ПцIым зэманыр гугъусыгъу ещI

Мамлюк сулътIан Къаитбей и зэманым емынэ узым зиубгъуауэ щытащ, цIыхушхуэ илIыкIыу. Жэщ гуэрым ЛIыкIуэ лъапIэу Алыхьталэм и фIэхъусымрэ хъуэхъумрэ зытIеIуар зыгуэрым пщIыхьэпIэу къыхуэкIуэри, мыпхуэдэу къыжриIащ: «Куэд дэмыкIыу, емынэ узыр къыфтеуэнущ. МахуиблкIэ зэкIэлъыпыту нэщI фIыгъыну цIыхухэм си чэнджэщ ялъэбгъэIэсыну къалэн пщызощI».

Мысырым щыпсэухэм куэд къахэкIащ а чэнджэщыр унафэу къалъытэу, зыгъэтыншыным пэIэщIэ зызыщIа. ИтIани, щIыналъэм гузэвэгъуэр къыхуигъэкIуат емынэ узым. Иужьрейуэ уз зэрыцIалэ хэгъэгум щишэчар илъэс пщыкIух ипэкIэт. А пIалъэ кIыхьым Мысырым гъуни нэзи имыIэжу хабзэншагъэшхуэ щекIуэкIащ. Мамлюкхэм цIыхубэр гугъу зэрырагъэхьым нэмыщIыж, фадэм, зинэм, ахъшэтелъхьэм, иджы «адрейхэм емыщхькIэ» зэджэм хуэерыщхэр куэд хъуат. Бегъымбар лъапIэу щэлатымрэ сэламымрэ зэхам и нэгъуэщI зы жыIэгъуи кърахьэкIырт, къэхъуам и щхьэусыгъуэр къыбгуригъаIуэу: «Лъэпкъым икIагъэм зритамэ, и кIуэдыжыгъуэр къэсауэ аращ». Дин щIэныгъэлI Ибн Хьэджэр Шихьабудини жиIэу щытащ: «Нэмысыр зинэм и кIуэдыжыгъуэм щIохъуэпс. Абы и тезырыр къэгувэмэ, зинащIэхэр яукIыну Алыхьталэм жинхэм унафэ яхуещI. Ар щэхуу ящIамэ, жинхэми я Iуэхури щэхуу ялэжь, зыми имылъагъуу. Тезырыр зы хабзэ зызымыхъуэжым тетщ: къуаншэми захуэми тохуэ. Алыхьталэм и гущIэгъур наIуэ къыщыхъур щхьэж игу илъам елъытауэ захуагъэр щытепщэ Къемэт Махуэрщ». Ибн Масуд и псалъэхэри къэпхьыну игъуэщ: «МыхъумыщIагъэм уэгъу къешэ. Зинэм зиубгъумэ, емынэ узыр къожьэ. ПцIы куэдым зэман гугъу (фитIнэ) кърокIуэ».

ЧЭРИМ Марианнэ.
Поделиться:

Читать также: