Хабзэр фIэкIыпIэ зимыIэу къалъытэрт

ЩIэныгъэлI щэджащэхэм, хамэ къэрал къэхутакIуэ цIэрыIуэхэм я лэжьыгъэ куэдым зэрыщаубзыхуащи, адыгэ лъэпкъыр нэхъыжь дыдэхэм, хабзэ дахэ, нэмыс лъагэ, хьэл-щэн екIу, лIыхъужьыгъэ ин зыхэлъ, зи адэ щIыналъэр фIыуэ зылъагъу, абы папщIэ зи псэр зытыну хьэзыр лъэпкъ гъуэзэджэщ.
Пасэ зэманым адыгэхэм яхэлъу щыта хабзэхэм пщIэ лей хуащIу, зэрахуэфащэу ахэр ягъэзащIэу, хабзэщIэкъухэм унафэ яхуэхъуу, фIэкIыпIэ зимыIэу къалъытэу щытащ.
Адыгэ хабзэм быдэу пыщIат лIыгъэр, цIыхугъэр, нэмысыр, нэгъуэщI хьэл-щэныфIхэри. Ижь-ижьыж зэманым псэуа адыгэхэм лIы нэсу къалъытэу, пщIэ зыхуащIу щытар и щхьэ Iуэху дахэу дэзыгъэкIыр, и унагъуэр зэпэщу зыгъэпсэур аратэкъым, атIэ хэкум, лъахэм, къуажэм, хьэблэм, благъэм, ныбжьэгъухэм я сэбэп зылэжьырт, лей къызытехьэм къыщхьэщыжырт, зи Iуэху хуэмыкIуэм дэIэпыкъурт, хутыкъуам щIэгъэкъуэн хуэхъурт.
Адыгэ лъэпкъ уардэм ижь-ижьыж лъандэрэ хабзэ дахэм къыдэкIуэу пщIэшхуэ хуащIырт лIыхъужьыгъэ ин, цIыхугъэ лъагэ, нэмысышхуэ, Iэдэбагъ, пэжагъ зыхэлъ цIыхум. Мы Iуэхугъуэхэм, нэгъуэщI хуэIухуэщIэ зыбжанэми щыхьэт техъуэ адыгэ псалъэжь куэдыкIей щыIэщ. Абыхэм ящыщщ хэкум, щIыналъэм (Хэкум емыкIу къылъысмэ, псэемыблэжу къыщыж; Хамэ Хэку сыщытхъэ нэхърэ си Хэкужь сыщылIэ; Хэкужьыхьэ лъэщщ; Хэку зимыIэм псори щIыIэ къыщохъу; Хэти езым и Хэкур фIыуэ елъагъуж; Хэкум игъэгушхуэр хахуэ мэхъу), лIыгъэм, цIыхугъэм (ЛIыгъэм хуэлъащэм батэр егъэш; ЛIыгъэм Iэщэр хуэжыIэщIэщ; ЛIым и лIыгъэр зауэм къыщацIыху; ЛIыхъужь и джатэ бзэщхъуркъым; ЛIыгъэ зиIэм Iэщэр ейщ; ЦIыхугъэр пщэи къэпщэхуи хъуркъым; ЦIыхугъэ зиIэм напэ иIэщ), къуэшыгъэм, ныбжьэгъугъэм, гъунэгъугъэм (Къуэш егъу нэхърэ – ныбжьэгъуфI; Къуэш лей щыIэкъым; Ныбжьэгъуншэр зеиншэ пэлъытэщ; Ныбжьэгъугъэр щагъэунэхур махуаещ; Гъунэгъурэ гъуэншэджрэ; Гъунэгъурэ унэгъурэ), хабзэм, нэмысым (Адыгэ хабзэр адэ щIэиныжьщ; Хабзэр фIымэ , бзыпхъэфIи трах; Нэмыс здэщымыIэм насып щыIэкъым; Нэхъыжь нэмыс, нэхъыщIэ насып; Нэмысыншэр насыпыншэщ; Нэмысым насып къыдокIуэ), зауэм, мамырыгъэм, лъахэм (Джатэ и щIагъ нанэ щыIэкъым; Зауэ езыгъажьэ и щхьэ лажьэ хохуэж; Зауэм и кIэр хьэдагъэщ; Хамэ ущие тхьэмахуэщ, хабзэ хьэху махуищщ; Хэку бгынэнрэ фыз бгынэнрэ зэхуэдэщ; Хьэрэ пэт и къуажэр ибгынэркъым; Iэщэ зыгъэдалъэм илъ япэ мажэ; Ди унэжь пхъэжь мафIэ; Дунейр къэкIухьи, уи унэ ихьэж; Дыщэ унэ нэхърэ ди унэжь) теухуахэр.
Дызэрыщыгъуазэщи, пасэ зэманым щегъэжьауэ адыгэхэм пщIэ хуащIу, ягъэлъапIэу щытащ гъунэгъумрэ ныбжьэгъумрэ. Ноби адыгэхэм а хьэлыфIыр яхэлъщ икIи зэпэщу ягъэзащIэ, яхъумэ. Абы и лъэныкъуэкIэ купщIафIэщ «Гъунэгъурэ гъуэншэджрэ», «Гъунэгъур унэгъущ» жыхуиIэ псалъэжьхэр.
Куэдрэ дрохьэлIэ цIыху щхьэхуэхэм «Гъунэгъурэ гъуэншэджрэ» псалъэжьыр жаIэу, ауэ абы къикIыр, и лъапсэр тэмэму къагурымыIуэу икIи къыбжамыIэфыну. Ар, дауи, бэянщ. Сэ къызэрызгурыIуэмкIэ, мы псалъэжьым къикIыр мыращ: дэтхэнэ зы цIыхури – зихуэпэн хуей щыхъум – псом япэ дыдэ зэпхъуэр гъуэншэджыр аращ. Абы хуэдэу, япэ дыдэ зэджэри, цIыхум япэ къигъуэтри гъунэгъурщ. Мис аращ пасэрей адыгэм гъуэншэджымрэ гъунэгъумрэ щIызэригъэпщар, щIызэригъэщхьар.
Апхуэдэ дыдэу «Гъунэгъур унэгъущ» жаIэрти, унэгъуу къалъытэрт. Гъунэгъуу ябжыр гъунэгъум къигъунэгъужыр арат. Псалъэжьыр зэрыпэжым щыхьэт тохъуэ гъунэгъум Iэщ (мэл е бжэн) яукIыу ялъэгъуамэ, адрейхэм пIастэ ящIу зэрыщытар. Пэж дыдэу пIастэр «гъунэгъу Iыхьэм» дашхырт. Хабзэ дахэу къекIуэкIырт яукIа Iэщым щыщ гъунэгъуитI-щым хуахьыныр.
Гъунэгъум хуэдэ дыдэу ныбжьэгъури ягъэлъапIэу икIи ягъэпэжу щытащ. Ныбжьэгъум пщIэшхуэ хуащIу зэрыщытам щыхьэт техъуэ адыгэ псалъэжь куэд лъэпкъым къыдогъуэгурыкIуэ. Абыхэм ящыщщ «Ныбжьэгъуншэр зеиншэ пэлъытэщ», «Къуэш егъу нэхърэ ныбжьэгъуфI» жыхуиIэхэр. Апхуэдэ псалъэжь шэрыуэхэр куэд мэхъу.

КЪУЭШЫ Аслъэн.
Поделиться: