Босфорианэ Махидевран

ЕпщыкIутхуанэ-епщыкIубгъуанэ лIэщIыгъуэхэм я тхыдэм къызэрыхэщыжымкIэ, Уэсмэн къэралыгъуэмрэ адыгэхэмрэ Iуэху куэдкIэ зэпыщIауэ щытащ. ГъэрыпIэ ихуарэ, щхьэхуимыт бэзэрым къыщащэхуа пщащэхэр тырку сулътIаным и хьэрэмым къызэрыщыхутэу щытам я закъуэ мыхъуу, зауэ-политикэ зэгурыIуэныгъэхэр зэрыщIагъэбыдэ Iэмалу уэсмэн сулътIаным адыгэ пщащэхэр щхьэгъусэу щишам и щапхъэ куэд къыхощыж ди блэкIам. Псалъэм папщIэ, Сулеймэн Гъуэзэджэм и анэмрэ и япэ щхьэгъусэ Махидевранрэ адыгэт.
Пэжщ, языныкъуэ тхылъхэм Менгли-Джэрий ипхъу Хьэфсэ тэтэрым ящыщу ятхыж, ауэ абы и анэр адыгэт. А зэман жыжьэм псэуа тхыдэтххэм къызэрагъэлъагъуэмкIэ, „тэтэру жыхуаIэ гуащэм адыгэ теплъэт иIэр“.
Сэлим сулътIаным и унафэр Къафэ (Феодосие) щызыгъэзащIэ, абы и къуэ Сулеймэн адыгэ мамлюкхэр игъэныбжьэгъурт икIи адыгэхэм я тхыдэр куууэ иджу щытауэ жаIэж. Сулеймэн и жагъуэт Сэлим адыгэ мамлюкхэр игъэкIуэдыну зэрыхущIэкъур, и адэм пэщIэмыувэфми. Къыхэгъэщыпхъэщ Мысырым щыпсэу адыгэхэр игъэбийми, Адыгэ Хэкум щыIэ адыгэхэр Сэлим игъэныбжьэгъуу зэрыщытар.
И адэм хуэдэу, Сулеймэн Гъуэзэджэм и япэ щхьэгъусэу щыта Махидевран - адыгэт. ЦIыхубзыр къызыхэкIа лъэпкъым теухуауэ нобэрей тхыдэджхэр хуабжьу зоныкъуэкъу.
Темрюкоглу Саид Перизад жыхуаIэ цIыхухъум иджыблагъэ игъэхъыбэращ ар Идар Темрыкъуэ къытепщIыкIауэ, Махидевран сулътIан жыхуаIэри Темрыкъуэм ипхъу Мэлхъурыб хъужыр арауэ. ЦIыхухъум жиIэр пэжрэ пцIырэ зэхигъэкIыну и ужь ихьащ уэсмэн тхыдэдж Шуткэ Александрэ.
Абы къызэритIэщIамкIэ, Махидевран и цIэр уэсмэн тхыдэм япэ дыдэу къыщыхэщыр I5I5 гъэращ, зэрыхуагъэфащэмкIэ, бзылъхугъэр къыщалъхуар I490 гъэхэм и кIэрщ. Ар къэплъытэмэ, Махидевран Темрыкъуэ нэхърэ куэдкIэ нэхъыщIэтэкъым, абы ипхъуу щытынкIи Iэмал иIакъым. КъищынэмыщIауэ, Темрыкъуэ ипхъу Мэлхъурыб зи щхьэгъусэу щытар нэгъуей хъанырщ, армыхъумэ Сулеймэн сулътIаныр аракъым.
Абы щхьэкIэ къэмынэу, 20I6 гъэм Германием тхылъ къыщыдэкIащ «Махидевран: сулътIаным и щхьэгъусэ» жыхуиIэр. Ар зытхар, фон Анреп Наталье, и нэкIэ илъэгъуам хуэдэу тетхыхьырт «Идар Темрыкъуэрэ абы и щхьэгъусэ, кърым хъаным ипхъу Нэзджанрэ япхъу Махидевран Темэн къызэрыщалъхуам, уэсмэн сулътIан Селим Ябгэм и къуэ Сулеймэн ар щхьэгъусэу зэрыратам, хьэгъуэлIыгъуэ телъыджэ зэрырагъэкIуэкIам», уеблэмэ я шыпхъум щIыгъуу Уэсмэн къэралыгъуэм кIуа и дэлъхухэмрэ шыпхъухэмрэ я цIэхэр кърибжэкIырт. ТхакIуэм зэрыжиIэмкIэ, «Махидевран щхьэцыгъуэт, нэ удзыфэт».
Тхыдэм халъхьэну яужь ита апхуэдэпцIым пэджэжу утыку къихьащ Адыгэ Республикэм и ЩIэныгъэ къэхутакIуэ институтым и этнолог Хэткъуэ Самир. Абы гу лъитащ, Махидевран и къуэрылъхуу жызыIэ Саид Перизадрэ фон Анреп Натальерэ щыуагъэ гуэрхэр зэраIэщIэкIам.
Псалъэм папщIэ, Махидевран и благъэу жызыIэ щIалэм Бекович-Черкасскэхэм къатехъукIауэ егъэхъыбар, ауэ Бекович-Черкасскэхэр Идар Темрыкъуэ и щIэблэкъым! ЕтIуанэрауэ, Бекович лIакъуэр I8-нэ лIэщIыгъуэм Урысей Пащтыхьыгъуэм и канцлер Черкасский Алексей деж щыкIуэдыжащ, и лъэпкъыр къыпызыщэн къуэ зэримыIам къыхэкIыу. ИкIи абыхэм Уэсмэн къэралыгъуэракъым я къулыкъур щрахьэкIар, атIэ, Урысей пащтыхьыгъуэрщ.
Урыс тхыдэм IупщIу къыхощыж Махидевран къызыхэкIа лъэпкъыр. «Народы Северного Кавказа и их связи с Россией. Вторая половина XVI тридцатые годы XVII века» тхылъыр зытха, тхыдэ щIэныгъэхэм я доктор Кушевэ Екатеринэ къызэритIэщIыжамкIэ, Махидевран Къаныкъуэхэ ящыщт. Ар япэ адыгэ пщышхуэу Инал Нэху и къуэ Беслъэн и къуэж Къаныкъуэм ипхъут.
А лъэхъэнэ жыжьэм Къаныкъуэхэ зи тепщэ беслъэней лъэпкъыр Лабэ Iуфэм къыщыщIэдзауэ Уарп нэс я зэхуаку дэлъ щIыналъэм тест. А щIыпIэм пасэрей зэманым Bosphoro Cimmerio-кIэ еджэрти, уэсмэнхэми Махидевран щхьэкIэ Босфорианэ жаIэу щытащ. Арами, Махидевран и адыгэцIэр зыми ищIэркъым. Хьэткъуэм къызэритIэщIамкIэ, ар I509-I5I2 гъэхэм иратащ Сулеймэным. А лъэхъэнэм сулътIаныкъуэр и адэм и лIыкIуэу Къафэ щыIэт.
ЗэратхыжымкIэ, дахагъэкIэ Махъидевран къефIэкIын бзылъхугъэ а лъэхъэнэм щыпсэуакъым дуней псом. Махидевран сулътIаным хуигъуэта Мустэфа гъэсауэ, щэныфIэу, цIыху Iущу, зэтету, хьэл дахэ хэлъу щытауэ ятхыж икIи тетыгъуэр зыхуагъэтIыгъуэри арат. Ауэ Сулеймэн и етIуанэ щхьэгъусэ, урыс цIыхубз Хуррем (Роксоланэ) бзаджэу къыщIэкIри, Мустэфа и адэм къыпэщIэува хуэдэу ар и фIэщ ищIри, I553 гъэм сулътIаным и унафэкIэ щIалэр яукIащ. Къыхэгъэщыпхъэщ а зэманым къекIуэкIыу щыта хабзэмкIэ, тетыгъуэр къызылъыса шахзадем къыдалъхуа и къуэшхэр хьэрхуэрэгъу къыхуэмыхъун папщIэ, ахэр иригъэукIыжу зэрыщытар. Хуррем къуиплI иIэт, Мустэфа тетыгъуэр къылъысмэ, и щIалэхэр яукIынкIэ шынэрти, япэ зригъэщри, Мустэфа и адэм иригъэукIыжыну ирихулIауэ арат.
Махидевран Сулеймэн фIыщэу къилъагъуу, и щхьэгъусэхэм къахигъэщхьэхукIыу, и къуэ Мустэфа зыпищIыни щымыIэу псэуащ, Хуррем я зэхуаку дыхьэху. Урыс пщащэр хьэрэмым къыщыхута нэужьщ зэлIзэфызым я Iуэхур щызэIыхьар. Ар Махидевран игу техуакъым икIи зэрыхуа щытыкIэр Хуррем хуимыгъэгъуфу, псэуху зэбийуэ, зэмызэгъыу, зыр зым зэран хуэхъуу я гъащIэр яхьащ.
Махидевран и дэлъху нэхъыжь Къаныкъуэ Машыкъуэ I553 гъэм мэзкуу пащтыхь Иуан Ябгэм деж къулыкъу щищIэну кIуэри, чыристан диныр къищтащ, и цIэри ИуанкIэ яхъуэжащ. Уэсмэн сулътIаным и благъэми, Машыкъуэ кърым хъанымрэ уэсмэн лIыкIуэхэмрэ езауэу и гъащIэр ихьащ, урыс пащтыхьым хуэпэжти.
Уэсмэн тхыдэтххэм зэратхыжамкIэ, Сулеймэн и щхьэгъусэр фIыщэу илъагъуми, пщIэ хуищIми, Махидевран и дэлъхур урыс пащтыхьым и лъэныкъуэ хъуа нэужь, и ней ящыхуащ и щхьэгъусэми я къуэ Мустэфаи. Сулеймэн къыщыхъурт и къуэри къепцIыжауэ, тетыгъуэр фIихьэхуну хэту.
Языныкъуэ тхыдэтххэм жаIэ Махидевран и къуэри и къуэрылъху закъуэри яукIыным щхьэусыгъуэ хуэхъуар арауэ. Адрейхэм хуагъэфащэ, Хуррем и къуэхэм ящыщ зым тетыгъуэр къылъигъэсын папщIэ, пцIы защIэ зэхиджэурэ, лажьэ зимыIэ Мустэфа лей къытригъэхьауэ.
Абы иужькIэ Махидевран пщIэи щхьэи имыIэжу псэуащ илъэс куэдкIэ. Ауэ, Хуррем и къуэ Селим ЕтIуанэм тетыгъуэр къылъыса нэужь, Махидевран и щIыхуэхэр зэрыщыту хуипшынщ, быдапIэрэ зыхуэныкъуэм хуэдиз унэIутрэ иритри, псэуху зыхуей хуигъазэу и нэIэ щIэтащ. Махидевран дунейм щехыжам илъэс 8I-рэ хъурт, ар Сулеймэни, Хурреми, абыхэм я бынхэми я нэхъыбэжрэ псэуащ.

Фырэ Анфисэ.
Поделиться:

Читать также: