Адыгэ къафэм и гуащэ Шэру Соня

РСФСР-мрэ КъБАССР-мрэ щIыхь зиIэ я артисткэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым и профессиональнэ гъуазджэм и зыужьыныгъэм хэлъхьэныгъэ ин хуэзыщIа, къэрал псом и къэфакIуэ гъуэзэджэу щыта Шэру Соня къыщалъхуа махуэщ щIышылэм и 28-р.
 

Къармэхьэблэ (иджы Каменномост) къуажэм къыдэхъуащ сабийуэ зи гур адыгэ къафэм ихьэхуа, и ныбжьым хуумыгъэфэщэнуи ар телъыджэу къызэхъулIэу щыта пщащэр. Япэ дыдэу ар наIуэ щыхъуар и унагъуэм щита «концертхэрщ». Школым зэрыщеджэм къыдэкIуэу, художественнэ самодеятельностми жыджэру хэтащ Соня. Къармэхьэблэ курыт еджапIэм и къэфакIуэ гупым пашэу зэрызыкъыщигъэлъэгъуам ар и IэщIагъэм хуишащ. 
Адыгэ лъэпкъ къафэхэм Шэрум сыт щыгъуи хуищI гулъытэмрэ хуиIэ гукъыдэжымрэ къыпхуэмыIуэтэн хуэдизу инт. «Мыхэр узот, къафэм и гуащэ цIыкIу», – жиIэри, и анэшхуэм Соня къритат и пхъуантэм къыдиха, налмэсу зэщIэлыдэ тажыр, налкъуткIэ гъэщIэрэщIа лэрыпсымрэ тхьэгъухэмрэ. Хэт ищIэрэ къафэм и вагъуэ лъэщ хъыджэбзыр хъуным и щIэдзапIэр а дакъикъэхэр арагъэнщ е художественнэ самодеятельностым и республикэ зэпеуэ здекIуэкIым Кавказ Ищхъэрэм и пшынауэ нэхъыфI дыдэхэм ящыщ Къашыргъэ КIурацэ Дзэлыкъуэ щIыналъэм къикIа хъыджэбз цIыкIур и теплъэкIи и зэфIэкIкIи адрейхэм куэдкIэ къазэрыхэфIыкIым гу щылъитарауэ къыщIэкIынущ…
Апхуэдэу, 8-нэ классыр къиухауэ, 1946 гъэм Шэру Соня хагъэхьащ а зэманым Къэбэрдей-Балъкъэрым уэрэдымрэ къафэмкIэ и ансамбль цIэрыIуэ хъуам икIи илъэс тIощIым щIигъукIэ абы щылэжьащ. Япэ махуэм къыщыщIэдзауэ гупым хэт псори Соня къыдэIэпыкъуащ. Псом хумыдэу гулъытэ къыхуищIащ Исаковэ Галинэ, шыпхъу нэхъыжьым хуэдэу и нэIэ къытригъэтащ абы.
 ЗэрыжаIэжымкIэ, Соня Къашыргъэ КIураци анэ пэлъытэу къыхущытащ, лъэпкъ нэмысыр, хабзэр сценэм щыхъумэн зэрыхуеймкIэ иущиящ, адыгэ къафэхэм дахагъэу, щэныфIагъэу, Iэдэбагъыу яхэлъыр нэхъ наIуэу гъэлъэгъуа зэрыхъунум иригъэсащ. А зэманым ансамблым и гъэсакIуэу щыта Атэлыкъ Аслъэнджэрии зэман куэд Соня тригъэкIуадащ. Ахэр псори къыщхьэпащ ансамблым игъэзащIэ къафэхэр абы псынщIэу, фIыуэ зэригъэщIэнымкIэ. 
А гуп гъуэзэджэм Шэрур зэрыхэта илъэсхэм къриубыдэу ди къэфакIуэхэр союзпсо, дунейпсо фестивалхэм я лауреат зыбжанэрэ хъуащ. «Соня хуэдэу къофэ» жаIамэ, пщащэхэм дежкIэ щытхъухэм я нэхъ лъапIэт. Соня Iэзэу игъэзащIэрт куржыхэм, осетинхэм, азербайджанхэм я къафэхэм щыщи. 
И къару емыблэжу зэрылэжьам, езыр цIыху уардэу, удихьэхыу зэрыщытам я фIыгъэкIэ, Шэру Соня Кавказым и къэфакIуэ нэхъыфI дыдэхэм ящыщ хъуащ. Абы щхьэкIэ «Къафэм и гуащэ» жаIэрт. 
И IэщIагъэм хуэфащэ гулъытэ хуищIу ар зэрыбгъэдэтам къыхуихьа щIыхьым и щапхъэщ Къэбэрдейр Урысейм зэрыгухьэрэ илъэс 400 зэрырикъум и щIыхькIэ 1957 гъэм мэкъуауэгъуэм и 20-м Москва щата концертым и программэр Шэру Соня зэрыригъэкIуэкIар. КIэухыу Театрышхуэм щата концертыр Сонярэ артисткэ КIуэкIуэ Тамарэрэ зэдрагъэкIуэкIат. «ИгъащIэкIэ Урысейм и гъусэу» фэеплъыр Шэру Соня и теплъэм тращIыкIыныр зэрымыщIэкIэ къэхъуа Iуэхутэкъым. Къэралым и къалащхьэм щыцIэрыIуэ художникхэу Махтинымрэ Листопадовымрэ куэдрэ хэплъа нэужь, адыгэ пщащэм и шыфэлIыфэ псори зыхэлъу къалъытар Сонят. Ар Ленинград ирагъэблагъэри, лъэпкъ фащэ зэмылIэужьыгъуэхэр щыгъыу сурэт гъэщIэгъуэн куэд трахат, уеблэмэ езы сурэтыщIхэми адыгэ пщащэм и дахагъэр я лэжьыгъэхэм къыщагъэлъэгъуат. 
КъищынэмыщIауэ, КъБР-м щылажьэ художник Третьяков Николай Соня лъэпкъ фащэкIэ хуэпауэ сурэтышхуэу 1973 гъэм ищIащ. «Шэру Соня къофэ» зыфIища и усэм Къэшэж Иннэ къыщегъэлъагъуэ абы и къэфэкIэр зылъагъухэм гуапагъэ инрэ дэрэжэгъуэкIэ яхуэупсэу зэрыщытар. ПцIы зыхэмылъыжращи, зи къэфэкIэ хьэлэмэтыщэм теухуауэ «Дыгъэ къуэмыхьэж» усэр Къэшэж Иннэ щIитха, зи дахагъэр Идар Темрыкъуэ ипхъу Гуащэнэ и скульптурэ образ хъуа Шэру Соня гъуэгуанэ дахэ къикIуащ.
1957 гъэм Москва щекIуэкIащ ЩIалэгъуалэмрэ студентхэмрэ я союзпсо фестивалымрэ VI-нэ Дунейпсо фестивалымрэ. Абыхэм хэтащ ди ансамблым и щIалэгъуалэ къэфакIуэ 20 икIи союзпсо зэхыхьэм етIуанэ увыпIэр къыщахьащ. VI Дунейпсо фестивалми япэ увыпIэр абыхэм къыщыхуагъэфащэри, дыщэ медалрэ нэгъуэщI саугъэтхэмрэ къратащ. 
Союзпсо, дунейпсо фестивалхэм лъэпкъ къафэхэмкIэ щекIуэкIа зэпеуэхэм ди къэфакIуэхэм щагъэлъэгъуащ «Къафэр», «Уджыр», «Ислъэмейр». «Къафэмрэ» «Ислъэмеймрэ» зэдагъэзэщIат Шэру Сонярэ Къашыргъэ Билалрэ. 
Гупым щыща къэфакIуэхэм къызэраIуэтэжымкIэ Соня адыгэ фащэр екIуу щымыгъыу утыкум зыми щилъэгъуакъым. Нэжэгужагъэмрэ гуапагъэмрэ и нэгум къищу, игъэзащIэ къафэм игури и псэри етауэ апхуэдэт. Абы и лэжьыгъэмрэ и теплъэмрэ зигу ирихь усакIуэхэм, тхакIуэхэм, сурэтыщIхэм къэфакIуэ гъуэзэджэм траухуа лэжьыгъэхэр мащIэкъым. 
1957 гъэр абы хуэугъурлащ. Мэкъуауэгъуэ мазэм Соня къыфIащащ «Къэбэрдей-Балъкъэр АССР-м щIыхь зиIэ и артисткэ» цIэ лъапIэр. Зы мазэ дэкIри, Шэрур «РСФСР-м щIыхь зиIэ и артисткэ» хъуащ. Къафэм хуищIа хэлъхьэныгъэхэм папщIэ Соня къратащ Лэжьыгъэм и Бэракъ Плъыжь орденыр, «Псэемыблэжу зэрылажьэм папщIэ» медалыр, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и ЩIыхь тхылъыр.
«1968 гъэм «Кабардинкэм» иужь дыдэу сыкъыщыфэрт, - игу къигъэкIыжырт Соня. – Сегупсысырт: мис иджы тыншу сыпсэунщ, срикъуху сыжеинщ, сышхэнщ, зызгъэпсэхунщ… СынасыпыфIэу зыкъэслъытэжырти, сылъэтэным хуэдэт. Ауэ си гъусэу къафэ Алэкъей Мухьэмэд нэхъыфI дыдэу слъагъу адыгэ фащэр утыкум къыщрихьэм, си гъащIэр иухауэ къысщыхъуащ. А дакъикъэм си лъакъуитIыр, самыIыгъыжым хуэдэу, щIэщIащ, ауэ цIыхухэм гу зылъезмыгъэтэн слъэкIащ. ИужькIэ унэм сыщашэжым, сыкъыщиудри сыгъат. Сэ сесат удз гъэгъахэр къызату, сагъэлъапIэу утыкум ситу, сесат хамэ къэралхэм сыкIуэу…».
Утыкур къигъэна нэужь, Шэру Соня адыгэ къафэм хуэлэжьэныр зэпигъэуакъым. «Искож» комбинатым балигъ, сабий къэфакIуэ ансамблхэр, хор, уэрэджыIакIуэ гупхэр къыщызэригъэпэщат. КъищынэмыщIауэ, ар ядэлэжьащ «Эльбрус», «Комсомолец» зыгъэпсэхупIэхэм, школхэм, нэгъуэщI еджапIэхэм я къэфакIуэ ансамблхэм.
Зэрысабийрэ къэфэну зыфIэфI, и ныбжьым хуумыгъэфэщэнуи телъыджэу ар къызэхъулIэу щыта хъыджэбзым и къэфэкIэ хьэлэмэтыщэм теухуауэ «Дыгъэ къуэмыхьэж» усэр Къэшэж Иннэ щIитха, зи дахагъэр Идар Темрыкъуэ ипхъу Гуащэнэ и скульптурэ образ хъуа Шэру Соня гъуэгуанэ дахэ къикIуащ. Ар кинофильмхэмрэ телефильмхэмрэ мызэ-мытIэу хэтащ. Ар зыцIыхуу щытахэм ягъэщIагъуэрт, и ныбжьыр хэкIуэта нэужьи, туфлъэ лъэдакъэ лъагэм тету, и пкъыр ухуауэ къикIухьу зэрыщытар. Абы республикэм и лъэпкъ къафэм зегъэужьыным къаруушхуэ ирихьэлIащ, щэнхабзэмрэ гъуазджэмрэ иджыпсту щылажьэхэм ящыщ куэд а гъуэгуанэм тригъэуващ. Шэру Соня и ныбжьыр илъэс 86-м иту дунейм ехыжащ. Ар зэи ягу ихункъым абы и зэфIэкIым, Iэзагъэм дихьэхыу щытахэм. 

 

 

ТЕКIУЖЬ Заретэ.
Поделиться: