Къощэм щэ ирегъэкъу

ХьэтIохъущокъуэ Едыджыпщым лIы и псалъэ итати, къэгъазэ иIэжтэкъым. Аргуэру пелуанитI къегъуэтри, егъэIущ.
Мылъкушхуи яхуегъэлъагъуэ, зэгуроIуэхэри, факъырэ щыгъынкIэ зэрегъэхуапэ. Къалътмакъ тIурытIыр зэпедзэкIауэ я дамэхэм телъу къуажэхэр къызэхакIухь. 
Мурат (зи гугъу ищIыр абрэдж цIэрыIуэ Уэзы Муратщ) шууэ блэкI пэтрэ гу ялъитат факъырэхэм я лъэIуэкIэм: «Дагъыстэным дыкъикIауэ, дэ факъырэу къыдокIухь! Факъырэ псоми девмылъыту, ди къалъnмакъхэм из къытхуэфIщ». ФIэгъэщIэгъуэни хъуат. 
«Къощэм щэ ирегъэкъу» жыхуаIэр арати, зы пщыхьэщхьэ гуэрым Муратыр и лъагъуэмкIэ къыздехым, «шокъу» жиIэу зыIуагъэуащ. Факъырэхэр мэлъаIуэ: «Ягъэ кIынкъым, Тхьэм щхьэкIэ, тIэкIу дегъэдзакъэ!»
«Алыхьым щхьэкIэ жаIэрэ, къолъэIумэ, зыкъэгъази зегъэукI» псэлъафэр игу къокIыжри (ар езыр муслъымэнышхуэт), шым зыкърегъэлъэтэх, тхьэрыкхъуэф Iэнэ еухуэри, и гъуэмылэр къытрелъхьэ.
Мурат яубыд
ФакъыритIыр и бгъуитIымкIэ къотIысри, зэдошхэ. «Мис иджы бэлэрыгъащ!» щыжаIэм, факъырэ пелуанитIыр и Iэблэ зырызым йопхъуэри, зэкIуэцIапхэ. 
И Iи-и лъи пхауэ, пщым щыхуахьым, езыр дэстэкъыми, пщIантIэ удзыпцIэм халъхьэри, докIыж. 
Гуащэр къыщIэкIауэ, лIы пхауэ щылъыр зэпиплъыхьырт. «Тобэ, ярэби, мыра МураткIэ зэджэр?! ЛIы фIыцIэ мышынэр? Домбеишхуэ гуэр си гугъат. Мыр щIалэ фIыцIэ къуэгъуи?»
Гуащэр йогупсыс: «ЛIыгъэ зыхэлъынур и инагъкIи цIыкIуагъкIи пщIэнукъым. ЛIыгу зыкIуэцIылъырщ, гуейрщ - лIыхъужьыр».
«Си Iэр зэрыпха кIапсэм Iейуэ игъэундэрэбжьащи, схуэптIэтамэ…» - къопсалъэ Мурат. ИпэжыпIэкIи, и Iэр зэрапхар шэху егъэфа уагъэ кIапсэт (шылэрыкIапсэт).
«Ан-на! УстIатэрэ ущIэпхъуэжауэ зиусхьэныр къэсыжмэ, сыкъелынкъыми».
«Iэу, зиунагъуэрэ, “фызым зыкъригъэтIатэри, Мурат щIэпхъуэжащ”, - дауэ жезгъэIэн.
Гуащэр бгъэдыхьэрэ еплъмэ, шэху егъэфа кIапсэ лэрыгъур и лым хыхьат. Ар зэрилъагъуу зэпиупщIри хуит ищIащ. Мурат къикIукI-никIукIыу пщIантIэм дэту, пщыр къыдыхьэжащ. 
Мыри къыхэзгъэщынщи, ХьэтIохъущокъуэ Едыджыр мы зэманым «БедыккIэ» зэджэ къуажэм дэсыгъащ. 
 Къыу хужь лъэхъущым
ЛIы и псалъэ итати, Муратыр ишэри, Псыхуабэ дэс и ныбжьэгъу урысыпщ къелъэIуам иритащ. Апхуэдэ щIыкIэкIэ «Къыу хужькIэ» зэджэ лъэхъуэщу Псыхуабэ дэтым абрэджыр къыщыхутащ. 
Жэщ гуэрым хъумакIуэхэр къоупщI: «Мыгувэу уи хьэкумыр ящIэнущи, иужь дыдэу сыткIэ укъыдэлъэIужын?». 
«Псырэ сабынкIэ фIыуэ зызвгъэгъэпскIи - аращ?».
ХъумакIуэхэм сабынрэ псырэ къыхущIагъэувэ. Муратыр зыхуеиххэр арати, псыр зытрикIэурэ, сабын тхъурымбэ-цIанлъэ зещI. 
ЛIэнми лIыгъэ хэлъщ. ЛIыгъэ щIапIэ лIы икIуадэркъым. Мо щIалэ къуэгъур тутнакъым нэхъри щыжэщIат. ГъущI хъар щхьэгъубжэ тIэкIу здэбыхъумкIэ чэщей фэху зэпищIахэмкIэ къехри, макIуэ-мэлъей. Уэрей, сэ си Iуэхутэмэ, Уэзы Муратым абыхэм закъригъэубыдыжмэ. 
ЗэрыжаIэмкIэ, «Къыу хужь» тутнакъэщыр зэращIрэ, Муратрэ зы урыс щIалэрэ фIэкIа къикIуэсыкIыжыфакъым. 
«ХьэтIохъущокъуэ Едыджыр щIакIуэкIэ гъуанэщ, 
Лъэхъуэщым и гъуанэмкIэ Мурат нафIокI.
Гум къалэ псынэмэ андез къыщощтэ, 
ЩIылъэр къэмыщтэу, Мурат къэщтэнкъым», - щIыжаIэжари арагъэнщ. 
 

 

БАБЫГУ Сосрыкъуэ.
Поделиться:

Читать также: