Дахагъэмрэ фIэщхъуныгъэмрэ зэIэпэгъуу

Куэдым къащохъу зи дахагъэр нэIурыт зымыщI муслъымэн пщащэхэм загъэщIэрэщIэн я жагъуэу. Пэжкъым, занщIэу вжыдоIэ! Хуиту зэбгъэплъ хъунумрэ абы хуимытымрэ зэхагъэкIыу аркъудейщ ислъамым пэгъунэгъу хъыджэбзхэм. Зи гугъу тщIыхэм ягу илъ дыдэр къэфщIэну фыхуеймэ, Аден Хьэлимэ фыкIэлъыплъ.

Америкэм зэрихьэлу, адэ-модэкIэ зауэхэр къыщегъэхъейри, щтапIэ ирахужьа лъэпкъ дэхуэхахэм зыщIагъакъуэ защI. Арагъэнщ Сомали къиIэпхъукIа хэхэс пщыIэхэм щыпсэу хъыджэбз цIыкIум гъуэгу къезытар. Псори зэхуэдэу зэрагъэгушхуэр наIуэ къащIын хуейти, Хьэлимэ зыри зэран къыхуэхъуакъым тхьэIухудхэм я зэпеуэм щытекIуэну. Ауэ адрей пщащэхэр зэрызагъэпскI щыгъынкIэ утыку къыщихьэм щыгъуэ, Хьэлимэ муслъымэн хъыджэбзхэм фIыуэ яцIыху «буркини» щитIэгъащ. Ар спортым зэрыхэт щыгъынхэм ещхьщ, уи щIыфэр щIихъумэу. Арати, хъыджэбз фIыцIэ нэIурытыр зэпеуэм щытекIуэри, цIэрыIуэ хъуауэ щытащ.

 «Дахэу зысхуэпарэт» жызыIэ муслъымэн пщащэм Хьэлимэ и цIэр зэхимыхамэ, дунейм щекIуэкIыр къыфIэмыIуэхуу аращ. IэлъэщI зытелъ япэ дунейпсо щыгъын гъэлъагъуакIуэ хъуауэ щытащ Сомали щыщ хъыджэбзыр. Модэм и дунейм нэхъ лъагэ дыдэу къыщалъытэ журналхэм къытрадзэу, гъэлъэгъуэныгъэ ехьэжьахэм ирагъэблагъэу, цIэрыIуагъым и курыкупсэм хэт Хьэлимэ илъэситI и пэкIэ афIэкIа моделу зэрымылэжьэжынумкIэ хъыбар зэбгритыкIащ.

Диным къигъэув гъунапкъэхэм ебэкъуэн хуейуэ къызэрыхуихуэрщ щхьэусыгъуэ нэхъыщхьэу хъыджэбзым зи цIэ къриIуар. «IэщIагъэ IуэхукIэ сызэувалIэ псоми, - игу къегъэкIыж Хьэлимэ, - зэи IэлъэщI зэтесхыну къыспамыубыдыну зэгурыIуэныгъэ есщIылIэурэщ сыкъызэрекIуэкIар. Ауэ иужьрей илъэсым сыкъигъэуIэбжьу гу лъыстэрт си теплъэр зэзыгъэзахуэхэм си IэлъэщIыр кIуэ пэтми нэхъ цIыкIу ящIыну зэрыхэтым, си пщэмрэ си плIэхэмрэ щэкI пычахуэхэр ирызагъэшыхьэкIыу. Зэгуэр сэ сызытет журналым щыгъын зыщымыгъыххэ цIыхухъум и сурэт къытрадзауэ срихьэлIащ. «Ар уэ зыкIи уэпхакъым», - къызжаIащ, си гуапэ зэрымыхъуар зыжесIахэм».

И пхъур «апхуэдиз цIыхухъу къыщеплъ утыкум» зэритыр зэи зыфIэмыфIа Хьэлимэ и анэм и тхьэлъэIухэрауэ къелъытэ и псэр зыгъэтыншыжа унафэм хуэзышар: «Сэ ефIэкIуэгъуэм и лъагапIэм сытетт, ауэ си гур иригъэхуэхырт сэ сэщхьу IэлъэщI зытелъ адрей хъыджэбзхэм лей къазэрытехьэм. ЦIыхухъухэм бадзэм ещхьу дыкъыщаухъуреихь гъэлъэгъуэныгъэхэм дашэху, шыпхъу нэхъыжь сызыхуэхъуа си ныбжьэгъу пщащэхэр исхухь зэпытт: «Хэт узыхуэзар? Сыт къыбжиIар? ЗыгуэркIэ ухигъэзыхьа?» яжесIэу. ИкIэм-икIэжым щапхъэ дахэ сахуэхъуным и пIэкIэ, ахэр Iуэху мыхъумыщIэм хэсшауэ къэслъытэу сыхъуащ. Унэм дыщIэзыубыда ковидым и фIыгъэкIэ сыгупсысэну зэман згъуэту, лэжьыгъэм сыкъыпэрыкIыжыну мурад зэрысщIар щыжысIам, псом нэхърэ нэхъ ину гуфIар си анэрщ».

«Гъуэгу захуэ сытету пIэрэ, насыпыфIэ сищIу пIэрэ къалэн зыщысщIыжам, жиIэу, дэтхэнэ цIыхури щIэх-щIэхыурэ зыщIэгупсысыжын хуейщ», - жеIэ Хьэлимэ.

Гъэлъэгъуэныгъэхэм къыхэкIыжами, Хьэлимэ и Iэр зэтедзауэ щыскъым. Пщащэр иджы долажьэ Тыркум муслъымэн щыгъынхэр щызыд «Моданиса» IуэхущIапIэ цIэрыIуэм.

ЧЭРИМ Марианнэ.
Поделиться: