ГъущI гъуэгу вокзалым и къэкIуэнур![]() Налшык дэт гъущI гъуэгу вокзалым и гупэм къилъ утыкур зыхуей зэрыхуагъэзэнум и проектышхуэ КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек хэIущIыIу ищIащ. ЩIыпIэр зэрахъуэжыну щIыкIэм и теплъэр республикэм и УнафэщIым кърилъхьащ и телеграм напэкIуэцIым. «Налшык и гъущI гъуэгу вокзалым и хъуреягъкIэ щылъ щIыпIэр зыхуей зэрыхуэдгъэзэну щIыкIэм епха проектым нэхъ пасэу и гугъу сщIауэ щытащ. Республикэм и щыхьэрым и тхыдэми, и щэнхабзэми увыпIэшхуэ щеубыд 1913 гъэм яухуауэ щыта гъущI гъуэгу вокзалым. Хэку зауэшхуэм и лъэхъэнэм ар икъукIэ зэтракъутауэ щытащ, иужькIэ мамыр гъа-щIэм и иджырей теплъэр щигъуэтыжащ.
Поделиться:
Читать также:
18.03.2023 - 15:06 →
ЯхузэфIэкIам хоплъэжри, къапэщылъхэр яубзыху
11.03.2023 - 10:00 →
Къэралым и Iэтащхьэм къызэригъэувам тету
11.03.2023 - 09:00 →
Хабзэр хъумэнымрэ шынагъуэншагъэмрэ япэ ирагъэщ
04.03.2023 - 16:34 →
БгъэдыхьэкIэ щхьэхуэхэр зэрахъуэкI
04.03.2023 - 15:32 →
И нэIэм щIэт щIыналъэхэм ялъогъуазэ
|