ЛэжьакIуэ нэхъыфIхэр ягъэпажэ
Я къалэнхэр дагъуэншэу зэрагъэзащIэм, зыIэрагъэхьа ехъулIэныгъэхэм папщIэ «МВД-м пщIэ зиIэ и лэжьакIуэ» бгъэхэIу дамыгъэр къыхуагъэфэщащ КъБР-м щыIэ МВД-м я щхьэ шынагъуэншагъэмкIэ и IэнатIэм и къэлъыхъуэныгъэ частым и унафэщIым. Урысей МВД-м и «Къулыкъум къыщигъэлъэгъуа хахуагъэм папщIэ» медалыр иратащ министерствэр финансхэмкIэ къызэгъэпэщынымкIэ и центрым и унафэщIым, къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ министерствэм полицэм и участковэ уполномоченнэхэм я лэжьыгъэр къызэгъэпэщынымкIэ, балигъ мыхъуахэм я IуэхухэмкIэ и къудамэм и инспектор нэхъыжьымрэ КъБР-м щыIэ МВД-м Наркотикым пэщIэтынымкIэ и управленэм и оперуполномоченнэ нэхъыжьымрэ. Урысей МВД-м и ЩIыхь тхылъхэр хуагъэфэщащ къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ министру КъБР-м щыIэм и къуэдзэм и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэмрэ ведомствэм ЩэнхабзэмкIэ и центрым и унафэщIымрэ. Урысейм Къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ и министр, полицэм и генерал Колокольцев Владимир къыбгъэдэкI фIыщIэ тхылъхэр иратащ республикэм къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ и щIыналъэ органхэм дознаниемкIэ и IэнатIэхэм я лэжьакIуитIым - Май, Аруан районхэм щыIэ МВД-м и къудамэхэм щылажьэхэм.
Поделиться:
Читать также:
13.11.2025 - 16:33 →
Я лэжьыгъэхэм топсэлъыхь
13.11.2025 - 16:00 →
ЛIыхъужьым и фэеплъу
13.11.2025 - 15:36 →
Шэджэм къалэм и уэрамхэр
13.11.2025 - 15:22 →
Комбатым и лIыгъэ
13.11.2025 - 14:50 →
ЩIэблэ узыншэ-2025
| ||




Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ министру щыIэ, полицэм и генерал-лейтенант Павлов Василий ехъуэхъуащ дамыгъэ лъапIэхэр зыхуагъэфэща я лэжьакIуэхэм.