Инджылызыбзэм уздынихьэсыр

Мы тхыгъэр зытеухуа Хьэмыкъуэ Маринэ и IэщIагъэкIэ зэдзэкIакIуэщ.  

Нартан къуажэм щыщ бзылъхугъэр   2012 гъэм щыщIэдзауэ Нью-Йорк щопсэу. Псоми щIэдзапIэ яхуэхъуар 2009 гъэм КъБКъУ-м и педколледжыр диплом плъыжькIэ къиуха нэужь, ФилологиемкIэ институтым и щIэныгъэм щыпищэм, къэралхэр студенткIэ зэрызэхъуажэ программэм хыхьэу, Америкэм и Штат Зэгуэтхэм зэрагъэкIуарщ. Маринэ къыхуихуащ штат зэмылIэужьыгъуэхэм (Вирджиние, Калифорние, Нью-Йорк) щыпсэуну .Мы зэманым и хэщIапIэр Нью-Йоркщ.  2017 гъэм Нью-Йорк университетым Бруклин щиIэ колледжым инджылызыбзэмкIэ и къудамэм щIэтIысхьэри 2020 гъэм ехъулIэныгъэкIэ къиухащ.

Иужьрей илъэсипщIым IэнатIэ 20-м нэблагъэ зэрихъуэкIащ Маринэ. Къэбгъэлъагъуэмэ, абы къыхуихуащ актёр Джекман Хьюрэ модельер Лорен Ральфрэ я деж щылэжьэну. Зэгуэр абы зыкъыхуигъэзат   канцеляр Iэмэпсымэхэр къыдэзыгъэкI   IуэхущIапIэм, рекламэ псалъэхэр зэхригъэгъэувэну. А лэжьыгъэр игу ирихьауэ, абы адэкIи зэрыпищэным хущIокъу.

Хьэмыкъуэ Маринэ штатым хыхьэу здэщыIа щIыпIэхэм ящыщу игу нэхъ дыхьахэм ящыщщ Гавайе, Новый Орлеан, Гранд Каньлн, Сан-Францискэ, Чикагэ, Нью-Йорк, ауэ и  гум нэхъ дыхьэр.

- Ар Нью-Йорк нэгъуэщI щIыпIэхэм къащхьэщызыгъэкIыр лъэпкъ зэмылIэужьыгъуэ куэд абы зэрыщыпсэурщ. Куэдрэ урохьэлIэ зэгъунэгъуу щыт унэхэм, IуэхущIапIэхэм  зи щэнхабзэкIэ, бзэкIэ зэпэжыжьэ лъэпкъхэр   щыпсэууэ.   Хэхэс адыгэхэм я зэгухьэныгъэ Америкэм и Штат Зэгуэтхэм къыщызэзыгъэпэща Натхъуэ Къадыррэ и щхьэгъусэ Натхъуэ Суадрэ мызэ-мытIэу сахуэзащ.

ЦIыху щэджащэхэр, тхылъ щхьэпэхэр, ди лъэпкъ макъамэхэмрэ къафэхэмрэ зыхилъхьэ щыIэкъым Маринэ. Джекман Хью и кофе ефапIэм щыщылажьэм, ар епсэлъэну къыхуихуащ актёрхэу Леонардэ Ди Каприо, Найтли Кирэ, Смолдерс Коби, музыкант Джош сымэ. Кофе ефапIэхэм щIэсыну, абы щытхэну фIэфIщ Хьэмыкъуэм. Апхуэдэу щIэх-щIэхыурэ макIуэ Бродвей театрым и мюзиклхэм еплъыну, Карнеги-холл концерт залым щыжаIэ классикэ макъамэхэм едэIуэну. Къэбгъэлъагъуэмэ, Бродвей театрым и мюзиклхэр лъабжьэ яхуохъу Голливудым щытрах фильмхэм.

«Тhe Daily Show» теленэтыныр езыгъэкIуэкI Ной Тревор зригъэлъэгъуну и нэ къикIырт Маринэ. КърихьэлIахэр хэт дэнэ къикIами щахэупщIыхьым, чэзур Маринэ къылъысащ икIи абы жиIащ Урысейм зэрыщыщыр. Абы щыгъуэм Нойрэ Маринэрэ дакъикъитхукIэ зэпсэлъащ. Ар 2017 гъэрт, президент Трамп хаха къудейт, къэралхэм я зэхущытыкIэр Iейтэкъым.  

Колледжым щыщеджа  иужьрей илъэсыр уз зэрыцIалэм  ирихьэлIэри, зэпэIэщIэу Маринэ иригъэджат американ, британ тхакIуэ цIэрыIуэ Харрисон Кэри. Нобэр къыздэсми ИнтернеткIэ зэрощIэ ахэр икIи Кэри Маринэ пхъу пэлъытэу, и интернет-адэу зелъытэж, зэи зэрызэхуэмызам къыхэкIыу. ТхакIуэм къыдигъэкI тхылъыщIэхэр Маринэ къыхуегъэхь.

 

ТЕКIУЖЬ Заретэ.
Поделиться: