Я нэхъ мащIэми зрегъэкъу

Гъуэгу щытеувэкIэ адыгэхэм зэи гъуэмылэ куэд здрахьэжьэртэкъым, сыту жыпIэмэ, унэм щисым деж я нэхъ мащIэ дыдэми зрагъэкъуу есахэти. «Зыгуэрым теуэн мурадкIэ адыгэр щежьэкIэ, фэм къыхэщIыкIа хъуржын цIыкIум илъу абы къыздещтэ ху хьэжыгъэ тIэкIурэ мэлыл гъэгъуа IыхьитIщырэ, - етх Бларамберг И. - А гъуэмылэр абы хурикъунущ тхьэмахуитI-щыкIэ. Псалъэм папщIэ, урыс сэлэтым апхуэдиз ети, махуищ нэхъыбэ хурикъунукъым».

ЗекIуэ ежьахэм я гъуэмылэр нэхъыбэм зэрыхъур лы гъэгъуарэ къэгъулрэт (фокIэ япща ху хьэлу). Къэгъулым къэуат щIэлът икIи куэдрэ зэкIуэкIыртэкъым. «ГъуэмылэкIэ зэджэр, - етх Хъан-Джэрий, - илъэсипщIкIи нэхъыбэкIи зэмыкIуэкI шхыныгъуэщ. ИкIи ар зи шхыныр гъуэгу тет зэпыту, нэхъ тэмэму жыпIэмэ, шым къемыпсыхыу зи гъащIэм и нэхъыбэр езыхьэкIхэрщ. ПсыкIэ зэIихыурэ ар тIэкIу-тIэкIуурэ щишхкIэ, уэркъым е лIакъуэлIэшым къыхэкIам зегъэщIагъуэ апхуэдэ гъуэмылэжь дыдэ зэриIэм щхьэкIэ».

Сыт хуэдэ гугъуехьми, уеблэмэ ажал дыдэми зэрыхуэхьэзырым и щыхьэту, зекIуэ ежьахэм хьэдэ джанэкIэ зэджэ джанэ хужь къыздащтэрт. Iэщэ-фащэм, шы-уанэм, н. къ. еплъа нэужь, шу пашэм гупым хигъэхьэнухэм тхьэ яригъаIуэрт, езым пэжу къыбгъэдэтынхэу, и жыIэ тетынхэу. ТхьэрыIуэ къыщащтэкIэ, зауэлI хъуар гъуэрыгъуэурэ я бгъэм пэзанщIэу баш зырыз зыIыгъ зауэлIитIым я зэхуаку дэкIырт.

А тIум я зэхуаку дэкIам тхьэрыIуэ къищтауэ арат зэралъытэр икIи асыхьэтым шу пашэм къищIэрт гъуэгу къыдытеувэну шухэм я бжыгъэр (мы Iуэхугъуэм зэреджэр зэпэбашщ). ТхьэрыIуэ къызэращтэу шуудзэм тIууэ зигуэшт. Зыр, шупэхутэкIэ зэджэ уэркъыдзэр, дзэм и Iыхьэ нэхъыфIрати, ипэ иту кIуэнут. Адрейм, зи Iэщэ-фащэ нэхъ мыхьэнэншэхэр зыхэтым шуукIэ къалэкIэ еджэрт, дзэм и ужь итуи кIуэрт.

Шуудзэр къыщызэрагъэпэщкIэ зи Iэщэ-фащэр мыхьэнэншэм е зауэлI щIагъуэ мыхъунум и шыфIыр къыIихыу зиш мыщIагъуэ зауэлIыфIым иритыну шу пашэр хуитт. ПщIэрэ щхьэрэ иIэщ жыхуаIэхэм хуэдэу, хабзэ зэрыхъуати, нэхъ ныбжь зиIэхэм ящыщу гупым шухьэтий хахырт. Гъуэгу теува нэужь, зыр адрейм къыкIэрымыхуу зэрыкIуэнум пылъу, шу пашэм унафэ гуэр ищIамэ, ар ялъигъэIэсрэ зэрагъэзащIэм кIэлъыплъу - арат шухьэтийм и къалэныр.

Гъуэгу тетыхукIэ шупэхутэмрэ шуукIэ къалэмрэ зэбгъурыту, ауэ зыр адрейм хэмыхьэу, хэмызэрыхьу кIуэрт. Шуудзэм ипэ иту тIасхъэщIэх ягъакIуэрт, шугъуазэхэри яутIыпщырт. Нэхъыбэм деж бийм зыкърамыгъэщIэн щхьэкIэ жэщрат шуудзэм и гъуэгу щыхигъэщIыр. Ауэ шынагъуэ щымыIэмэ, махуэм гъуэгум тету, жэщым загъэпсэхуу ящIырт. Жэщым зыгуэр якIэрымыхун щхьэкIэ шуудзэр зэрыIыгът, шу пашэр лъэбакъуэ щитI-щищкIэ псом япэ иту, и фочыр узэдауэ иIыгърэ шым и тхьэкIумэм быдэу еплъу кIуэрт, «Жэщым шыр нэхъ сакъщ», - жаIэрти, абы и тхьэкIумитIыр «зэблигъэплъу», къыхэпырхъыкIыу щIидзамэ - уэри усакъын хуейуэ арат.

А зы гъуэгум куэдрэ теувэмэ, зекIуэ хэщIапIэкIэ зэджэ къыщыувыIэ щIыпIэхэр хэхауэ яIэ хабзэт. Дзэм зыщигъэпсэхукIэ плъырхэр ягъэувырт, зызыплъыхьу жыг щхьэкIэм фIэсхэм жыгыщхьэрыскIэ еджэрт. Я хэщIапIэр здэщыIэм зэрыщымыгъуазэIам, зыми къызэримыгъуэтынум зекIуэлIхэм шэч къытрамыхьэмэ, шыхэм уанэр трахт, лъахъэ иралъхьэрти ягъэхъуакIуэрт, мафIэ ящIырти шхын пщтыр гуэр ягъэхьэзырырт. Ауэ мафIэ зэщIагъэст мыхъунумэ, къыздащта гъуэмылэм щыщт яшхыр.

Уанэгу щхьэнтэр я щхьэм щIадзырт, уанэщIагъщIэлъым тегъуалъхьэхэрт, щIакIуэр зытрапIэрти загъэпсэхурт. Уэшхым щызыхъумэри а щIакIуэрат, - щIым баш хаIурти, ар фIадзэрт. Гъэмахуэ жэщмэ, плъырхэр щамыхъуэжыр нэхъыбэт, ауэ щIымахуэмэ, зы жэщым тIэу е щэ зэрахъуэкIырт. Ахэр зыгъэуври якIэлъыплъри шу пашэрат. Псы ежэх хуэзамэ, дзэр зэпрыкIын хуейти, апхуэдэу фIэкI мыхъунумэ, щэхуу жэщым зэпрысыкIырт.

Бларамберг И. абы теухуауи етх: «Ахэр зекIуэ щежьэкIэ псым я нэхъ уэрым, куум къигъэувыIэнукъым, сыту жыпIэмэ, яшхэр псым зэпрысыкIыфу ягъэсащи». Псым щызэпрыкIкIэ хуабжьу къагъэсэбэпырт фэндыр. Абы и зы кIапэмкIэ я Iэщэ-фащэр, гъуэмылэр, шэпхъыр ирагъэзагъэрт, быдэу щхьэщапхыкIыжти, адрей кIапэмкIэ ягъэпщырт. ИужькIэ ар шы ныбэгум кIэщIапхэрт.

 «А псор зэфIэкIа нэужь, - етх зауэм и урыс тхыдэтх Дубровин Н. - я фочхэр узэдарэ Iэ ижьымкIэ яIыгъыу, я пыIэм екIуэкIыу шэр дэлъу ящхьэрыгъыу яшхэм мэшэсри, зэкIэлъхьэужьу, шу пашэр псоми япэ иту псым зэпрыкIын щIадзэ». ЩIежьа щхьэусыгъуэмрэ зауэлIхэм я бжыгъэмрэ елъытат гупым ищIэну-илэжьынур. НаIуэу бийм ебгъэрыкIуэу езэуэну я къарум къимыкIынумэ, щэхуу теуэрт. ЗыIэрагъэхьэну хуей щIыпIэм е быдапIэм пшапэ зэхэуэгъуэу гъунэгъуу бгъэдыхьэрти уащхъуэдэмыщхъуэу ебгъэрыкIуэрт, жэщ кIыфIым хэту къызэрыIухыжын щхьэкIэ.

Бийр къагъапцIэу ягъэщхьэрыуэнумэ куэдрэ ящIэрат: зы щIыпIэ гуэрым деж щатеуэ хуэдэу защIти, къаубыдыну я мурад быдапIэм е жылэм я къару нэхъыщхьэр ядзырт. Теуэныгъэхэм деж шупэхутэм хэт зауэлIхэр бийм йобгъэрыкIуэ, йозауэ, апщIондэхукIэ адрейхэм гъэрхэр къаубыд, шы гуартэхэр, Iэщыр яху.

- Зауэр щекIуэкIкIэ, - етх Бларамберг И., - уэркъхэм хахуагъэм и щапхъэр ягъэлъагъуэу зэхэуэр щынэхъ гуащIэ щIыпIэмкIэ зрат, я Iуэхур псэзэпылъхьэпIэми, къикIуэт жыхуаIэр ямыщIэу мэзауэ. ИкIи я напэр текIауэ аращ зауэлI гуэр къарурэ зэфIэкIкIэ абдеж къыщытекIуэмэ».

- Уэркъ-лIакъуэлIэшхэм къатехуэр зэуэну аращи, - етх Хъан-Джэрий, - я щхьэ хуагъэфэщэнукъым абдежым шы е былым, н.къ. зыIэрагъэхьэным иужь итыну». ЗэуапIэм къызэрыIукIыжынумкIэ зэрощIэхэри къызэрыIуохыж.

Гъуэгу къытеувэжакъэ - шупэхутэу щытар дзэм и ужь иту къокIуэри, къылъэщIыхьэрэ къеуэмэ, бийм пэщIоувэ. АпщIондэхукIэ дзэм и нэхъыбэм къаIэрыхьар яхь-яхуу епIэщIэкIыу мэкIуэж. ЛъэпкъыфI къыхэкIар мыпхуэдэм деж зыпылъыр пщIэрэ щIыхьрэ къызэрихьынырщ, армыхъумэ къуентхъыркъым дэзыхьэхыр.

Зыгъэхьэзырар КЪЭБАРТ Мирэщ.
Поделиться:

Читать также: