ЦIыхубз гуащIафIэхэр

Архив дэфтэрхэм къыхэна тхыгъэхэм къыхэнащ 1900 гъэм къыщыщIэдзауэ 1960 гъэ пщIондэ республикэм и цIыхубзхэр Iуэхугъуэ куэдым жыджэру зэрыхэтар. А лъэхъэнэхэм мэкъумэшым, промышленностым, щIэныгъэм, щэнхабзэм, нэгъуэщI IэнатIэхэми бзылъхугъэхэм лэжьыгъэ мытыншхэр щызэфIагъэкIырт.

Апхуэдэу блэкIа лIэщIыгъуэм и 20 гъэхэм Кавказ Ищхъэрэм мыхьэнэ зиIэ зэхъуэкIыныгъэхэр щекIуэкIащ. Къэбэрдеймрэ Балъкъэрымрэ я цIыхубзхэм я япэ щIыналъэ зэхуэсыр 1922 гъэм щыIат. Абы теухуауэ газет тхыгъэ зыбжанэ ихъумащ КъБР-м и Лъэпкъ музейм. А зэманым жыджэру, псынщIэу къызэгъэпэща хъуат цIыхубз лъэщапIэхэр (щыгъыныгъуэхэр щад, цы щызэрахъэ), гупжьейхэр (щIэныгъэм, щэнхабзэм я фIыпIэр щадж), нэгъуэщI Iэджи. А псори зыхуэгъэзар республикэм и зыужьыныгъэрт. Бгырыс цIыхубзхэр хущIэкъурт я лэжьыгъэм профсоюзхэри жылагъуэ IуэхущIапIэхэри къыхашэну. Мыгувэу диIэ хъуащ IэнатIэ зезыхьэф цIыхубзхэр. Псалъэм къыдэкIуэу, Старэ Крепостым (иджы Бахъсэн къалэрщ) дэта цIыхубз клубым и унафэщI хъуат Сасыкъ Фаризэт. Дэным, хэдыкIым хуэIэзэ а бзылъхугъэм и лэжьыгъэм щыщIидза лъэщапIэ мыиным фабрикэ псо къыхэкIат. ИужькIэ, Фаризэт бгырыс цIыхубзхэм я клубым и унафэщIу хахыгъащ.
Къэбэрдейм и промышленностым и IэнатIэ зэхуэмыдэхэм цIыхубзхэр щылажьэ хъуат, абыхэм IэмэпсымэщIэхэр къагъэIурыщIэрт, IэщIагъэ мытыншхэр зрагъэхъулIэрт. Псом хуэмыдэу, ахэр я гуащIэ емыблэжу щылажьэрт IэфIыкIэхэр къыщыщIагъэкI фабрикэм. Зэман кIэщIым ехъулIэныгъэхэр зыIэрызыгъэхьа цIыхубзхэм я IуэхущIафэр республикэм и мызакъуэу, УрысеймкIи къыщалъытэ хъуат. Куэд къыбжеIэ мы бжыгъэм: 1930 гъэхэм ирихьэлIэу щIэныгъэ нэхъыщхьэ зиIэхэм я процент 44-р цIыхубзт. 
Хэлъхьэныгъэшхуэ а лъэхъэнэм бзылъхугъэхэм зыхуащIахэм ящыщщ мэкъумэш IэнатIэр. Колхозхэм, совхозхэм щылажьэ цIыхубзхэр я къаруи я пси емыблэж жыхуаIэм хуэдэт. Абы щыгъуэм нартыху нэхъ бэв дыдэр кърихьэлIэжат Молотовым и цIэр зэрихьэу Советскэ районым щыIа колхозым щылэжьа Дэхъушокъуэ Къалэ и гупым. Правительствэм а цIыхубзым хуигъэфэщат медалхэмрэ орденхэмрэ. 
Аруан районым и цIыхубзхэм щапхъэу яIащ ГъукIэжь Хъаний. 1935 гъэм абы иIыгъа нартыхугъэкI звеном къратауэ щытащ Лениным и орденыр. 1937 гъэм Аруан районым и колхозхэтхэм Хъаний хахат КъБАССР-м и Совет Нэхъыщхьэм и депутату. Апхуэдэуи абы къыхуагъэфэщат «За добросовестный труд в Великой Отечественной войне» медалыр.
Я цIэ къиIуапхъэщ Блай Фузэ (щIэныгъэхэм я кандидат япэу хъуа бзылъхугъэ, дохутыр Iэзэ, жылагъуэ лэжьакIуэ), Къэшэж Иннэ (адыгэ усакIуэ цIэрыIуэ), Зумакуловэ Танзиля (балъкъэр усакIуэ) сыми - цIыхубз гуащIафIэхэм тхыгъэ щхьэхуэкIэ узыхуэупсэ мыхъун яхэткъым.

 

 

БАГЪЭТЫР Луизэ.
Поделиться: