Пэжымрэ пцIымрэ

 Катарым щокIуэкI футболымкIэ дуейпсо чемпионатыр. ЗанщIэуи гурыIуэгъуэ хъуащ ар нэхъ къаугъэшхуэ къызэрыкIа апхуэдэ зэхьэзэхуэу тхыдэм къызэрыхэнэнур. Псом япэу гурыIуэгъуэкъым планетэм и спорт зэхыхьэ нэхъыщхьэр мы къэрал цIыкIунитIэм щIахьар. Егъэлеяуэ зэрыкъулейр ара? Арагъэнущ, ауэ депIэщIыкIынкъым.

 КъухьэпIэр къыщIыхуэдзэлашхэм и щхьэусыгъуэр мис а Катарыр газ и лъэныкъуэкIэ США-м къыхуигъэувар зэримыгъэзэщIам нэхъыбэу халъагъуэ. АрщхьэкIэ абы и закъуэкъым: нэгъуэщIхэри щыIэщ.

ФИФА-м и штаб-фэтэрым и гупэм и деж мы гъэм и мэлыжьыхьхэм пэкIу щрагъэкIуэкIащ мыарэзыхэм. Унэм и гъунэгъуу щагъэтIылъащ  пшахъуэ зэрылъ  къэп  цIыкIухэу 6500-рэ апхуэдиз цIыху хэкIуэдауэ жаIэ Катарым спорт ухуэныгъэхэр щрагъэкIуэкIым. Ар щIэдзапIэ къудейт-абы лъандэрэ апхуэдэ пэкIухэр зэпыуркъым Данием и командэ хэхар чемпионатым хэтщ фащэ фIыцIэ щыгъыу, Франджым абы гулъытэу щыхуащIыр мащIэщ.

Языныкъуэхэм цIыху мин I5 ухуэныгъэхэм хэкIуэдауэ жаIэ. Дэтхэнэра пэжыр? Ар зыми къибжакъым.

 Катарым и властхэм бжыгъитIри ядэркъым. Ухуэныгъэ псоми лэжьакIуэ мелуани 2-м щIигъу пэрытащ: Индиемрэ Пакистанымрэ къикIахэр  нэхъыбащ (дэтхэнэми процент 22-рэ хуозэ), апхуэдэу Непалым, Ираным, Азием щыщ нэгъуэщI къэралхэм я цIыхухэри щыIащ. Абы щыгъуэми, щIауэфэркъым зыгуэрхэр зэрахэлIыкIар.

АрщхьэкIэ къухьэпIэ газетхэр зэщIэвуащ. Абыхэм традзэ тхыгъэхэм къызэрыщыгъэлъэгъуамкIэ, лэжьакIуэхэр ипэжыпIэкIэ пщылIыпIэ итащ. Абыхэм зы мазэм ику иту иратыр катар пиал 50 хуэдизт (сом мин 12,5-рэ), ари ягъэгувэрт. АрщхьэкIэ зэгурыIуэныгъэм щыубзыхуа пIалъэр къэмысу кIуэжи е IэнатIэр яхъуэжи хъунутэкъым. Ауэ пэжым хэт щыгъуазэр? Катарым и унафэщIхэм жаIащ 2017 гъэм ахэр кIуэжынуи, я лэжьыгъэр яхъуэжынуи хуит ящIауэ,  зыгъэлажьэхэм ягъэшхэну я пщэ далъхьауэ, мазэ къэси риал 800 улахуэу хуагъэувауэ щытауэ.

НэгъуэщIхэри Iуэхум къыхыхьащ. Исламым ткIийуэ щытет къэралым цIыхухъумрэ цIыхубзымрэ щызэгъусэну хуиткъым нэчыхьыншэу. Ар зы. ЕтIуанэрауэ, мыбы фадэр хьэрэм щащIащ. АтIэ яхуеблэгъахэр дауэ хъуну пивэншэу. Иджыри къэс зы чемпионати щыIакъым стадионхэм  пивэ щамыщэу. Ещанэрауэ, мыбы хуабжьу щахуолъэ чейкIэ зэджэхэм. Урысейм и Къэрал Думэм ЛГТБ-м теухуа хабзэр щагъэувар иджыщ, ауэ Катарым куэд щIауэ апхуэдэхэр илъэс 12-15-кIэ щагъэтIыс, е, нэхъыкIэжыращи, щаукI. Абы щыгъуэми, ар КъухьэпIэм и лъапIэныгъэхэм ящыщщ.

 Псори - чемпионатыр пшахъуэщIым зыхьахэри  ар иригъэкIуэкIыным щIэбэна хэгъэрейхэри  -щIегъуэжауэ къыщIэкIынущ. ЗэкIэ ар фадэншэу йокIуэкI ипэрей комсомол хьэгъуэлIыгъуэхэм хуэдэу.

АтIэ къызэгъэпэщакIуэхэм ар ящIэртэкъэ? Абы егъэщIылIауэ гъэщIэгъуэнщ ФИФА-м и президенту щыта Блантер Зепп къиIуэтэжар. КъызэрыщIэкIымкIэ, иджырей зэпеуэхэр щызэхыхьэн  хуеяр США-рт. АрщхьэкIэ Iуэхум хыхьащ Катарым и Эмир Талии бин Хамал Аль Тини. А зэманым Франджым и президенту щыта Саркози Николя и пащхьэм абы къалэн зыщищIыжащ а къэралым ПСЖ футбол клубыр езым и ахъшэкIэ щиIыгъыну, Париж псы спорт кIэнауэ щиухуэну. Апхуэдэу зэгурыIуащ Франджым зэрызауэ кхъухьлъатэхэр Катарым ищэхуну.

АдэкIэ хьэрыпхэм ядэIэпыкъуар УЕФА-м и президенту щыта, футболист гъуэзэджэ Платанищ. ИужькIэ Блантер абы еупщIащ: «Катарыр  щхьэ пхыбгъэкIа?» Мыдрейм жэуап итыжащ: «Уэ сытыт пщIэнур уи къэралым и президентыр къолъэIуамэ?»

Аргуэру нэгъуэщI къэугъэи къэхъеящ: иджы Катарым и  командэ къыхэхахэр ягъэкъуаншэ чемпионатым и япэ зэIущIэр ахъшэкIэ къихьэхуауэ. Апхуэдэу къызэхэнащ спортыр.

                                                      

  Махъшокъуэ Мухьэмэд.
Поделиться:

Читать также: