нэхъыщхьэхэр плIэрыплIэ дунейпсо чемпион хъуащ.

Жыласэ Замир.
Поделиться:

Читать также: