АШАБЭ И КЪУЭ МИНЧАКЪКъаплъэн-Джэрий и дзэр 1707 гъэм зэтезыкъута къэбэрдеилI хахуэхэм ящыщщ Ашабэ и къуэ Минчакъ. Ар Къэзанокъуэ Жэбагъы и къуажэгъуу щытащ. КъэзыIуэтэжхэм абы и цIэр зэтемыхуэу жаIэ – Минчакъ, Минщакъ, МыкIакъ, Къэлшакъ, Къылшыкъуэ. Хэти ар пщыуэ щытауэ, хэти пщылIу щытауэ жаIэ. Абы фыз дахэ иIэт. Минчакъыр мэз къикIыжри и фызыр гъуэгыу щIэсу кърихьэлIэжащ. - Къэхъуар сыт, хэт лIауэ бгъейр? Сэ сыпсэущ иджыри! -жиIащ Минчакъ. - Уэращ згъейр. Уэ упсэу щхьэкIэ улIа пэлъытэщ! -къыжриIащ фызым. - Сыт сыщIэлIар, сылэжьэфыркъэ, узгъэшхэфыркъэ? - УлIа пэлъытэкъэ, уэ ущысу сэ тэтэрхэм сыщахькIэ! – къехъурджэуащ аргуэру фызыр. - Сыт мыбы жиIэ делагъэр? Хэт узыхьыр? - Нобэ тэтэрхэр къыдыхьэри сыкъалъэгъуати, сахьыну жаIащ. - Сэ сыпсэууэ уэ зыми уихьынукъым, абы щхьэкIэ умыгъ! – жиIэри пхъэр иунэщIу щIидзэжащ. - Пхъэракъым иджы Iуэхур, псори пщым и пщIантIэм щызэхуосри абы кIуэи унафэм едаIуэ! – жиIащ фызым. Минчакъым уэщыр и кIэпкъым дэIуауэ ХьэтIохъущокъуэхэ я деж кIуащ. Тэтэрыдзэр яукIыну унагъуэхэм щытрагуашэм: - Сэ тэтэрипщI къызэфтыну сыныволъэIу, - жиIащ Минчакъ. - Уэ ущIалэ закъуэщ, апхуэдиз «пхуэгъэхьэщIэнкъым!» - «ИгъэхьэщIэнщ», сэ фIыуэ соцIыху а щIалэр, бланэщ, едвгъэт! - жиIащ Жэбагъы. - «ХьэщIэ» жагъуэр гъубж жэщым «идгъэкIыжа» нэужь, бэрэжьей пщэдджыжьым мыбы дыкъыщызэхуэсыжынщи, Къэнжалыщхьэ къыщына дзэм унафэ тетщIыхьынщ. Минчакъ и хьэщIэхэр и фыз дахэм деж кIуэжащ. - Сыт мыхэр къыщIысхуэпшар, септыну ара? - къэуIэбжьащ фызыр. - Уа, фыз, адыгэ хабзэр пщыгъупщэжа! Мыхэр хьэщIэщ, зэрыбгъэхьэщIэным, зэребгъэфэн-зэребгъэшхэным яужь ит, емыкIу къыдумыгъэхьу. Мыхэр «дгъэхьэщIэн» хуейуэ пщымрэ Жэбагъырэ унафэ къысхуащIащ. Минчакъым и хьэщIэхэр мэрэмэжьей гуащIэм ирагъафэри замыщIэжу жеящ, и уэщыр къищтэри я пщэр пигъэлъэтурэ екIуэкIащ. - Дэнэ, Минчакъ, иджыри къэс уздэщыIар, дэ зауэр зэрыдухрэ мащIэ щIа? - еупщIахэщ. - Ныжэбэ дыщызэхыхьам мы къуэ кIуэцIым зы гуп дыхьэу слъэгъуати, сакIэлъыдыхьэри дэзукIыхьащ, - жиIащ Минчакъ. - «Гупышхуэу» къыщIэкIынт абы уи закъуэ уакIэлъыдыхьэу щыдэбукIыхьакIэ! – жиIэри ауаныщIу зыгуэр къэдыхьэшхащ. - Куэдми мащIэми фи нэкIэ флъэгъуам хуэдэ щыIэкъым, фыщхьэщыхьи фыдэплъэ, сэ сукIахэм я хьэдэр зэтеслъхьэри сыкъыдэкIыжащ, - жиIащ Минчакъ. Щхьэщыхьэу зыдэплъа къуэм хьэдэхэр Iэтэу щызэтелът. - Афэрым, Минчакъ, лIыгъэ уиIэщ, мы къуентхъым узэгуакIуэр къыхэх! - жиIэри ар Жэбагъы хигъэдащ. - Си джатэм сризауэурэ и Iэпщэр къэшри срипыджэ фIэкIа сриуэ мыхъужу гугъу сригъэхьащ, - жиIэри, абы зы джатэ кIэщI цIыкIу къуентхъым къыхихащ. Минчакъ а зауэм щызэрихьа лIыхъужьыгъэм щхьэкIэ уэркъ ящIащ, и унэцIэр къуажэм фIащащ, жаIэ. Минчакъ и хахуагъэр тIэкIу егъэлеиIуауэ хъыбархэм къаIуэтэжу къыщIэкIынщ, ауэ цIыхубэм я лIыхъужьхэр ину яIэту зэрыщытам ар и щапхъэщ.
Поделиться:
Читать также:
27.03.2024 - 14:00 →
Бийм зы гупу пэщIигъэуват
26.03.2024 - 14:55 →
Адыгэхэм я къежьапIэр
20.03.2024 - 11:17 →
Къанжал зауэм и щхьэусыгъуэр
19.03.2024 - 18:10 →
И анэми щысхьатэкъым…
19.03.2024 - 14:28 →
Кушыкурэ Мэтрэ я жэуап
|