Урысейм музейхэр къызэрыщыунэхуар

Урысейм и япэ музейр КунсткамерэкIэ зэджэрщ. Ар Пётр I иригъэухуащ 1714 гъэм. Нэмыцэбзэм къипхмэ, «Кунсткамерэ» псалъэм къокI «гъуазджэхэм я пэш» жиIэу. Апхуэдэ музейхэмкIэ Европэр ерыщт XVI – нэ лIэщIыгъуэм щегъэжьауэ. Ахэр яухуэрт щIэныгъэлIхэм, тхакIуэхэм, гъуазджэм и цIыхухэм. Музейхэм щахъумэрт пасэрей хьэпшыпхэр, мывэ лIэужьыгъуэ зэхуэмыдэхэр, гъуазджэм щыщ хьэпшыпхэр. Музейхэм «пэш» щIыфIащам и щхьэусыгъуэт ахэр телъхьэпIэ куэд зиIэ шкаф-пэш щIыкIэурэ зэрызэхэтыр.
Ауэрэ, апхуэдэ «пэшхэр» зиIэхэм абыхэм щахъумэ хьэпшып гъэщIэгъуэнхэр цIыхухэм ирагъэлъагъу хъуащ. Езыхэм я музей цIыкIу яIащ Австрием и эрцгерцог Фердинанд II-м, инджылыз щIэныгъэлI Традескант Джон. Музейм ущIыхьэн папщIэ, абы тхыгъэ ебгъэхьу хуит зыкъебгъэщIын е билет къэпщэхун хуейт.
Пасэрей хьэпшыпхэр щызэхуахьэсырт Урысейми. Пасэрей хьэпшып гъэщIэгъуэнхэр кхилъыхъуэурэ къищэхуу, зэхуихьэсу щытащ Москва и князь Гордый Симеон. XVI – нэ лIэщIыгъуэм Москва Iэщэ-фащэхэмкIэ палатэмрэ Арсеналымрэ хьэпшыпыжь дыдэхэмрэ гъуазджэм щыщ хьэпшып зэмылIэужьыгъуэ куэдрэ щахъумэрт. Ауэ абыхэм зыри кIуэуэ еплъыну хуиттэкъым.
1697–1698 гъэхэм Европэм щыIэу, Пётр I апхуэдэ «пэш» зыбжанэм зыщиплъыхьащ. Урысейм къэкIуэжри, и къэралыгъуэми апхуэдэхэр къыщызэIухын хуейуэ къилъытащ. Илъэс зыбжанэкIэ пащтыхьым и «пэшым» щIалъхьэну хьэпшыпхэр – пасэрей тхылъхэр, Iэмэпсымэ тIорысэхэр, Iэщэ лIэужьыгъуэхэр, мывэ лъапIэхэр – зэхуахьэсащ.
1701 гъэм Пётр I Москва щригъэухуащ «Цейхгауз» Iэщэ унэр. Абы щIэлът Iэщэ-фащэхэмрэ дзэ къуентхъхэмрэ. Илъэс зыбжанэ дэкIри, Санкт – Петербург щыIэ Адмиралтействэм къегъэщIылIауэ кхъухьхэм я моделхэмрэ схемэхэмрэ я хъумапIэ къызэIуахащ. Куэд дэмыкIыу, Артиллерие музейрэ Дзэ-хы музейрэ ящIащ.
I7I4 гъэм Кунсткамерэр къызэIуахащ. Абы къудамищ хащIыхьат. Мюнц-пэшым щIэлът гъущI ахъшэ лIэужьыгъуэхэмрэ медалхэмрэ. Библиотекэм щахъумэрт тхылъхэмрэ Iэрытххэмрэ. ЩIыуэпс-пэшым щызэхуахьэсырт удз лIэужьыгъуэ гъэщIэгъуэн гъэгъуахэр (гербарий), псэущхьэхэм я фэхэр, жыг лIэужьыгъуэхэм я пхъафэхэр. I7I6 гъэм Кунсткамерэм папщIэ Пётр I Нидерландым щыщ Себа Альберт зэхуихьэса мывэ лъапIэхэр, къэкIыгъэхэр, раковинэхэр къищэхужащ. Кунсткамерэр музей къудейтэкъым, атIэ икIи Урысейм и япэ щIэныгъэ центрхэми ящыщт. Абы къыхэкIыуи, щIэлът химие реактивхэр, цIыхум и Iэпкълъэпкъым и зэхэлъыкIэм теухуа щIэныгъэ литературэхэр. Уеблэмэ музейм хэтт къэхутэныгъэхэр щрагъэкIуэкI лабораторэ.
ЯпэщIыкIэ музейр хэтащ Петурбург, Пётр I и Гъэмахуэ быдапIэм (Летний дворец). ИужькIэ музейр щхьэхуэу яухуащ. Пащтыхьым унафэ ищIащ абы цIыхухэм пщIэншэу зыщрагъэплъыхьыну. ЗыплъыхьакIуэхэм хьэщIагъэ ирахт: шей, къэхьэуэ ирагъафэрт. Языныкъуэхэм деж къекIуалIэхэм папщIэ музейм экскурсэ щригъэкIуэкIырт езы Пётр I.
Ауэрэ къэралым къыщыунэхуу щIидзащ нэгъуэщI музейхэри. Петергоф, Монплезир быдапIэм Пётр I япэ сурэт галерее къыщызэIуихащ. ИужькIэ сурэтхэм я бжыгъэм къыхигъэхъуащ Екатеринэ II. I764 гъэм абы къызэIуихащ Эрмитажыр, пащтыхь унагъуэм я сурэт гъуазджэ гъэтIылъыгъэхэр щахъумэу. XVIII - нэ лIэщIыгъуэм и кIэухым музейхэр хащIыхь хъуащ еджапIэхэми. Псалъэм папщIэ, Москва университетым тхыдэмкIэ пэшрэ мывэ, къэкIыгъэ лIэужьыгъуэ гъэщIэгъуэхэр зыщIэлъ пэшрэ хэтт. Сурэт галерее хэтт ХудожествэхэмкIэ Академием. Ар къызэIуихауэ щытащ меценат Шувалов Иван. Абы галереем щIилъхьащ европей сурэтыщIхэм я лэжьыгъэ цIэрыIуэу езым зэхуихьэсахэр.
XIX - нэ лIэщIыгъуэм музейхэр нэхъри нэхъыбэж хъурт. I824 гъэм Кунсткамерэм къегъэщIылIауэ къызэIуахащ Анатомие, Этнографие, Нумизматикэ музейхэр. ИужькIэ абы и гъэтIылъыгъэхэр Москварэ Санкт-Петербургрэ нэмыщI щагъэлъагъуэ хъуащ Архангельскрэ Ярославльрэ. Урысейм къыщыунэхуащ уней музейхэри. Езыхэм зэхуахьэсыжа музей гъэтIылъыгъэхэр ягъэлъагъуэрт меценатхэм: Румянцев Николай, Третьяков Павел, Бахрушин Алексей сымэ.
1917 гъэм ирихьэлIэу Урысейм музей 500 щIигъу щыIэт. СССР-м абыхэм я бжыгъэм щыхэхъуащ - тхыдэ, лъахэхутэ музейхэри къэунэхуащ.

ГЪУЭТ Синэ.
Поделиться:

Читать также: