Шоколад

Шоколадыр фIыуэ зымылъагъу къэгъуэтыгъуейщ, ауэ дегупсысыркъым ар апхуэдэу щIыщытым: какаом и дагъэм хэлъ эндорфиным насыпым и гормонкIэ йоджэ. А пкъыгъуэрщ псоми а гукъыдэжыр къезытри.

 Шоколадым и процент 35 - 40-р какаоу щытын хуейщ. ИтIанэ, ар къыщыфщэхукIэ Iэмал имыIэу хэлъын хуейхэм зыщывгъэгъуазэ: какао дагъэ, какао, фошыгъу хьэжа, лецитин.

Ар бгъэхьэзырыныр Iуэхугъуэ тыншкъым. Абы елэжьхэм ящыщ куэдыр бзаджагъэм хуокIуэри, кокосым, пальмэм, соем я дагъэхэмкIэ зэрахъуэкI, какао хьэжар, консервант зэмылIэужьыгъуэхэр куэду халъхьэри ящэ. Абыхэм ящыщ дэтхэнэми, хабзэм тету, ар зыкIуэцIылъ тхылъымпIэм IупщIу къыщигъэлъэгъуэн хуейщ къыщIигъэкI шхыныгъуэм хэлъыр зыIысымрэ зыхуэдизымрэ.

Къапщтэмэ, шэ зыхэт шоколадым нэхърэ ткIыбжь зыщIэт фIыцIафэр нэхъ сэбэпщ, какао дагъэу нэхъыбэ зэрыхэтым къыхэкIыу (процент 70). Иужьрей зэманым щIэныгъэлIхэм къызэрахутамкIэ, шоколадым лъыр щхьэм дригъэуейркъым, Iэпкълъэпкъыр жан ещI, зыхуеину антиоксидантхэри хэлъщ. КъищынэмыщIауэ, фошыгъу куэд зэрыхэмылъым къыхэкIыу, цIыхум лы лей къригъащтэркъым.

- Шоколадыр илъэс ныкъуэ нэхъыбэкIэ щылъ хъунукъым. Консервантхэм я фIыгъэкIэ ахэр илъэси 2 - 3-м щынэси къохъу. КъыщыфщэхукIэ щащIа зэманым фи нэIэ тевгъэт.

IэфIыкIэр зыхуэдэр и мэ къудеймкIи къыбощIэ, ауэ псом нэхъ пэжыр лабораторэ къэпщытэныгъэхэм къыбжаIэнущ. АбыкIэ сыт щыгъуи къывдэIэпыкъуну хьэзырщ «Кавказ Ищхъэрэ МВЛ» ФГБУ-м и референт центрыр.

«Кавказ Ищхъэрэ МВЛ» ФГБУ-м и референт центрым ветеринар-санитар экспертизэмкIэ и къудамэ.
Поделиться: