Щэнхабзэм и утыкушхуэр илъэс 55-рэ ирокъу

Налшык дэт Музыкэ театрыр I968 гъэм щIышылэм и 27-м Коган Лев и «Iэминат» балетымкIэ (либреттэр Проценкэ Александр ейт) къызэIуахащ. Ауэ абы ипэ къихуэу КъБАССР-м и цIыхубэ артист, Таджикистан ССР-м гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Проценкэ Александр Къэбэрдей-Балъкъэр культпросфетучилищэм и хореографие къудамэм щеджэхэр хэту къызэригъэпэща балет труппэм игъэуват лэжьыгъэ зыбжанэ. Ахэр ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ Адыгэ драмэ театрым и утыкум ехъулIэныгъэшхуэ яIэу щагъэлъэгъуа балетхэращ: Коган Лев - «Лалуцэ», «Дахэнагъуэ», Асафьев Борис - «Бахчисарайский фонтан», Чайковский Петр - «Лебединое озеро». Дирижерыр Шахгалдян Артемийрэ Щербаков Иванрэт.
Зи цIэ къитIуа дэтхэнэ зы лэжьыгъэри гулъытэ лей зыхуэщIыпхъэт, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм иджы япэу зыщрапщыт зрагъэужьын папщIэ. Псалъэм папщIэ, «Дахэнагъуэ» балетым щхьэкIэ «Советская музыка» журналым итхыгъащ мыпхуэдэу: «Дахэнагъуэр» партитурэ къудей мыхъуу балет спектаклу зэрагъэлъэгъуар зи ехъулIэныгъэр Къэбэрдей-Балъкъэрым и закъуэкъым. Ар щыхьэт тохъуэ лъэпкъ балет театрым Кавказ Ищхъэрэм лъабжьэ быдэ зэрыщигъуэтам».
Кавказ Ищхъэрэм япэ дыдэу Музыкэ театр къыщызэIуахар Налшык къалэр зэрыарамкIэ фIыщIэшхуэ ябгъэдэлъщ а зэманым Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и унафэщIу щытахэм. Ар икъукIэ лэжьыгъэшхуэт. Ухуэныгъэр пщIыкIэ зэрызэфIэмыкIыр, IуэхущIапIэм щылэжьэфын IэщIагъэлIхэр уиIэн зэрыхуейри фIыуэ къагурыIуэрт абыхэм. Аращ, Музыкэ театрыр ямыух щIыкIэ, КъБР-м щэнхабзэмкIэ и министр Ефэнды Джылахъстэн къызэригъэпэща комиссэм талант зиIэ щIалэгъуалэр къыхиху Москва дэт еджапIэ нэхъыщхьэхэм щIагъэкIуар. Къапщтэмэ, ГИТИС-р къэзыухахэм къыздашэжа «Севастопольский вальс» опереттэр япэу ягъэлъагъуэри, I969 гъэм и фокIадэ мазэм Музыкэ театрым и гуащIэр ирикъуу лэжьэн щIидзауэ щытащ. Хуэм-хуэмурэ ди къэралым и къалэ зэхуэмыдэхэм я еджапIэ нэхъыщхьэхэр къэзыухахэр къызэхуосыж, Музыкэ театрым и труппэм зеузэщI, дунейпсо макъамэ классикэм и хъугъуэфIыгъуэхэм зэрызрипщытыфын зэфIэкI иIэ мэхъу. Япэ илъэсхэм яхузэфIэкIа лэжьыгъэшхуэхэм ящыщщ, псалъэм папщIэ, Бизе Ж. и «Искатели жемчуга», «Кармен», Мейтус Ю. и «Молодая гвардия», Верди Дж. и «Риголетто», «Травиата», Рахманинов С. и «Алеко», Чайковский П. и «Евгений Онегин» оперэхэр, Адан А. и «Жизель», Минкус М. и «Дон Кихот», Караев К. и «Тропою грома», Пуни Ц. и «Эсмеральда», Кажлаев М. и «Горянка», Баласанян С. и «Лейли и Меджнун», Бизе-Щедрин и «Кармен-сюита», Габичвадзе и «Медея» балет спектаклхэр, нэгъуэщIхэри.
    Илъэс 50-м щIигъу гъуэгуанэм къызэщIеубыдэ цIыхубэм ирагъэлъэгъуа опереттэу, музыкэ комедиеу, мюзиклу куэд дыдэ. Ахэр: Штраус И. и «Цыганский барон», Кальман И. и «Цыган-премьер», «Фиалка Монмартра», «Сильва», «Мистер Икс», «Марица», Модуньо Д. и «Черный дракон», Дунаевский И. и «Вольный ветер», Александров Б. и «Свадьба в Малиновке», Стрельников Н. и «Холопка», Самойлов М. и «Похождение Дон Жуана», Лоу Ф. и «Моя прекрасная леди», Легар Ф. и «Веселая вдова», «Цыганская любовь», Птичкин Е. и «Бабий бунт», Гаджиев Р. и «Кавказская племянница», нэгъуэщI куэди.
Театрым зэикI гулъытэншэу къигъанэркъым ныбжьыщIэхэр, абыхэм щIэдзапIэфI яхуэхъун спектаклхэр мымащIэу ягъэув. Апхуэдэхэщ зи бжыгъэр 40-м щIигъу макъамэ псысэхэмрэ балет спектаклхэмрэ. Абыхэм ящыщщ Гладков и «Бременские музыканты», Дружинин и «Буратино», Спадавекки и «Золушка», Березин и «Кот в сапогах», Баневич и «Остров сокровищ», Улановский и «Золотой цыпленок», Къардэн Хьэсэн и «Мыщэ и къуэ Батыр» псысэхэр, «Доктор Айболит», «Муха-цокотуха», «Кошкин дом», «Снежная королева» балет-таурыхъхэр. Абыхэм къадэкIуэу Музыкэ театрым илъэс къэс егъэхьэзыр ИлъэсыщIэ зыкъэгъэлъэгъуэныгъэхэр, школакIуэ ныбжьыщIэхэмрэ нэхъ цIыкIу дыдэхэмрэ я нэгу зрагъэужьу.
Псом хуэмыдэу къыхэгъэщыпхъэщ Музыкэ театрыр Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхубэ макъамэ щэнхабзэм хэлъхьэныгъэшхуэ хуэзыщI IуэхущIапIэу зэрыщытыр. Абы и солистхэр республикэм и уэрэджыIакIуэ нэхъыфI дыдэхэм ящыщщ. Зэман зэхуэмыдэхэм театрым и утыкур зыгъэбжьыфIахэщ Сыбэч Хьэчим, Урыс Амырбий, Лукьяновэ Людмилэ, Жылокъуэ Мухьэмэдин, Бэрэгъун Владимир, Къуэдзокъуэ Людэ, Щоджэн Ленэ, Бэгъуэтыж Светланэ сымэ, нэгъуэщIхэри. Нобэ абы и артистхэщ IэщIагъэлI нэсхэу Мэкъуауэ Хьэсэн, Таукеновэ Галинэ, Наршаовэ Шэхэдат, Ерчэн Ларисэ, Бесчокъуэ Майе, ШэджыхьэщIэ Аслъэнбий, Дау Марианнэ, Хъупсырджэн Албэч, Калабековэ Иринэ, КъуийцIыкIу Валерэ, Шэрджэс Iэсият, Ташло Алий, Къумыкъу Мухьэдин, Къардэн Радик, Мамбэт Мадинэ, Мэз Джульетэ, Морозовэ Наталье, Сивцовэ Маринэ, Абэнокъуэ Рустам, Гергокаевэ Хьэлимэт, Гуртуевэ Лейлэ, нэгъуэщIхэри. Нэгум къыщIэгъэхьэгъуейщ Музыкэ театрым и артистхэр зыхэмыт гуфIэгъуэ зэIущIэ.
Театрыр долажьэ ди композиторхэм. Ди щIыналъэм и щэнхабзэ гъащIэм дежкIэ мыхьэнэшхуэ иIэт ЩоджэнцIыкIу Алий и «Мадинэ» поэмэмкIэ (либреттэр ХьэхъупащIэ Хьэжбэчыр ейщ) Балэ Мухьэдинрэ Къардэн Хьэсэнрэ зэдатха «Мадинэ» япэ адыгэ оперэр зэрагъэувам. Музыкэ театрхэм я Урысейпсо еплъыныгъэ I970 гъэм екIуэкIам япэ нэгъыщэ зиIэ и дипломыр а лэжьыгъэм къыхуагъэфэщауэ щытащ. Балъкъэр усакIуэ цIэрыIуэ Зумакуловэ Танзиля и либреттэмкIэ I985 гъэм ягъэувауэ щытащ Чайковский Петр и «Верность» оперэр. КъыкIэлъыкIуащ Молэ Владимир и «Дахэнагъуэ» оперэр (I99I гъэ). ИужькIэ утыку кърахьащ Молэ Владимир и «Легенда гор», Дружининымрэ Жеттеев Мустафиррэ зэдатха «Легенда Чегемского водопада» балетхэр, Балэ Мухьэдин и «Шамхьун и фызышэ» япэ адыгэ музыкэ комедиер, Молэ Владимир и «Обманутые женихи», Жырыкъ Заур и «Тайна сердца» музыкэ комедиехэр, Двоскин и «Похищенный джигит» лэжьыгъэр, нэгъуэщIхэри.
Спектаклхэр Музыкэ театрым щыгъэувыным гуащIафIэу елэжьащ режиссерхэу УФ-м и цIыхубэ артистхэу Хмельницкий Юлийрэ Ерчэн Леонидрэ, УФ-м гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Теувэж СулътIан, Кузнецов Николай, СССР-м и цIыхубэ артист Ансимов Георгий, КъБР-м и цIыхубэ артист ШэрэIужь Анатолэ, КъБР-м гъуазджэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Темрокъуэ Риммэ, Сафаровэ Тамарэ, нэгъуэщIхэри. Дирижер къалэн мытыншыр я пщэм дэлъащ КъБР-м и цIыхубэ артист Шахгалдян Артемий, УФ-м щIыхь зиIэ и артист Щэбэтыкъуэ Натбий, КъБР-м гъуазджэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Щербаков Иван, Поповэ Марие, Супер Анатолий, Хануков Сергей сымэ, нэгъуэщIхэми.
Утыкур зыхуей хуэзауэ къызэгъэпэщыным мыхьэнэшхуэ зэриIэм псори дыщыгъуазэщ. Зэман зэхуэмыдэхэм абы елэжьащ театр художникхэу УФ-м гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Мурзин М., Фаюткин И., Мальцов Сергей, Зэхъуэхъу Валерий, Щхьэцэ Владимир, ПщыхьэщIэ Хьэсэн, Пащты Герман, иджыпсту Дэцырхъуей Рузанэ, Махиевэ Катеринэ, Жылэ Къантемыр сымэ. Балетмейстеру щытащ Таджикистан ССР-м гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, КъБР-м и цIыхубэ артист Проценкэ Александр, Гъубжокъуэ Болэт, Абыдэ Арсен, Хьэкъул Розэ, ПащIэ Рамед, сымэ.
Щхьэхуэу къытеувыIапхъэщ Музыкэ театрыр Урысей Федерацэм и щIыналъэ зэхуэмыдэхэм зэрыщыIам. Абыхэм зэрызыкъыщагъэлъагъуэр сэбэпышхуэ хъурт я къарур ягъэунэхунымкIэ, я зэфIэкIым хагъэхъуэнымкIэ, гупыр зыхуэпабгъэ лъагапIэм пэгъунэгъу хъунымкIэ. Дэнэ лъэныкъуэкIэ ди артистхэм ямыгъэзами, щытхъур я куэдт, щIыналъэ газетхэмрэ журналхэмрэ гуапэу къытетхыхьырт, телевиденэм фIыкIэ я гугъу ищIырт. Апхуэдэу Музыкэ театрыр щыIащ Ереван, Ростов, Харьков, Новочеркасск, Таганрог, Тернополь, Винницэ, Новгород, Псков, Тамбов, Липецк, Калуга, Смоленск, Астрахань, Луганск, Армавир, Мейкъуапэ, Черкесск, Пятигорск, Владикавказ, Невынномысск, нэгъуэщI къалэхэми. Иджыпсту театрым зекIуэхэр къызэригъэпэщыныр тIэкIу нэхъ гугъущ, ауэ илъэс кIуам грант къэтхьри, Адыгеймрэ Къэрэшей-Шэрджэсымрэ дыкIуэн тхузэфIэкIащ.    Театрыр зэрыгушхуэ лэжьыгъэхэм ящыщщ Верди Дж. и «Риголетта», «Травиата», Рахманинов С. и «Алеко» оперэхэр, ди лъэпкъ оперэм и лъагапIэ нэхъ ин дыдэу плъытэ хъуну Молэ В. и «Къамботрэ Лацэрэ», Штраус И. и «Летучая мышь», «Цыганский барон», Кальман И. и «Мистер Икс», Александров Б. и «Свадьба в Малиновке» опереттэхэр, Гаджиев Р. и «Не прячь улыбку», Лукашев В. и «Моя жена – лгунья» музыкэ комедиехэр, Спадавекки и «Золушка», Гладков Г. и «Бременские музыканты», Савельев Б. и «Кот Леопольд», Дружинин В. и «Колобок», Сафаровэ Т. и «Музыкальное шоу-представление», «Космические пришельцы», «Поющие Джунгли», «Фабрика звезд в подводном царстве» макъамэ псысэхэр, Кулишев и «Кошкин дом» балет-спектаклыр.
Иужьрей зэманым Музыкэ театрым и режиссерхэм ягъэуващ Сафаровэ Т. и «Сон принцессы», «Леди Сюр», «Шрек и Фиона» псысэхэр, Леонкавалло Р. и «Паяцы» оперэр (режиссерыр Сафаровэ Тамарэщ), Кажлаев М. и «Валида» мюзиклыр, Думэн М. и «Хьэбалэрэ Хьэбашэрэ» макъамэ комедиер, Чайковский П. и «Иоланта» оперэр, Балэ М. и «Шамхъун и фызышэ» опереттэр (Дэбагъуэ Роман), «Колобок» (Къуныжь Алим), «Муха-цокотуха» (Хьэкъул Розэрэ Кузнецов Юрийрэ), «Приключения Буратино» (Сапрыкинэ Галинэ) таурыхъхэр, Гъуэт А. и «Гимн восходящему солнцу» балетыр (ПащIэ Рамед), Гаджибеков У. и «Аршин мал алан» спектаклыр (Дэбагъуэ Роман), «Восточные сказки» балетыр (ПащIэ Рамед), Верди Дж. и «Травиата» оперэр (Дэбагъуэ Роман), Штраус И. и «Цыганский барон» опереттэр (Сафаровэ Тамарэ), «Волшебная лампа Алладина» таурыхъыр (Абанокъуэ Рустам), Молэ В. и «Къамботрэ Лацэрэ» оперэр (Юсупов Тимур), нэгъуэщI куэди. Мы зэманым йолэжь Чайковский П. и «Иоланта» оперэм.
 Иджыпсту ди къарур хуэунэтIащ сыт и лъэныкъуэкIи ди лэжьыгъэр зэредгъэфIэкIуэнум, ди IуэхущIафэ нэхъыщхьэу къэтлъытэри IуэхущIапIэм и уэрэджыIакIуэхэм, балет труппэм, хорым, оркестрым талант зиIэ щIалэгъуалэ къыхэтшэнырщ. Ди лэжьыгъэм кIэлъыплъхэм си гугъэщ а Iуэхум ехьэлIауэ ехъулIэныгъэ дызэриIэм гу лъатэу.
БЭРЭГЪУН Руслан,
Музыкэ театрым и унафэщI,
КъБР-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ
и лэжьакIуэ.

ЗэзыдзэкIар ИСТЭПАН Залинэщ.
Поделиться: