Адэм и дамыгъэ лъапIэр

Сыжажэ Чэзим Темыркъан и къуэр хъыбарыншэу Хэку зауэшхуэм хэкIуэдахэм хабжэу къекIуэкIащ. 1906 гъэм Тэрч областым и Налшык округым хыхьэ ХьэтIохъущыкъуей I (Зеикъуэ къуажэм) къыщалъхуащ ар. Колхозым ухуакIуэу щылажьэу, унагъуи иIэу, 1941 гъэм дзэм Плираджэри, щIадзауэ зэхуашэс 115-нэ шуудзэм хагъэхьащ.
1942 гъэм ар хэтащ Ростов щIыналъэм и Iэхэлъахэм щекIуэкIа зауэ гуащIэм. А гъэ дыдэм, фокIадэм и 24 -м, шуудзэм игъуэта хэщIыныгъэшхуэхэм теухуауэ ягъэхьэзыра дэфтэрым къызэрыщыгъэлъэгъуамкIэ, артпарк 104 - нэм и лаборант Сыжажэ Чэзым 1942 гъэм бадзэуэгъуэм и 28 - м хъыбарыншэу Ростов областым щыкIуэдауэ итщ. 1946 гъэм абы и щхьэгъусэ КIуэракIуэ, военкоматыр и дэIэпыкъуэгъуу, и щхьэгъусэм и лъэужьыр къилъыхъуэн щIидзащ. Кърагъэлъэгъуа дэфтэрхэм ар щыхэкIуэдауэ итыр 1943 гъэрт. Зауэм хэкIуэдахэм я фэеплъ Зеикъуэ дэтым Сыжажэ Чэзим и цIэр хэтщ. 1941 гъэм Советыдзэм ираджащ, 1944 гъэм хэкIуэдащ. И пэжыпIэм тету ягъэхьэзыра тхылъхэм тепщIыхьмэ, зэрыщытын хуейр япэу къызэрыдгъэлъэгъуам хуэдэущ икIи ар Сталинград щекIуэкIа зауэ гуащIэм хэтауэ къыщIэкIащ. АрщхьэкIэ, абы кърататэкъым «Сталинград хуит къызэращIыжамкIэ» медалыр. 
Бахъсэн къыщытлъыхъуащ Чэзим ипхъу Лилэ икIи абы и цIэкIэ дэфтэрхэр зэдгъэпэщри Урысей Федерацэм ЗыхъумэжыныгъэмкIэ и министерствэм кадрхэмкIэ и Управленэм зыхуэдгъэзащ. 2022 гъэм бадзэуэгъуэм и 28 - м жэуап къыдатыжащ Сыжажэ Чэзим къратын хуея къэрал дамыгъэм теухуа Iуэхум хэплъэу, Къэрал дамыгъэхэмкIэ Урысейм и Президентым и управленэм зэрырагъэхьамкIэ.
Зейхэм я деж нэмыса къэрал дамыгъэр къэлъыхъуэжыным ехьэлIауэ едгъэкIуэкIа лэжьыгъэр Iэужьыншэ хъуакъым. Сыжажэ Чэзим Темыркъан и къуэм къыхуагъэфэща медалыр абы ипхъу Ныр Лилэ къратыжащ, адэшхуэм зэрихьа лIыгъэм быным и быныжхэри иригушхуэн хуэдэу. Чэзимрэ абы и щхьэгъусэ КIуэракIуэрэ быниплI зэдагъуэтат. Я къуитIыр, Мухьэмэдрэ Хьэсенрэ сабийуэ дунейм ехыжащ, Лидэ Ахийхэ, Лилэ Нырхэ я нысэщ, къуэрылъху - пхъурылъхуу абыхэм 8 къатехъукIыжащ. Лилэ и къуэ Аслъэн Афганистан зауэм хэтащ, абы щигъуэта уIэгъэм 1984 гъэм илIыкIащ. Зауэм щызэрихьа лIыгъэм къыпэкIуэу 1985 гъэм къэралым и унафэкIэ Ныр Аслъэн къыхуагъэфэщащ «Вагъуэ Плъыжь» орденыр. 

 

Нэхущхэ Iэхьмэдрэ Дианэрэ.
Поделиться:

Читать также: