Тхыдэ лъагъуэхэр

Тхыдэм къызэрыхэщымкIэ, пасэрей адыгэ лъэпкъхэм, псалъэм папщIэ, синдхэмрэ меотхэмрэ, я лъахэм къалэ зыбжанэ итащ: Горгиппие, Анакопие, Гермонассэ, Финагорие, нэгъуэщIхэри. Нобэрей Анапэ и Iэхэлъахэм пасэрей адыгэхэм илъэс минитIрэ щихрэ и пэкIэ СиндикэкIэ зэджэ къэрал щаухуэгъащ. Синдикэм, пасэрей адыгэ къэралым, и лъэужь куэд къэсащ ди деж. Ахэр щыхьэт зэрытехъуэмкIэ, синдхэм культурэ лъагэ ябгъэдэлъащ, тхыбзэ яIащ, грекхэм благъэ яхуэхъури, зыужьыныгъэшхуэ ягъуэтауэ щытащ. Синдикэм и къалащхьэр, Горгиппиер, Анапэ деж щысащ, нэгъуэщIу жыпIэмэ, натхъуэдж адыгэхэм я щIыналъэм итащ. Музейхэм нобэ щахъумэ синдхэм, меотхэм, адрей адыгэ лъэпкъхэм я IэдакъэщIэкI куэд – дыщэм, дыжьыным, гъуаплъэм къыхэщIыкIауэ. Пасэрей адыгэ къалэхэм дэта сэрейхэм, скульптурэхэм я къутахуэ Iэджэ ущрохьэлIэ хы Iуфэм, Тамань, Псыжь и Iэхэлъахэхэм – пасэрей адыгэхэм я щIыналъэм. Анапэ деж къыщагъуэта мывэ пхъэбгъухэм тIэунейрэ ущрохьэлIэ Ашэмэз и цIэм, пасэрей грекыбзэкIэ тхауэ; Ашэмэз и цIэм ущрохьэлIэ Краснодар деж къыщагъуэта тхыгъэ кIапэми. Ар щыхьэт тохъуэ нарт лIыхъужьхэм я хъыбархэр Синд къэралыгъуэми щызекIуэу зэрыщытам, абыхэм ныбжьышхуэ зэраIэм, лIэщIыгъуэ кIыхь куэдым къызэрыпхрыкIам.

* * *

Хьэрэмэ Iуащхьэ и цIэр къыхохуэ нарт хъыбархэмрэ пшыналъэхэмрэ я нэхъыбапIэм. Сосрыкъуэ Албэч и къуэ Тотрэш щиукIари езыр щаукIыжари Хьэрэмэ Iуащхьэ дежщ; Хьэрэмэ Iуащхьэ дежщ Батрэз и адэм и лъыуасэр нартхэм щапиубыдари. Хьэрэмэ Iуащхьэ и цIэр къыхохуэ Нэсрэн ЖьакIи, Лъэпщи, Бэдынокъуи, Лъэбыцэжьеи, адрей нартхэми я хъыбархэм. Зэрынэрылъагъущи, Хьэрэмэ Iуащхьэ нартхэм я гъащIэм увыпIэшхуэ щеубыд, мыхьэнэшхуэ щиIэщ. «Хьэрэмэ Iуащхьэ зэхудипIалъэщ» – зэраухылIэ нартхэм, лIыгъэ-шыгъэкIэ зэпэувын хъумэ. Сосрыкъуэ яукIын мурад щащIым, Хьэрэмэ Iуащхьэ ираджэ. Жаншэрхъыр къызрагъэжэхыр Хьэрэмэ Iуащхьэщ. Хьэрэмэ Iуащхьэ деж нартхэр щохасэ, шурылъэс щоджэгу. Хьэрэмэ Iуащхьэ апхуэдэ пщIэ щIиIэм и щхьэусыгъуэр гурыIуэгъуэ мэхъу, Iуащхьэм (лъагапIэхэм) IуэрыIуатэм щагъэзащIэ къалэныр уигу къэбгъэкIыжмэ: ахэр тхьэм я тIысыпIэу, я хэщIапIэу ялъытэрт. Пасэрей алыдж IуэрыIуатэм апхуэдэ къалэн щегъэзащIэ Олимп Iуащхьэм – ар тхьэ тIысыпIэщ, тхьэхэр щохасэ абы, санэхуафэ щащI; Олимп Iуащхьэ дежщ пасэрей алыджхэм Олимпийскэ джэгухэр щаублар. Нартхэм дежкIэ Олимп пэлъытэщ Хьэрэмэ Iуащхьэ: щохасэ, шурылъэс що джэгу, тхьэ щолъэIу, псалъэ щызэраухылIэ, пIалъэ щызэрат. Хьэрэмэ Iуащхьэ и цIэр ебгъапщэ мэхъу пасэрей египтянхэм къащIэна пирамидэ цIэрыIуэхэм зэреджэ псалъэм: Хьарам – аращ а пирамидэ (Iуащхьэ) IэрыщIхэм ноби зэреджэр.

* * *

ЛIыгъэ зэрагъэунэху джэгукIэу нартхэм яIащ шурылъэсыр. «Нартхэ къыдагъаджэри, шурылъэс фыджэгу щыжаIэм, нартыжьхэр бжьыхьэкIапэм щIэзгуашэщ», – хуеIуэтэж Сосрыкъуэ и анэм. 157 Публицистикэ Нартхэр шурылъэс щыджэгур Хьэрэмэ Iуащхьэ дежщ. Шурылъэсым джэгукIэ зэмылIэужьыгъуэ зыбжанэ къызэщIеубыдэ: шы къызэдагъажэ, шабзэ, бжы зэдадз, нэщанэ (псагъэ) зэдоуэ, шыбгъэрыуэ ящI, хэтIэхэсэ зэдоджэгу (зобэн), я ныкъуэр лъэсу, я ныкъуэр шууэ зобгъэрыкIуэ. Шурылъэсым щытекIуэм нарт хасэм я цIэкIэ тыгъэ ират. Тыгъэу ятынкIэ мэхъу шы, джатэ, шабзэ, фащэ, афэ джанэ, къинэмыщIхэри. Шурылъэс джэгукIэр куэдрэ къадэгъуэгурыкIуащ адыгэхэм – ди лIэщIыгъуэм къэсащ абы и лъэужь. Апхуэдэ джэгукIэ щызэхаублэрт хьэгъуэлIыгъуэм, нысашэм, гъэрэ щIырэ щызэхэкIкIэ, вакIуэ щыдэкIкIэ, вакIуэ къыщихьэжкIэ, къаныр щрашэжкIэ. Дауи, нартхэм я шурылъэс джэгукIэ псори зэщIэкъуауэ къэсакъым ди лъэхъэнэм, къэсар абы и пкъыгъуэ гуэрхэрщ, ахэри иужьым хуэм-хуэмурэ ужьыхыжащ. Тхыдэр щыхьэт тохъуэ пасэрей адыгэхэр алыджхэм я Олимп джэгухэми ирихьэлIэу зэрыщытам: пасэрей алыджхэм я Олимпиадэм пашэныгъэр щызыубыдыгъа синд щауэм и цIэр ихъумащ тхыдэм.

* * *

Ашэмэз и хъыбархэм ящыщ зым зэрыжиIэмкIэ, мэзым здыщIэтым ар ирихьэлIэгъащ жыг ку гъуанэ. Мэз щIагъым щыкIэрахъуэ жьым жыг ку гъуанэр зэрыдэпсалъэм гу лъитащ Ашэмэз. Абы гукъэкI иригъэщIри, къудамэм и кумылэр ирихри епщащ: къудамэм макъ къиIукIащ. Ашэмэз и бжьамийм ар къежьапIэ хуэхъуауэ яIуатэ нарт хъыбархэм. Бжьамийр нарт лIыхъужьым, Ашэмэз, и цIэм щIрапхам щхьэусыгъуэ иIэщ: ар нэхъ пасэ дыдэу къежьа музыкальнэ Iэмэпсымэхэм ящыщщ. И цIэмкIи зэрынэрылъагъущи, бжьамийр пасэрей цIыхум къызыхищIыкIар бжьакъуэщ. ИужькIэ ар къыхащIыкI хъуащ пхъэм, гъуаплъэм, жэзым; къамылым къыхащIыкI бжьамийм а къэкIыгъэм и цIэр къытенащ: бжьамий лIэужьыгъуэхэм ящыщ зым кIахэ адыгэхэр иджыри йоджэ къамылкIэ. НакъырэкIэ зэджэ бжьамий лIэужьыгъуи зэрахьащ адыгэхэм, ар нэхъ иужьыIуэкIэщ къыщыунэхуар (абы щыхьэт тохъуэ и цIэри: «накъырэр» нэгъуэщIыбзэм къыхэкIа псалъэщ).

Ныбжьышхуэ зиIэ пасэрей музыкальнэ Iэмэпсымэхэм ящыщщ адыгэхэм ноби зэрахьэ шыкIэпшынэри. ШыкIэпшынэм нэхърэ нэхъ кIасэу къежьащ пшынэдыкъуакъуэмрэ пшынэкъэбымрэ – ахэри къэсащ ди зэманым, къызэрагъэсэбэпыж щIагъуэ щымыIэми. «ШыкIэпшынэми», «пшынэдыкъуакъуэми», «пшынэкъэбми» я лъабжьэр ныбжьышхуэ зиIэ пасэрей псалъэщ – «пшынэ». Абы къытокI «пшыналъэ» псалъэри. «Пшыналъэм» мыхьэнэ зыбжанэ щигъуэтащ адыгэбзэм: абы «макъамэ» мыхьэнэи къокI, «уэрэд», «усыгъэ» мыхьэнэи иIэнкIэ мэхъу; апхуэдэ мыхьэнэ иIэщ абы «Сосрыкъуэ и пшыналъэ», «Бэдынокъуэ и пшыналъэ», «Ашэмэз и пшыналъэ» щыжытIэкIэ.

 

 

 

Къартул Хьисэ.
Поделиться:

Читать также: