ЭНДИРЕЙ ЩЫЩ СУЛЪТIАН-МУТЯпэ Iыхьэ ПщIэ зыхуэфащэ цIыхушхуэр лъэпкъитIым я быну щыщытым деж, абы иращIэкI щIыхьри тIукIэ мэбагъуэ. Апхуэдэ щапхъэхэм язщ нобэ зи гугъу фхуэтщIыну ди мурад дагъыстэн пщышхуэ, къумыкъу шэмхъал Чопан и къуэ, Эндирей щыщ СулътIан-Мэхьмуд. «СулътIан-Мут» цIэмкIэ тхыдэм къыхэна а щIалэм и анэр къэбэрдей адыгэт, Анзорхэ япхъут. Илъэс бжыгъэ хъуауэ СулътIан-Мут и тхыдэр зэфIэгъэувэжыным йолэжь тхакIуэ, тхыдэдж Аджаматов Багаутдин. И тхылъыр нэхъ нэгъэса хъун папщIэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым къакIуэри, Аджаматовым СулътIан-Мут и анэш Анзорхэ зригъэцIыхуауэ щытащ. «Кавказым и къуэ ахъырзэман, дзэзешэ, къэрал лэжьакIуэ, къумыкъу шэмхъал Чопан и къуэ СулътIан-Мут и цIэр Кавказми дуней псом и тхыдэми дыщэпскIэ итхащ, - етх Аджаматовым. - XVI – XVII лIэщIыгъуэхэм я зэпылъыпIэм Кавказыр ихъумэн папщIэ лIыгъэшхуэ къызыкъуэзыха СулътIан-Мут Дагъыстэным къебгъэрыкIуа биидзэр, илъэсищэм щIигъукIэ къимыгъэзэжын хуэдэу, иригъэкIуэтауэ щытащ. Архив лэжьыгъэ пщIы бжыгъэхэр я щыхьэту, абы топсэлъыхь Урысейми хамэ къэралхэми щыщ щIэныгъэлIхэр. Урыс тхыдэдж цIэрыIуэ Карамзин Николай и «Урысей къэралым и тхыдэм» щыжеIэ: «Зи пщIэр ин, ауэ хилъэфахэм я дежкIэ сыхьэт мыгъуэ хъуа а зауэм ди зауэлI мини 6-7-м нэс хэкIуэдащ, илъэси 118-кIэ урысыдзэм Дагъыстэным ебгъэрыкIуэныгур хуриудащ». СулътIан-Мут и IуэхущIафэхэр ягъэщIагъуэу, IуэрыIуатэм щыщ сатырхэр щыхуагъэфащэрт Кавказми, Европэми, муслъымэн лъэпкъхэр щыпсэу КъуэкIыпIэми. Илъэс куэдкIэ СулътIан-Мути адрей шэмхъал тепщэхэри Къэжэрым (Персием), Урысейм, нэгъуэщI къэралхэм щыщ зэгухьэныгъэхэм япэщIэтащ. Персиемрэ Урысеймрэ я тепщэхэми, дагъыстэн падишахми абы къарукIэ упэщIэувэныр дзыхьщIыгъуэджэу къызэралъытэмкIэ зыщаумысыж дэфтэрыжьхэр мащIэкъым. СулътIан-Мут Кавказым, Урысейм ис лъэпкъхэр фIыкIэ зэрыубыдыным хэлъхьэныгъэшхуэ хуэзыщIа цIыхушхуэт. Апхуэдэ дыдэу инщ абы Кавказ Ищхъэрэм муслъымэн диным зыщиубгъун папщIэ зэфIэкIыу къигъэлъэгъуари. И хьэлым и дэтхэнэ лъэныкъуэри куууэ бджыну зыхуэфащэ цIыхут ар. КъурIэн лъапIэмрэ бегъымбар махуэм и лъагъуэмрэ и гъуазэу, абы къызэринэкIа гъащIэ гъуэгуанэр лъэпкъым, хэкум папщIэ зи псэ емыбла лIыхъужьым и щапхъэщ. Аджаматовыр гуапэу топсэлъыхь и лIыхъужьыр къызыхэкIа Анзорхэ я лъэпкъым. Анзор лIакъуэр зыщыщ Къэбэрдеймрэ шэмхъал тетыгъуэмрэ зэрызэпыщIа щIыкIэм я гугъу сщIын ипэ, - жеIэ щIэныгъэлIым, - къыжыIапхъэщ Кавказ Ищхъэрэм ис лъэпкъхэр зэкъуэшыныгъэрэ зэныбжьэгъугъэкIэ зэпыщIа хъун папщIэ, СулътIан-Мут зэфIэкIыу къигъэлъэгъуар зэрыиныр. IуэрыIуэтэжу кърахьэкI СулътIан-Мут и псэлъафэхэм язщ мыри: «Кавказым и хъугъуэфIыгъуэ нэхъыщхьэр дыщэкъым, налмэскъым икIи ахъшэкъым, атIэ абы щыпсэу лъэпкъхэм я зэхуаку дэлъ зэкъуэшыныгъэрщ». Лъэпкъ зэпыщIэныгъэхэр нэхъри иригъэфIэкIуэн, а зэманым Кавказ Ищхъэрэм пашэныгъэр щызыIыгъ тепщэхэр благъагъкIэ зэригъэубыдын папщIэ, СулътIан-Мут абыхэм япхъухэр и къуэхэм къаригъашэу щытащ. Гу лъытапхъэщ СулътIан-Мут и дзэм Кавказ Ищхъэрэм щыщ лъэпкъ псоми, Индыл Iуфэми (Поволжье), Кърымми, Псыжь Iэгъуэблагъэм щыпсэу лъэпкъхэм къахэкIахэри лIыгъэ зэрахьэу зэрыхэтар. Дэфтэрхэм къызэрагъэлъагъуэмкIэ, Анзорхэ (Хъуэтхэ) Къэбэрдейм и политикэм мыхьэнэшхуэ щызыубыду щыта лIакъуэщ. Псалъэм папщIэ, «Тэрч дзэзешэ Хворостининым и тхыгъэ» («Отписка Терского воеводы Хворостинина») жеIэри дэфтэр щыIэщ. 1589 гъэм мэкъуауэгъуэм и 3-м къыдэкIа унафэм и гугъу ищIкIэрэ, абы лъэпкъым и нэхъыжь Анзор Хьэту мыпхуэдэ псалъэхэр хужеIэ: «Хъуэтыр Къэбэрдейм щыцIэрыIуэ пщыщ. Къэбэрдей мырзэхэри, пщыхэри, уэркъхэри абы сыт и лъэныкъуэкIи йодаIуэ. Абы и унафэ хэмылъу пщы уэлий хахынкIэ Iэмал щыIэкъым». Абы къегъэлъагъуэ Анзорхэ Къэбэрдейм щекIуэкI политикэ Iуэху псоми, уэлиигъэр зылъысынум теухуауэ ирагъэкIуэкI хэхыныгъэхэми увыпIэшхуэ щаубыду зэрыщытар. Анзор Хьэту щацIыхур Къэбэрдейм и закъуэтэкъым, Кавказ Ищхъэрэ псоми абы и гъунапкъэм адэкIи и цIэр щыIуат. Абы ипхъухэм яз кърым хъаным иритат, етIуанэр – куржы пащтыхь Александр дэкIуат, и къуэшым и пхъур – шэмхъал Чопан щхьэгъусэ хуэхъуат. Анзорхэ къуажэ 15 яIэт, урыс дэфтэрхэм «Анзорова Кабарда» фIащауэ, осетин жылагъуэ зыбжани я унафэм щIэтт.
Поделиться:
Читать также:
24.03.2023 - 17:32 →
Вындыжь Марие: Тхэн зэрыщIэздзар зи фIыгъэр сабийхэращ
24.03.2023 - 14:41 →
Инджылызыбзэм уздынихьэсыр
23.03.2023 - 16:03 →
Лий Аслъэн: «Уэрэдхэр гукIи псэкIи къагъэщIауэ щытын хуейщ»
22.03.2023 - 17:00 →
Къафэр зи псэм хэлъ
22.03.2023 - 16:24 →
Мрамор хъарым и щэхур
|