Тхылъым и етIуанэ гъащIэ

Вэрокъуэ Владимир и цIэр зезыхьэ ЩэнхабзэмкIэ фондым иджыблагъэ утыку къыщрахьащ Къаныкъуэ Саадулэ и Iэдакъэ къыщIэкIа «Девушка из Ленинграда» («Ленинград къикIа хъыджэбз») тхылъыр урысыбзэкIэ.

«Налшык - тхылъаджэ къалэщ» проектым хэту къызэрагъэпэща пшыхьым цIыхур щыкуэдт. 1965 гъэм урысыбзэкIэ, 1971 гъэм адыгэбзэкIэ дунейм къытехьауэ щыта романыр мы гъэм и мэлыжьыхь мазэм щIэрыщIэу къыдагъэкIыжащ. Романыр зэрыщыту урысыбзэкIэ зэдзэкIауэ иджыщ япэу дунейм къыщытехьар.

ЩэнхабзэмкIэ фондым тхакIуэм и благъэ-Iыхьлыхэр, щIэныгъэлIхэр, журналистхэр, литературэр фIыуэ зылъагъухэр, студентхэр щызэхуэсат.

ЗэIущIэр къызэIуахащ ЩэнхабзэмкIэ фондым и унафэщI Мэкъуауэ Люазэрэ «Общество книголюбов» жылагъуэ зэгухьэныгъэм и унафэщI Шинкарёвэ Натальерэ. Ахэр Къаныкъуэм и IэдакъэщIэкIым тепсэлъыхьащ. Фигу къэдгъэкIыжынщи, Хэку зауэшхуэм цIыхухэм къахуихьа гузэвэгъуэмрэ гужьейгъуэмрэ IупщIу уи нэгу къыщIэзыгъэувэ художественнэ тхыгъэхэм ящыщщ мыр. Къэпсалъэхэм щхьэхуэу и гугъу ящIащ Мэремкъул Ларисэ Iэзэу ар урысыбзэкIэ зэрызэридзэкIам. Абы псалъэ къэс я мыхьэнэр зэримыгъэкIуэдыным хущIэкъуу, гупсысэ нэхъыщхьэр щIэджыкIакIуэм деж нихьэсыфащ.

Филологие щIэныгъэхэмкIэ доктор, КъБР-м щIэныгъэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Алъхъэс Светланэ къыщыпсалъэм Совет зэманым ятха куэдым мы романыр къащхьэщокI зауэм къыщIигъэпхъуахэм я гугъу зэрыщищIамкIэ.

- А лъэхъэнэм ятха литературэ тхыгъэхэм щыпэрытыр цIыху щхьэхуэм и гъащIэмрэ и насыпымрэт. ТхакIуэм хузэфIэкIащ зауэр нэгъуэщIу къигъэлъэгъуэн. Ленинград къикIа хъыджэбз цIыкIум и нэкIэ дэ долъагъу зауэм и плъыфэр и дыджыр. Романым щIэлъ гупсысэри ар гъэпса зэрыхъуари гъэщIэгъуэнщ, Куэду сыщыгуфIыкIащ ар щIэджыкIакIуэм и пащхьэ бзитIкIэ зэрыралъхьам. Сэ сызэреплъымкIэ, мы тхыгъэр Къэбэрдей-Балъкъэрым и мызакъуэу ди къэралым и тхакIуэ нэхъ цIэрыIуэхэм я IэдакъэщIэкIхэм бгъурыбгъэувэ хъунущ.

КъБР-м щIыхь зиIэ и журналист, КъБР-м и Къэрал саугъэтым и лауреат Котляров Виктор къыщыпсалъэм романыр щатха лъэхъэм тепсэлъыхьащ.

-Зы дакъикъэкIэ фи нэгу къыщIэвгъыхьэт а лъэхъэнэхэм цIыхухэм я фэм дэкIар зыхуэдизыр,- жеIэ Виктор. - Нэмыцэм яубыда щIыпIэхэм къыщекIуэкIыр егъэлеяуэ шынагъуэт. Романым къыщыхьа зы Iуэхугъуэ тхыдэми къыщыгъэлъэгъуэжащ. Госпиталхэм цIыхур щIэмыхуэу щIэлъти, къалэм дэс цIыху къызэрыгуэкIхэм уIэгъэ хьэлъэ хъуа сэлэтхэр къащтэну хуит ящIат. ЩэнхабзэмкIэ фондым и унэ дызыщIэсыр нэмыцэхэм госпиталу яIыгъащ. Зауэм кърихужьауэ Налшык къалэм цIыху мин 12 щыIащ. Абыхэм ящыщ куэд нобэми къэнауэ ди деж щопсэу. Къаныкъуэ Саадулэ и тхылъыр и унэм пэIэщIэ хъуа хъыджэбз цIыкIум и гъащIэм, ар зыхэхуа цIыхуфIхэм я фIыгъэкIэ къызэрелам теухуащ. Мы тхылъыр гужьеигъуэм ит цIыхухэр зэрызэкъуэувам, абыхэм къалъыкъуэкIа цIыхугъэ иным теухуащ.

ЗэIущIэм и кIэухым къызэхуэсахэм захуигъэзащ тхакIуэм ипхъу усакIуэ, драматург, «Горянка» газетым и редактор нэхъыщхьэ Къаныкъуэ Заринэ.

И адэм и тхылъыр япэу дунейм къыщытехьам иращIэкIауэ щыта пшыхьыр игу къигъэкIыжащ Заринэ.

- СощIэж а пшыхьым си адэм и романыр щигуэшауэ зэрыщытар. Тхылъым еджахэр «Адыгэ псалъэ» газетым щытепсэлъыхьауэ щытащ, романыр «Iуащхьэмахуэ» журналми къытрадзат. Си адэм къыхуэмыгъэсу пэплъат ар урысыбзэкIэ зэрадзэкIыу дунейм къыщытехьэнум, ауэ ди жагъуэ зэрыхъунщи, ар ягъэкIэщIри, повесть хуэдиз хъууэт къызэрыдэкIар. Абы яужь илъэс куэд дэкIауэ а мурадыр къызэхъулIэнымкIэ сэ щIэгъэкъуэн къысхуэхъуащ зэдзэкIакIуэ Маремкъул Ларисэ, тхылъ тедзапIэм и унафэщI Котляров Виктор, дизайнер-сурэтыщI Щоджэн Жаннэ сымэ. Си дежкIэ мыхьэнэшхуэ иIэщ си адэм и тхылъыр щIэрыщIэу къызэрыдэкIыжам,- жиIащ абы. Къаныкъуэм щхьэхуэу фIыщIэ хуищIащ Шинкаревэ Наталье.

Къызэхуэсахэм романыр ягу зэрырихьар къомыщIэнкIэ Iэмал имыIэу, тхылъым тепсэлъыхьащ, зэпкърахащ, абы къыщыхъуа Iуэхугъэхэм и гугъу ящIу иджыри куэдрэ зэхэсащ. Тхылъхэр (адыгэбзэкIи урысыбзэкIи) къыдэзыгъэкIар тхакIуэм и унагъуэращ, ахэр ди республикэм ит библиотекэхэм хуагуэшащ.

ТЭРЧОКЪУЭ Дисэ.
Поделиться: