ГукъэкIрэ зэфIэкIрэ зиIэхэр

«Урысей зэкъуэт» политикэ партым и «ЩIалэгъуалэ гвардие» жылагъуэ зэгухьэныгъэм и щIыналъэ къудамэм и унафэщI Тэтэр Къантемыр (Кэнжэ къуажэ) республикэм и щIалэгъуалэ жыджэрхэм ящыщщ.

Пятигорск къэрал университетым «Политикэ IэщIагъэм хуегъэджэнымрэ иджырей менеджментымкIэ школ нэхъыщхьэ» и факультетым и бакалавриатыр 2016 гъэм къиуха нэужь, а еджапIэ дыдэм и магистратурэм щыпищащ и щIэныгъэм. Къыхэгъэщыпхъэщ, Къантемыр университетым и студент нэхъыфI дыдэхэм хабжэу зэрыщытар, абы и щыхьэтщ 2012 гъэм ар «Илъэсым и студент» зэрыхъуар. Ди зэманым куэдрэ къохъу щIалэгъуалэм яIэ хъуа щIэныгъэм хуэфащэ IэнатIэ ямыгъуэту. Къантемыр университетым къыщIиха щIэныгъэр къыхуэщхьэпащ, къигъэсэбэпащ.

- ЕджапIэ нэхъыщхьэращ си къэухьым щыхэзгъэхъуар, зыщезгъэужьар, - жеIэ щIалэм. - Абы сыщIэсыхукIэ, Урысейм и студентхэм я спорт клубхэм я зэгухьэныгъэм и нэIэ щIэту университетым щылажьэ спорт IуэхущIапIэм и унафэщIу сыщытащ. Къапщтэмэ, жылагъуэ Iуэхухэм куэд щIащ сызэрыдахьэхрэ: КъБР-м и Жылагъуэ палатэм и ЩIалэгъуалэ советым Социальнэ политикэмкIэ, лэжьыгъэмрэ узыншагъэр хъумэнымкIэ и комиссэм и унафэщIу сыщытащ, мы зэманым «ЩIалэгъуалэ гвардие» жылагъуэ зэгухьэныгъэм и Налшык къалэ къудамэр си нэIэм щIэтщ. Пэжыр жыпIэмэ, сыт щыгъуи сыщIэхъуэпсырт политик сыхъуну, цIыхум сэбэп яхуэхъун Iуэху гуэр зесхуэну. Абы и лъэныкъуэкIэ «ЩIалэгъуалэ гвардие» жылагъуэ зэгухьэныгъэм икъукIэ лэжьыгъэшхуэ иригъэкIуэкIыу къызолъытэ икIи ахэр сыт щыгъуи зытеухуар цIыхухэм я псэукIэр нэхъыфI щIынырщ, щIалэгъуалэр зыIууэ гугъуехьхэр яхузэхэгъэкIынырщ. Абы си къару гуэр зэрысхухэлъхьэм сегъэгушхуэ, ар и фIыщIэщ университетым къыщIэсха щIэныгъэм.

Къантемыр къыхегъэщ еджапIэ нэхъыщхьэхэм щIэсхэм ягъуэт гулъытэм елъытауэ колледжхэм щеджэхэм яIэр зэрымащIэр икIи, ар сыт щыгъуи къалъытэу, «Щалэгъуалэ гвардие» зэгухьэныгъэм абыхэм зэIущIэхэр щрегъэкIуэкI, Налшык къалэм дэт автодорожнэ, юридическэ колледжхэм щеджэхэр кърашалIэу. Къапщтэмэ, нэхъыбэу зыдэлэжьэну ахэр зыхущIэкъур школакIуэхэмрэ курыт щIэныгъэ зэзыгъэгъуэтхэмрэщ.

КъищынэмыщIауэ, «ЩIалэгъуалэ гвардие»-м и Налшык къалэ щIыпIэ къудамэмрэ «Боевое братство» урысейпсо жылагъуэ зэгухьэныгъэмрэ зэгъусэу йолэжь щIалэгъуалэр экстремизмэм, афияным пэIэщIэ щIыным. НыбжьыщIэхэм яIуощIэ, гъуэгу захуэм зэрытетыным къыхураджэ.

- «ЩIалэгъуалэ гвардием» и Штаб нэхъыщхьэм и лэжьакIуэ Цхорвебовэ Аланэ триха «Не время для героизма» фильмыр Канны щекIуэкIа 71-нэ кинофестивалым щагъэлъэгъуауэ щытащ, икIи а лэжьыгъэм Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым щIэсхэр (студент 400-м хуэдиз) щыдгъэгъуэзат. Абы къыхэщырт Урысейм и щIыналъэ зэхуэмыдэхэм щыпсэу ныбжьыщIи 7-м зэрахьа лIыхъужьыгъэм теухуа хъыбархэр. Псым, мафIэсым, нэгъуэщI псэзэпылъхьэпIэ шынагъуэм хэхуахэр кърагъэлыну зыхузэфIэкIа апхуэдэ лIыхъужьхэр ди республикэми зэриIэм шэч хэлъкъым, ауэ, ди жагъуэ зэрыхъунщи, ахэр тцIыхукъым. Абы къыхэкIыу, а проектым пытщэну ди мурадщ, лIыгъэщIапIэ ихуа ныбжьыщIэхэм къалъыкъуэкIа лIыхъужьыгъэр къэрал псом щащIэну яхуэфащэщи.

«ЩIалэгъуалэ гвардием» и къудамэхэр республикэ псом щолажьэри, махуэ къэс сэбэп зыпылъ Iуэху гуэр зэфIах. Зэгухьэныгъэм мы зэманым щIалэгъуалэ мини 2-м щIигъу хэтщ. Украинэм зи къалэнхэр щызыгъэзащIэ ди хэкуэгъухэм я Iуэхур дэIыгъын, Дадэ-нанэхэм я махуэм ирихьэлIэу апхуэдэхэм защIэгъэкъуэн, нэгъуэщI лэжьыгъэ купщIафIэ куэди абы хэтхэм зэфIагъэкI.

Къантемыр езыр илъэс зыбжанэ хъуауэ йолэжь «КъБР-м и спорт лIыхъужьхэр» зыфIища Iуэхум. Ар щогугъ а Iуэхур щIалэгъуалэр хэкупсэу гъэсэным хуэщхьэпэну. Абы ипкъ иткIэ ди спортсмен цIэрыIуэхэр кърегъэблагъэри, щIэблэм яхуегъазэ. Апхуэдэу ныбжьыщIэхэр зыIуигъэщIахэм ящыщщ XXIX-нэ Олимп Джэгухэм я чемпион Хъущт Аслъэнбэч, Урысейм спортымкIэ и мастер Анаев Аслъэн, бэнакIуэ Бырхьэм Мухьэмэд сымэ. Ахэр ди щIэблэм яцIыхун хуейщ, я зэфIэкIым щIыхагъэхъуэн щапхъэ ялъэгъун папщIэ.

БАГЪЭТЫР Луизэ.
Поделиться: