ГушыIэхэмрэ ауанхэмрэ

 СулътIан къуажэ шхапIэм шэджэгъуашхэ щищIати, шхынзехьэм уасэу ахъшэ зэкIэрыт иритауэ къигъэзэжым пэплъэт. АрщхьэкIэ къыхуахьыжыну зыри пIащIэртэкъым. Ар зыгуэркIэ зэрымыарэзым гу лъызыта, шхапIэм и унафэщI щIалэр къыбгъэдыхьэу Iуэхур зытетыр зригъэщIа иужь, къеупщIащ: «Ахъщэ зэптар пцIыхурэ?» «СцIыхуркъым. Сэ мы шхапIэм кIэщI-кIэщIурэ сыщошхэри псори соцIыху, мыр япэу слъагъуу аращ.»                                «И нэгум уиплъэм къыпхуэцIыхужын?»  «Уэлэхьи, и нэгур сымыщIэ, ауэ и щIыбагъымкIэ схуэмыхъуу набдзэгубдзаплъэу зэпысплъыхьа хъуащи и зекIуэкIэр зэ слъагъужам, щыуагъэ лъэпкъ къыхэмыкIыу къэсцIыхужынутэм», - жиIащ СулътIан.
 * * *
    Хьэжмуд тыкуэным щIэтт. Къищэхуну зыхуейхэр къыхутралъхьа иужь ахъшэ жьгъей иIыгъхэр ирикъу и гугъэу тыкуэнтетым хутрикIутащ. И хьэблэгъут къезыщэри, и узыншагъэмкIэ къыщIэупщIа иужь, сом бжыгъэ и пащхьэм иралъхьар ибжри зэрримыкъур къыжриIащ. Хьэжмуд и гуфIакIэм дэIэбэу сом минитху зэкIэрытхэр къыщыдихым, къезыщэ цIыхубзыр къанэ щымыIэу и унагъуэм щIэсу хъуам кIыхьлIыхьу къыщIэупщIэу щIидзащ.        «Еуей мыгъуэ, си ахъшэу хъуар згъэлъагъуэри нысащIэ цIыкIур бэлыхь хэздзащ, сэри зэман согъэкIуэд», - жиIащ.
 * * *
    ЛутI махуэ псом лэжьауэ, езэшауэ и унэм екIуэлIэжами и щхьэгъусэр мыпщэфIауэ, пэшхэр щIыIэу, унэм жьымей-псымейр къыщIихыу щрихьэлIэжыр нэхъыбэти, кIэщI-кIэщIурэ зэфIэнэрт. Зы махуэ гуэрым IуэхукIэ гъунэгъу къуажэм кIуауэ лIэныгъэ здэщыIэ пщIантIэм блэкIын хуей хъуащ. Хьэдэр щыдахым, икъукIэ гущIыхьэу зы унэгуащэ кIэлъыгъыурэ жиIэрт: «Уэ, си Дотэ нэху, си шхыныгъуэ фIыуэ плъагъуу щытахэр умышхыжу, щIы фIыцIэ щIыIэм ущIалъхьэжынущ, си лъагъуныгъэм упэIэщIэнущ, си псалъэ гуапи зэхэпхыжыну мыгъуэкъым». ЛутI апхуэдизу ягъейм кIэлъыплъщ и гъусэм зыхуигъазэри: «Уэлэхьи, мы цIыхубзым жиIэр пэжым, мыр ди деж си гугъэм здахьыр», -жиIащ.
 * * *
Пщэдджыжьым къуажэ уэрам зэхэкIыпIэм хьэблэ щIалэхэр щызэдэуэршэрт. Чэзу-чэзукIэрэ щхьэж илъэгъуа пщыхьэпIэм тепсэлъыхьырт.  Пщыхьэщхьэ къэс чэф хьэлъэу унэм екIуэлIэж Хьэжмусэ щIэупщIащ: «Уа, а пщыхьэпIэ жыхуэфIэр сэ зэи слъэгъуакъым, сыт ар зи щIысыр, къикIри сыт?», - жиIэри. «Уеплъыжыфын хуэдэу укIуэж мыгъуэ хъункъым», - жиIащ ар гъэщIэгъуэн зыщыхъуа ТIалэ.
 * * *
    Куэд щIауэ банкым и унафэщIу лажьэ, егъэлеяуэ къулей, нэхъуеиншэу ахъшэ фIыуэ зылъагъу, ар тхьэ пэлъытэу зыбж Мысостбий и къуэ закъуэм къригъэшауэ икъукIэ Iэтауэ хьэгъуэлIыгъуэ ирищIылIэну зигъэхьэзырт. И мылъкум къыщIэнэцIу, куэдкIэ къыщыгугъыу и пхъуиблыр мытхьэIухудми игъэсэхъуами, зыша и малъхъиблыр хъуэхъуакIуэ къыхуэкIуат.                Абыхэм захуигъазэри: «Сэ зы къуэщ сиIэр, деплъынщ иджы хэт и шым сыт къыхуэжынуми», - жиIащ щыкъу адэм. Iуэхур зытетыр къызыгурыIуа малъхъэхэм Iуэхум халъхьэну къахьа ахъшэр Мысостбий IэщIалъхьэу щIадзащ. Езым ибжурэ IэкIуэлъакIуэу зэкIэщIиупщIэрт. Ар зэфIэкIа иужь щыкъу адэм псори зэпилъытри: «Вы самое слабое звено, прощайте!» - жиIэурэ, зыри яримытыжу хыр дихужу, сом бжыгъэкIэ нэхъ лъэрызехьэу къыщIэкIа малъхъэр унэм щIишауэ жызыIэжхэри щыIэщ. Мы зэманым ар пэжми бгъэщIэгъуащэ хъунукъым.
 * * *
 90 гъэхэрщ. Къэралым щекIуэкI зэхъуэкIыныгъэхэм я кууугъуэщи, цIыхухэр щхьэуназэ хъуауэ, хэт ипщэкIэ хэти ищхъэрэкIэ йокъу. Ди телевиденэм и адыгэ редакцэм и унафэщIым журналистхэр зэхуишэсауэ ягъэхьэзыр нэтынхэм щIэщыгъуэ гуэр халъхьэну, пасэрей лэжьэкIэм текIын хуейуэ гуащIэу, къытригъэзэжурэ къажреIэ. Тхьэмахуэ нэхъ дэмыкIыу аргуэру журналистхэр зэхуашэсащ. Редактор нэхъыщхьэр цIыху зэпIэзэрытт, ауэ зэи слъэгъуатэкъым а махуэм хуэдэу къэгубжьауэ. Ар концертхэр къызэзыгъэпэщ икIи езыгъэкIуэкI Юрбий зыхуигъэзауэ йошхыдэ: «ПщIа хьэдыгъуэдахэр сыт? Хэт уэ хуит узыщIар апхуэдэу эфирым щыжыпIэну?». «Сыт телъыджэу жысIауэ къэплъытэр?» - егъэщIагъуэ зэупщIам.        «АдэкIэ фызэдэIуэну уэрэдыр зыусар Хьэжсет мыгъуэмрэ Уэсбий мыгъуэмрэщ. ЗыгъэзащIэр Тэлустэн мыгъуэращ. Дэнэ уэ щызэхэпхар апхуэдэу къэрал телевиденэм щыжаIэу? СлIо, мыпсэужхэмэ, Ленин мыгъуэр, Сталин мыгъуэр, Брежнев мыгъуэр жытIэн хуейуэ ара?» - мэхъущIэ унафэщIыр. «Уэлэхьи, къызгурымыIуэ, щIэщыгъуэ гуэр ди нэтынхэм хэдмылъхьэу мыхъуну жызыIэр уэращ, хэтлъхьами зымыдэу къыдэшхыдэр уэращ. КъытхуэщIэркъым узыхуейр», - къыхуикIуэттэкъым концертыр езыгъэкIуэкIа Юрбий.
 * * *
    ЕгъэджакIуэр етхуанэ классым щIэс цIыкIухэм захуигъэзауэ жеIэр: «ФIыуэ фемыджэу хъунукъым. Иджыпсту ди къэралми адрейхэми псынщIэу сыт и лъэныкъуэкIи заузэщI. Уеблэмэ Iэщхэр зыхъумэн япэм хуэдэу хуэныкъуэжкъым. Ахэр зэрыт Iуэхэр гъущI хъаркIэ къахухь, ток хаутIыпщхьэжри, абы ехъумэ». «АтIэ, былымыр иукIкъэ абы?» - щIоупщIэ илъэситху зэреджам къриубыдэу тIурэ щырэ фIэкIа зыхуамыгъэува Мацэ. «Хьэуэ, зыгъэкIылын хуэдиз токщ абы хаутIыпщхьэр» - жеIэ егъэджакIуэм, сабий бэлыхьу емыджэм нэхъ къыгурыIуэн и гугъэу.    «АтIэ, дауи, Iэщхэр дыхьэшх хъунщ», - жеIэ Мацэ.
 * * *
Къэлащхьэм къикIри, къуажэм концерт щатыну артистхэр къэкIуат. Ахэр зэрыс автобусыр къыIухьауэ исхэр къыщикIым абдежым щыт лIыжьхэм ящыщ зы щIэупщIащ: «Хэт опернэ уэрэджыIакIуэ Лэкъумэн Хъусеныр?»                                
«Уэлэхьи сэрам, ди адэ», - жиIэри и щхьэр лъагэу Iэтауэ, икъукIэ дадэр къызэрыщытхъунум шэч къытримыхьэу, зы щIалэшхуэ къыбгъэдыхьащ.
«Быдэу уи фIэщ щIы, шынэхъыщIэ, икъукIэ псапэшхуэ къыумыхьтэм уэрэд жумыIам, ди щхьэри зэтумыхуам. Апхуэдиз мыгъуэрэ хэт радиомрэ телевизорымкIэ уи макъыр зыгъэIур? Сыт мыгъуэ етщIар?» - жиIауэ яIуэтэж. 

Шафий Аслъэн.
Поделиться: