Лъэпкъ тхыбзэм и къежьапIэр

Урыс-кавказ зауэр щекIуэкI илъэс псэзэпылъхьэпIэхэм лъэпкъым и щ1эныгъэ гъуэгур пхызыш япэ лъэбакъуэхэр ичу щIидзащ. ТегъэщIапIэ, хэкIыпIэ пыухыкIахэр имыIэу ар зэрымыщIэкIэ е нэгъуэщI лъэпкъхэм я жэрдэмрэ дэIэпыкъуныгъэ къудейкIэ къежьакъым. Ар зи фIыщIэр езы адыгэ лъэпкъым игъуэта зыужьыныгъэр, къызэрызэщыуар, зэрылъэпкъыр, адрейхэм зэрахуэдэр, щIэныгъэм и мыхьэнэр, пылъ фIыгъуэр къызэрыгурыIуар арауэ къелъытэ профессор ХьэкIуащэ Андрей.

Апхуэдэ зэхэщIыкI, Iуэху-еплъыкIэхэр лъэпкъым и цIыхухэм ягъуэтынри къыгуэхыпIэ имыIэу епхащ бгырыс гъащIэм къыщыхъуа зэхъуэкIыныгъэхэм. Абы и лъэныкъуэкIэ япэуи гу зылъытапхъэр екIуэкI зауэ гущIэгъуншэм, Iэмалыншагъэм къыхэкIыу, адыгэхэм къэралыгъуэ щхьэхуэхэм зыпащIэн хуей зэрыхъуарщ, я закъуэу псэуныр IэщIыб зэращIарщ, ахэр хамэ лъэпкъхэм я псэукIэм нэIуасэ зэрахуэхъуарщ, япэ анэмэт, муслъымэн еджапIэхэр хэкум къызэрыщызэIуахарщ, щIэныгъэ зиIэ лъэпкъым и цIыхухэм къахэкI зэрыхъуарщ.

Щапхъэ хуэхъун, дэIэпыкъуэгъу гуэр имыIэу зы лъэпкъи и щIэныгъэ Iуэхур зэфIэувэркъым. Адыгэ щIэныгъэм тегъэщIапIэ хуэхъуар, лъэныкъуэ зэхуэмыдэ куэдкIэ абы зыкъыщIэзыгъэкъуар КъуэкIыпIэ лъэпкъ щIэныгъэмрэ урыс щэнхабзэмрэщ. Адыгэ лъэпкъым языныкъуэ и цIыхухэм, нэхъыбэуи гъэпщылIакIуэхэм я бынхэм, муслъымэн щIэныгъэ зэрагъэгъуэт (Нэгумэ Шорэ, ЩэрэлIокъуэ Наутокъуэ, Берсей Умар), адрейхэр урыс еджапIэхэм щоджэ, а лъэпкъым и бзэмрэ и щэнхабзэмрэ куууэ щыгъуазэ зыхуащI (Къаз-Джэрий Сулът1ан, Хъан-Джэрий, ХьэтIохъущокъуэ Къазий, КIашэ Адылджэрий).

Лъэпкъым и цIыху пэрытхэм зэпыщIэныгъэ гуэри яку дэмылъу, языхэзми игу къокI адрей лъэпкъхэм куэд щIауэ къагъэсэбэп тхыбзэр къыдалъхуахэм яIэн, абыкIэ ахэм щIэныгъэ етын хэрыхуейр, арыншамэ зыхэт кIыфIыгъэм ахэр къызэрыхэмыкIыфынур. А зэманым гъащIэм щытепщэу щыта зэхэщIыкI-гупсысэхэм тещIыхьауэ, ахэм къалъытэрт лъэпкъым и цIыхухэм щIэныгъэ ягъуэтмэ, зыхэт кIыфIыгъэри, нэгъуэщIхэм къазэрыкIэрыхури, яшэч тхьэмыщкIэгъуэшхуэри, кърапэс лей-залымыгъэхэри абы щхьэщихыну.

Адыгэ узэщIакIуэхэр урысхэм къахэкIахэм я и гъукIэгъэсэнщ, ар нэхъыбэуи зытетар абы и Iуэху еплъыкIэхэрщ. Ауэ зыхуагъэувыжа къалэн и лъэныкъуэкIэ, а тIуми зэщхьэщыкIыныгъэхэр яIэщ.

Урысей узэщIакIуэхэр пщылIыпIэр техыным, мэкъумэшыщIэ мелуанхэр щхьэхуит щIыным ерыщу щIэбэнамэ, адыгэ щIэныгъэлIхэм а Iуэхум гулъытэ щIагъуэ хуащIакъым, лъэпкъым и цIыхухэр щIэныгъэм ешэлIэныр нэхъыщхьэу, абыхэм я гугъапIэ псори къыдэкIуэну  къалъытэрт.

Япэ адыгэ узэщIакIуэхэм языхэзми щIэныгъэ зэрызригъэгъуэта бзэм тещIыхьауэ лъэпкъыбзэм тхыбзэ хузэхилъхьащ, алыфбей, зэджэн тхылъхэр игъэхьэзыращ, анэдэлъхубзэр и лъабжьэу еджапIэ къызэригъэпэщащ, языныкъуэхэм я щхьэкIэ а къалэн мытыншыр ягъэзащIэуи щIадзащ. Хэбгъэзыхьмэ, лъэпкъ узэщIакIуэхэр абыи къыщызэтеувыIэркъым - абыхэм я цIэ лъапIэхэм къыгуэхыпIэ имыIэу епхащ адыгэ литературэм япэ и лъэбакъуэхэри, 19-нэ лIэщIыгъуэм и пэщIэдзэхэм ар зэрызэфIэувари. Лъэпкъ художественнэ литературэм и лъабжьэгъэтIылъхэм ящыщу языныкъуэхэм я тхыгъэхэр анэдэлъхубзэкIэ ятхыу щIадзамэ, адрейхэм IэмалыншагъэкIэ хамэбзэ къагъэсэбэпу хуожьэ, я тхыгъэхэр адыгэбзэкIэ къыдэзыгъэкIыни абы къеджэфыни зэрыщымыIэм къыхэкIкIэ. Ауэ а гупитIми я лэжьыгъэмхэкIыпIэ хуэхъур, зы лъэныкъуэкIэ, адыгэ IуэрыIуатэрщ, абы и хъугъуэфIыгъуэрщ, адрей лъэныкъуэкIи, нэхъ зызыужьа лъэпкъхэм, псом япэуи урысхэм, я художественнэ тхыгъэ къулейрщ.

Япэ адыгэ узэщIакIуэхэм литературэм и жанр зэмылIэужьыгъуэхэр къагъэсэбэпурэ лъэпкъ гъащIэр  къагъэлъагъуэу щIадзэ.  

Нэхъ пасэм лъэпкъ тхакIуэхэм гъэпщылIакIуэхэм я лIыкIуэхэр къэгъэлъэгъуэным я нэIэ нэхъ тетамэ, иужькIэ, гугъехьакIуэ цIыхубэм зэфIэкI мыкIуэщIыж бгъэдэлъыр къазэрыгурыIуам и щыхьэту, ахэм къызэрыгуэкI лэжьакIуэм, абы и гъащIэм, и гурылъ-гурыщIэм гулъытэ лей хуащIу, ахэр нэхъ ехьэжьауэ къагъэлъагъуэу хуожьэ. Зэхуэдэкъым, зэщхьэщыкIыныгъэ яIэщ япэрей адыгэ тхакIуэхэм лъэпкъ гъащIэр къызэрагъэлъагъуэми.

Урыс литературэм ижь уэр зыщIихуа языныкъуэ тхакIуэхэм екIуэкI гъащIэр романтизмэм и Iуэху еплъыкIэм тету егъэлеяуэ, Iэтауэ къагъэлъэгъуамэ, икIи псори зыхузэфIэкI, дагъуэ зимыIэ лIыхъужь къэмылэнджэжхэр зэрагъэпэщамэ, иужьыIуэкIэ лъэпкъ литературэм къыхохьэ къызэрыгуэкI цIыхум и псэукIэ пэжыр, хьэл-щэн нэхъыфIхэр, и гурылъ-гурыщIэхэр куууэ зыхэпща, зыдэплъагъу образ хьэлэмэтхэр.

БлэкIа зэман жыжьэхэм адыгэ гъащIэм и щытыкIэ пэжыр къызэрызэтрагъэнам, лъэпкъым и цIыхухэм а лъэхъэнэм яхэлъа хьэл-щэнхэр, яIа гуращэ-хъуэпсапIэхэр ди деж къызэрахьэсам а тхыгъэ гъуэзэджэхэм я пщIэр пхужымыIэну яIэт, абыхэм я фIыгъэкIи иджырей лъэпкъ тхылъеджэхэм щыгъуазэ зыхуащI адэжь-анэжь пасэм псэуахэм я гъащIэм.

Япэ лъэпкъ узэщIакIуэхэм къыдалъхуахэм къулеигъэ телъыджэхэр къыхуагъэнащ, ахэм языхэзми и мыхьэнэр пхужымыIэну инщ икIи ахэрщ зыужьыныгъэфIхэр ди зэманым зыгъуэта лъэпкъ щIэныгъэм, литературэм, зэрыщыту щэнхабзэм лъабжьэ хуэхъуар.

Адэжь щIыналъэм къина адыгэхэм я закъуэкъым лъэпкъ щIэныгъэр къэIэтынымрэ нэхъыжьхэм зэрагъэпэща хъугъуэфIыгъуэмрэ хъумэным, зегъэужьыным 19-нэ лIэщIыгъуэм егупсысар, яужь итар. Я насыпыншагъэ къикIыу а илъэсхэм Тыркум, хьэрып къэралхэм къыщыхута адыгэ мыхьэжырхэми, хамэ щIыпIэм ущыпсэууэ ахэр пщIэныр сыт хуэдизу мыхьэлъэми, зи лъахэр зымыбгынахэми ещхьу, я анэдэлъхубзэм тхыбзэ хузэхалъхьэ, сабийхэр зэреджэн тхылъхэр ягъэхьэзыр, къызэрагъэпэща хасэхэм ар щаджу щIадзэ, я бзэмкIи зыхэс лъэпкъхэм я бзэмкIи художественнэ тхыгъэ гъэщIэгъуэнхэр ятх, языныкъуэхэм тырку, хьэрып литературэхэм хэлъхьэныгъэ инхэр хуащIыныр яхузэфIокI.

Адыгэ лъэпкъым и цIыху пэрыт Iэджэ я псэ емыблэжу илъэсищэм щIигъукIэ яужь итащ къыдалъхуахэр зыхэт кIыфIыгъэм къызэрыхашыным, щIэныгъэм и гъуэгу нэхум ахэр зэрытрагъэувэным, ауэ дэIэпыкъуэгъу гуэри зэрамыIэм къыхэкIкIэ абыхэм я закъуэ къарурэ зэфIэкIкIэ я гурылъ къабзэмрэ хъуэпсапIэ лъагэхэмрэ ягъэзэщIэныр, гъащIэм хапщэныр яхузэфIэкIакъым. Ауэ лъэпкъым а и цIыху щэджащэхэм я гуащIэдэкIри псыхэкIуадэ хъуакъым - абыхэм халъхьа жылэ бэрычэтхэрщ къызэрырыкIар адыгэ щIэныгъэм, литературэм, щэнхабзэм нобэ зыIэрагъэхьа ехъулIэныгъэ телъыджэхэр.

КЪЭБАРТ Мирэ.
Поделиться:

Читать также: