И къалэн игъэзэщIащ

Урысеймрэ Тыркумрэ я кинокомпаниехэр зэрызэдэлажьэрэ «Домашний» урысей каналым серие куэд хъу фильм хъарзынэхэр егъэлъагъуэ. Абыхэм ящыщ зыщ мы зэманым екIуэкI «ЦIыху псынщIэ» фильмыр.
ГъащIэм, псэуныгъэм, гурыгъу-гурыщIэхэм теухуа теплъэгъуэ зэмылIэужьыгъуэ куэду ар зэрызэхэтым къулей щIохъукI, сыт хуэдиз серие уемыплъами, къыкIэлъыкIуэнур къыпхуэмыгъэсу упэплъэу. Фильм щыхъукIэ, ар къызытращIыкIа хъыбарым и закъуэкъым къэплъыхъуэр. Апхуэдэхэр дэри ди гъунэжщ, къамыгупсысарэ къамыгъэлъэгъуарэ къэгъуэтыгъуейуэ. АтIэ сыткIэ мыбы дызэрихьэхур?
Дунейпсо цIэрыIуагъ зиIэ сурэтыщI Шемякин (Къардэн) Михаил и псалъэхэр дигу къэдгъэкIыжынщи, псори куэд щIауэ ягъэлъэгъуащ, цIыхур къызэрыдэпхьэхыну къэнэжыр теплъэмрэ плъыфэхэм я зэхэгъэзэгъэкIэмрэщ…Мыбдежым ар зэхьэлIар сурэт щIынырщ, кинематографиемэ-щэ? Дауи, цIыху щхьэхуэ е гуп ирехъуи, а бгъэлъагъуэхэм я гъащIэ пыухыкIамрэ я дунеймрэ лъэпкъ псо е дунейпсо мыхьэнэ зиIэ къуэпс укъуэдия яIэн хуейщ. Фильмым елэжьа режиссерхэу Карджи Джем, Бенал Тахири, Илхан Алий, Йош Бариш сымэ ардыдэм зэрыхущIэкъуар теплъэгъуэ къэс къыхощ икIи Iущагъ ин хэлъу лъабжьэ хуащIар зы лъэпкъ щхьэхуэм къыдекIуэкI икIи ихъумэ и хабзэрщ. Ар адрейхэм гунэс ящыхъуныр Iэмалыншэу ягъэувыркъым. Псом ящхьэр унагъуэри лъэпкъри зэтезыIыгъэ, зэкъуэзыгъэувэ, узэбакъуи къызэбнэкIи мыхъу а хабзэхэр зэрыщыIэрщ.
Фильмыр зытеухуа лъэпкъитIыр (Шедуглухэрэ Аслъэнбейхэрэ) лъыщIэж яку дэлъу зэпэщIэтщ. А псом нэмыщIыжкIэ, зым я щIалэм адрейм я пщащэ къишащ. Абыи къызэтригъэувыIэркъым я зэныкъуэкъур. Ауэ, хьэргъэшыргъэ мыухым хэт пэтми, нэхъыжьхэм я псалъэмрэ унагъуэхэм ярылъ хабзэмрэ къаруушхуэ яIэщ, пэувыгъуейуэ. ЛъэпкъышхуитIым я дэтхэнэри сыт хуэдэу гугъу емыхьми, псом япэ ирагъэщыр лъэпкъыр, унагъуэр зэрыIыгъынымрэ къатепсыха Iуэху мыщхьэпэхэм зэгъусэу зэрыпэщIэтынымрэщ.
НыбжьыщIэхэр, Миранрэ Райянрэ, гъэунэхупIэ куэдым пхыкIын хуей мэхъу, уеблэмэ нэхъыжьхэм я псалъэмрэ я Iуэху зехьэкIэхэмрэ Iэмал хуамыгъуэтыжрэ, зэпэщхьэхуэ защIыным хущIэкъуу, арщхьэкIэ дэнэкIи щытекIуэр хабзэм и къарурщ. ЛъэпкъитIым я нэхъыжьхэр, Азизерэ Насухрэ я бынхэм гъуэгу езымыт щыуагъэ куэд ялэжьащ, ауэ итIани, зи жьэгумрэ зи тепщэныгъэмрэ зымыутIыпщ малъхъэдису къонэж.
Iуэхугъуэ куэду зэхэухуэна фильмым и мыхьэнэр «ЦIыху псынщIэ» фIэщыгъэм нэсу къызэщIикъуэу щыткъым. Хэт ищIэрэ зы лIыхъужьым тегъэщIауэ зэгуэр ятха сценарийр режиссериплIым зэIэпаха пэтми, япэ фIэщыгъэр къагъэнэжмэ нэхъ къащтагъэнщ. Дауэ мыхъуми, фильмым и къалэныр игъэзэщIащ; хабзэ здэщыIэм, къаруи щыIэщ, ар сыт и лъэныкъуэкIи поув унагъуэ узыншэм и лъэр щIэудыным, лъэпкъ зэрыIыгъхэр зэкъуэудыным, лъэпкъ хабзэхэр гъэкIуэдыным, цIыхуу дунейм тетыр зы «гуартэм» хуэхуным, куэд щIауэ телажьэ КъухьэпIэ къэралыгъуэхэм я IэдакъэщIэкIхэм, щхьэж я IуэхущIафэхэм мы зэманым къахудэкIуар нэхъри наIуэ къыпщищIу.

Шэрэдж Дисэ.
Поделиться: