Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и Унафэ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и цIыхухэм я финанс щIэныгъэм хэгъэхъуэным хуэунэтIа Iуэхухэр дэгъэкIынымкIэ ведомствэхэм зэдей комиссэм зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным и IуэхукIэ
2023 гъэм мазаем и 27-м       Налшык къалэ       №28-ПП
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм унафэ ещI:
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и цIыхухэм я финанс щIэныгъэм хэгъэхъуэным хуэунэтIа Iуэхуэр дэгъэкIынымкIэ ведомствэхэм здей комиссэм, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм 2020 гъэм фокIадэм и 24-м къыдигъэкIа унафэ №2II-ПП-мкIэ къищтам, мы къыкIэлъыкIуэ зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэн:
а) ведомствэхэм зэдей комиссэм хэгъэхьэн мы къыкIэлъыкIуэхэр:
Асанов А.У. - Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм лэжьыгъэмрэ социальнэ дэIэпыкъуныгъэмкIэ и министрыр
Бэрсэдж Ю.М. - «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и пенсионерхэм я союз» жылагъуэ зэгухьэныгъэм и тхьэмадэр (зэгурыIуауэ)
Бежан Б.Ю. - Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и «КъБ-Медиа» къэрал кIэзонэ IуэхущIапIэм и унафэщIыр (зэгурыIуауэ)
Белецкая О.В. - Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм экономикэ зыужьыныгъэмкIэ и министрым и къуэдзэр-Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм Экономикэ зыужьыныгъэмкIэ и министерствэм социально-экономикэ зэхъуэкIыныгъэхэмкIэ и департаментым и унафэщIыр (Комиссэм и секретарщ)
ГуэбэщIыкI А.Ю. - Федеральнэ налог къулыкъущIапIэм и Управленэу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щыIэм и унафэщIыр (зэгурыIуауэ)
ГъукIэлI Хь.М. - «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и сату-промышленнэ палатэ» зэгухьэныгъэм и тхьэмадэр (зэгурыIуауэ)
Шыхъуэбахъуэ М.Хь. - Зауэм, лэжьыгъэм, IэщэкIэ зэщIэузэда къарухэм, хабзэхъумэ органхэм я ветеранхэм (пнсионерхэм я урысейпсо жылагъуэ зэгухьэныгъэм и Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэ зэгухьэныгъэм и тхьэмадэр (зэгурыIуауэ);
б) Алътуд Ю.Къ. и къулыкъум зэреджэр мы къыкIэлъыкIуэм хуэдэу тхыжын: «Бэрбэч Хь.М. и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университет» щIэныгъэ нэхъыщхьэ щрагъэгъуэт федеральнэ къэрал бюджет IуэхущIапIэм и ректорым и къалэнхэр зыгъэзащIэр (зэгурыIуауэ)»;
в) Бакъ Н. Хь. и къулыкъум зэреджэр мы къыкIэлъыкIуэм хуэдэу тхыжын: «Урысей Федерацэм Пенсэ, социальнэ страхованэмкIэ и фондым и Къудамэу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щыIэм и унафэщIыр (зэгурыIуауэ)»;
г) Езауэ А.Къ. -  и къулыкъум зэреджэр мы къыкIэлъыкIуэм хуэдэу тхыжын: «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министрыр»;
д) Къалэ А.Хь. - и къулыкъум зэреджэр мы къыкIэлъыкIуэм хуэдэу тхыжын: «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щыIэ Лъэпкъ банкым – Урысей Федерацэм и Банк нэхъыщхьэм и Ипщэ управленэ нэхъыщхьэм и къудамэм и унафэщIым и къалэнхэр зыгъэзащIэр (Комиссэм и унафэщIхэм ящыщщ) (зэгурыIуауэ)»;
е) ведомствэхэм зэдей комиссэм къыхэгъэкIыжын КIэрэф М.А., ТIымыжь Хъу.Хь. сымэ.
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и
Правительствэм и УнафэщI Мусуков Алий.

Поделиться: