Тхыдэм ухагъэплъэж

Нэгумэ Шорэ къызыхэкIа лъэпкъым тхыдэ иIэнымкIэ, цIыхубэм тхэкIэ, еджэкIэ ящIэнымкIэ, абыхэм я щIэныгъэм зиужьынымкIэ лэжьыгъэшхуэ зэфIэзыгъэкIа цIыху гъуэзэджэщ. Абы и къалэмыпэм къыщIэкIа «Адыгэ лъэпкъым и тхыдэ» тхылъыр хъугъуэфIыгъуэшхуэщ. Лъэпкъым и блэкIам ухэзыгъэплъэж Iуэтэж, хъыбар гъэщIэгъуэн куэд щызэхуихьэсыжащ абы узэщIакIуэм. Абыхэм ящыщ зыбжанэ фи пащхьэ идолъхьэ.

Е ушейтIанкъым, е ущэрмэткъым

Пасэрей адыгэхэм гъунэгъу дыдэ къахуэхъуауэ щыта лъэпкъхэм ящыщщ сэрматхэр. Нэгумэ Шорэ зэритхымкIэ, абы щыхьэт тохъуэ Къэбэрдейм узыщрихьэлIэ «Щэрмэт» унэцIэр - а унэцIэр зезыхьэ лъэпкъхэр сэрматхэм къахэкIауэ къелъытэ Шорэ. «ГушыIэрей гуэр гупым яхэтмэ, абы щхьэкIэ жаIэ: «Е ушейтIанкъым, е ущэрмэткъым, дэнэ укъикIа уэ?» - етх Нэгумэм.

Сэрматхэр пасэрей дунейм щыцIэрыIуа скифхэм я лъэпкъэгъущ, абыхэм ящыщ куэд адыгэхэм къахэшыпсыхьыжащ. Шорэ «Адыгэ лъэпкъым и тхыдэм» зэрыщитхымкIэ, сэрматхэм я зэман лъандэрэ адыгэхэм къадогъуэгурыкIуэ «Е уушейтIанкъым, е ущэрмэткъым уэ?» псэлъафэр («Уафэм укъемыхуэхамэ, дэнэ укъикIа?» - апхуэдэуи къыбгурыIуэ мэхъу псэлъафэр: ар хужаIэ пэмыплъэххауэ гупым къахыхьам).

ДжэгуакIуэхэр

ДжэгуакIуэхэр цIыху къызэрыгуэкIт, щIэныгъэ ямыIэми, усэным хуэшэрыуэт, я гурыщIэр куут. Дзэр зауэм щыIухьэкIэ, джэгуакIуэхэмрэ бжьамияпщэхэмрэ (накъырапщэхэр, сыринапщэхэр) ядежьэрт. Шы пщIэгъуалэ шэсауэ, джэгуакIуэхэм зауэлIхэр ягъэгушхуэрт. Дзэм и пащхьэ иувэрти, ахэр усэрт е уэрэд жаIэрт, дяпэ ита лIыхъужьхэм зэрахьа лIыгъэм и хъыбар ягу къагъэкIыжырт, лIыхъужьхэм я щапхъэм цIыхур щIагъэджыкIырт… ЦIыхум ягу къинащ ахэр, ноби яхъумэ джэгуакIуэхэм я усыгъэхэр, езыхэм пщIэрэ фIэлIыкIрэ яIэщ, я уэрэдхэм гур хагъахъуэу, цIыхум къащхьэпэу къогъуэгурыкIуэ.

ДжэгуакIуэ цIэрыIуэ гуэрым иуса уэрэдым мыпхуэдэ псалъэм щрихьэлIащ Нэгумэ Шорэ:

«…Щхьэмыгъазэр фIыщ щичэзум, ауэ уIэл хъунукъым игъащIэкIэ; пагэ, уи пагагъым ухущIемыгъуэжынумэ; уи лIыгъэм иригушхуэ, абы акъылыр и гъуазэмэ. ЩхьэзыфIэфIыныгъэмрэ IэубыдыпIэншагъэмрэ фIым ухуишэркъым».

Дау зэшхэр

ЕплIанэ лIэщIыгъуэм и кум Бахъсэн Iуфэ Iусыгъащ ДаукIэ зэджэ пщышхуэр. Абы къуийрэ зыпхъурэ иIэт. Зэшхэм я нэхъыжьыр, Бахъсэн, хэкум щыцIэрыIуэ нарт хахуэт. КъызэраIуэтэжымкIэ, ар гъут зауэм хэкIуэдащ; зауэм хэкIуэдащ Бахъсэн и къуэшиблри нэгъуэщI нарт цIэрыIуэ пщIеи. Лъэпкъым гуауэ ящыхъуащ ахэр зауэм зэрыхэкIуэдар, цIыхубзхэм гъыбзэ яусащ: «Хьэдэщ, хьэдэщ, Дау и къуийр хьэдэ мыгъуэщ, уей-уей, Дау и къуий!» - жаIэурэ зауэм хэкIуэда лIыхъужьхэр ягъеижащ.

Къэбэрдейм абы лъандэрэ хабзэ щыхъуащ: гъатхэр къихьа нэужь, мэл гъуеигъуэ мазэм икухэм деж, цIыхубз щIалэхэм, я щхьэц утIыпщауэ губгъуэ йохьэри, Дау и къуийм я гъыбзэр жаIэ. Хъыбархэм зэрахъумащи, Дау зэшхэм я хьэдэхэр я шыпхъум зэхуихьэсыжри, ЯтIэкъуэ деж щыщIилъхьэжащ, а псым и Iуфэм мывэ сыни щахуигъэуващ. Даухэ я сыныр нобэ къэсащ. Сыныр Iуащхьэм тетщ, мывэ упсам къыхэщIыкIащ, арщыниплI и лъагагъщ. Дау и къуэхэм я сынкIэ йоджэ абы иджыри къэс, сыным щхьэкIэ «Дау и къуэ Бахъсэн» щыжаIи щыIэщ. Ди зэманым къэсащ Дау и къуэ Бахъсэн и шыпхъум и уэрэдри. «ЦIыхум и гур хегъахъуэ абы зэрихьа лIыгъэм; зауэр щаублэм абы и джатэр уафэхъуэпскI пэлъытэт» - апхуэдэ псалъэ хэтщ Даухэ я пхъум иуса уэрэдым.

Даухэ я сыным алыджыбзэкIэ тратхауэ тет псалъэхэм ущрохьэлIэ пасэрей лIыхъужьым – Бахъсэн и цIэм; сын щIыфэм тет тхыгъэр щыхьэт тохъуэ ар еплIанэ лIэщIыгъуэм зэрагъэувам.

Хьэдэ лъагъуэ

ЕплIанэ лIэщIыгъуэр къихьа къудейуэ, хъыбар къэIуащ: ауар хъан Байкъан и дзэ фIыцIэм дунейр зэрепхъуэ, Алыджри нэгъуэщI хэку куэди зэрапхъуащ, зэтракъутащ, зэтрагъэсхьащ.

Чэзур адыгэхэми къалъысащ. Байкъан хъан адыгэхэм къапиубыдащ: «Си IэмыщIэ зыкъифлъхьэ», - жери.

ЛIыкIуэ къахуигъэкIуащ. Хъаным и IэмыщIэ зралъхьэн ядакъым адыгэхэм – лIыкIуэхэр яукIащ. И дзэр къришажьэри, Байкъан хъаныр хы Iуфэм къыIухьащ, абдеж къыщыщIидзэри, адыгэ хэкур зэтрикъутащ, пэлъэщакъым ауар хъаным и дзэ фIыцIэм: лъы игъажэурэ, Бахъсэн псым нэс къригъэкIуэтащ адыгэпщ Лауристан и дзэр. Абы щыгъуэщ «Байкъан и хьэдэ лъагъуэ» псалъэмакъыр къыщежьар.

Анапэрэ Суджыкъу къалэрэ я зэхуаку мывэду лъагэ зыбжанэ дэтщ. Мывэхэр хужьыбзэщ, абыхэм адыгэхэр «Байкъан и шы пщIэгъуалэкIэ» йоджэ».

 

Байкъан хъан

Байкъанмэ и пщIэгъуалэр

Елие къанмэ къегъалIэ,

ЗауэзэрылIу шынагъуэхэр

Мы ди адыгэщIмэ щаублэ.

Псы бланэ хуэдэ

Ди ныбжьыщIэфIхэр

Абы и шынагъуэм макIуэ

Сэтеишхуэуэ.

Епсыхмэ,

Гъэмахуэ уэшхыр я нэпсщ…

 

Созрыхьэ

Къазий (Къэбэрдейм я пщышхуэр) дунейм ехыжа нэужь (I6I5 гъэм), унафэншэу къызэхэнэри, къэбэрдейхэр бэлыхьым хэхуащ: Щоджэныкъуэрэ Шужьейрэ жьы хъуат, яхузэфIэкIыж щыIэтэкъым.

Пщы щIалэхэр зэщыхьэжащ, зэрыукI хъуащ, цIыхур хьэлэбэлыкъ хадзащ. Къазий и къуэ ХьэтIохъущыкъуэ къыдэкIуэтейри, кIапсэ кIапэр иубыдащ, унафэр и IэмыщIэ щриубыдэм, цIыхури къеувэлIащ. Жылэр зыщIэзыгъэст пщы жыIэмыдаIуэхэр лъэныкъуэ иригъэзын мурад ищIащ ХьэтIохъущыкъуэ. Жансэхъурэ Беслъэнрэ я бынхэрат жылэр зэщIэзыгъэстри, ахэр зэтриукIащ абы. Ар игу техуакъым Шужьей пщыжьым. ХьэтIохъущыкъуэ гъуэгу теувауэ зригъэхьэлIэри, абы и пелуаныр, Созрыхьэ иукIащ (езым и пелуаныр Созрыхьэ иригъэбэн зищIри). ХьэтIохъущыкъуэрэ Шужьейрэ зэщыIеящ абы иужькIэ. Куэд мыщIэу, бзаджагъэ хуекIуэри, ХьэтIохъущыкъуэ Шужьей иукIащ.

Темрыкъуэ

Балигъ хъуа нэужь, Идар и къуэ Темрыкъуэ игу илъар зыщ: адыгэ хэкумрэ адыгэ лъэпкъымрэ я пщIэр къэIэтыжын, адыгэхэр бэлыхьым хэзымыгъэкI бийхэм я лъэр убыдын. Къэбэрдейм псэхугъуэ къезымыт къалмыкъхэр зэтрикъутащ абы, итIанэ КърымымкIэ зигъэзащ…

ТэманыкIэ, Ахупс Псыжь щыхэхуэжым деж, Темрыкъуэ быдапIэ щиухуащ. Ар игу техуакъым кърым хъан Долэт-Джэрий: Шапсыгъым къихьащ, ар зэтрифыщIа нэужь, Темрыкъуэ и быдапIэм къытеуащ. Абдежым щаубла зауэм Темрыкъуэ уIэгъэ щыхъуащ. Куэд хэкIуэдами, адыгэхэм я дзэр къикIуэтакъым, кърым хъаным къыгурыIуащ абыхэм зэрапэмылъэщынур.

Зыгъэхьэзырар ТХЬЭХУЩЫНЭ Ланэщ.
Поделиться:

Читать также: