Артист Iэзэт, нэхъыжьыфIт

ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей къэрал драмэ театрым и артист пажэу щыта, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и цIыхубэ артист, Къэрэшей-Шэрджэс Республикэм щIыхь зиIэ и артист Къэжэр Борис псэужамэ, дыгъэгъазэм и 27-м и ныбжьыр илъэс 75-рэ ирикъунут.
Щукин Борис и цIэр зезыхьэ театр еджапIэ нэхъыщхьэр къиуха нэужь, Къэжэр Борис 1975 гъэм ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей къэрал драмэ театрым лэжьэн щыщIидзащ. Ар япэу утыкум къыщихьам наIуэ хъуат зэфIэкI ин зэрыбгъэдэлъыр. Театрым зэрыщылэжьа пIалъэм абы Iэзагъэу хэлъыр къигъэлъагъуэу спектакль 85-м щIигъум щыджэгуащ. Абыхэм ящыщщ Закировым и ролыр (Абдуллин А. и «ЕпщыкIущанэ тхьэмадэ»), Ной (Ричард Н. и «Уэшх зыщэ»), Паскуалинэ (Эдуардо де Филиппо и «Купьелло гуащэм и унэм къыщрагъэхьа илъэсыщIэр»), Нинел (Николаи А. и «Гуапагъэ тIэкIу»), Мэжид (Ольмезов М. и «Унэ лъапIэ»), нэгъуэщIхэри. Актёр Iэзэу зэрыщытыр Къэжэр Борис къыщигъэлъэгъуащ «Шууей», «Къуршхэр жеиркъым», «Сабий пщIыхьхэр», «ЗэIущIэ» кинофильмхэм.
 А псом къыдэкIуэу, Борис цIыху гуапэт, и лэжьэгъухэм сыт и лъэныкъуэкIи гулъытэшхуэ яхуищIырт. Ар щIэныгъэ зиIэ, хьэл-щэн дахэ зыхэлъ цIыху гъэсат. Борис и лэжьэгъу гупым нэхъыжьыфIу яхэтащ. Ар ущиякIуэ, чэнджэщэгъу, гъуэгугъэлъагъуэ куэдым яхуэхъуащ. Артистыр зыцIыхуу щытахэм ягу къыщагъэкIыжкIэ япэщIыкIэ Борис и гушыIэкIэ дахэрщ зи гугъу ящIыр.
Къэжэр Борис теухуа гукъэкIыжхэм ди газетым и къыкIэлъыкIуэ къыдэкIыгъуэхэм язым фыкъыщеджэ хъунущ.

 Тэрчокъуэ Дисэ.
Поделиться: