Хьэмдэхъухэ я унагъуэ дахэр

«Унагъуэр анэдэлъхубзэм, хабзэм я хъумакIуэщ» фIэ­щыгъэм щIэту гъатхэпэм и ­ 3-м Налшык къалэм щекIуэ-кIа республикэ зэпеуэм («АП» №27) Прохладнэ щIыналъэм хыхьэ Къэрэгъэш къуажэм щыщ Хьэмдэхъухэ я унагъуэ дахэр щытекIуащ.

А зэпеуэр къызэзыгъэпэщар КъБР-м Егъэджэныгъэмрэ щIэ­ныгъэмкIэ и министерс­твэм и къудамэу «Егъэджа­кIуэ­хэм я щIэныгъэм щыхагъахъуэ центрырщ».
ЗанщIэу къыхэгъэщыпхъэщ мыпхуэдэ зэхыхьэхэм мыхьэнэ тIууащIэ-щащIэ зэраIэр. Ар анэ­дэлъхубзэр унагъуэхэм щыхъумэным, щIэблэм щапхъэ яIэу къэгъэтэджыным, уна­гъуэм исхэр мы Iуэхум хэткIэ-    рэ, нэхъ зэкъуэт хъуным ехьэ­лIащ.
Зым и дежкIи щэхукъым унагъуэ куэдым анэдэлъхубзэр къызэрыщамыгъэсэбэпыжыр. КIуэдыр бзэм и закъуэкъым, абы докIуэщI лъэпкъ хабзэмрэ гъэсэныгъэ дахэмрэ. Унагъуэ щхьэхуэм и къалэным, абы быным хилъхьэм куэд зэрелъытам  и щыхьэтщ мы зэ­пеуэм хэтахэр.
Анэдэлъхубзэм и мыхьэнэм-рэ абы гъащIэм щигъэзащIэ къалэнымрэ ятеухуа упщIэхэми зэпеуэм и адрей Iыхьэхэми нэрылъагъуу къыщыхэжа­ны­кIащ Хьэмдэхъухэ. Абы­хэм ­жа­Iащ зи анэдэлъхубзэр зы-щIэ сабийхэм хабзэр нэхъы- фIу зэрызыхалъхьэр, щIэблэм гъэсэныгъэ тэмэм игъуэты­нымкIэ зэрыщхьэпэр. Бзэ зыбжанэм акъылыр фIыуэ зэригъэлажьэм, анэдэлъхубзэкIэ япэу псэлъэн щIэзыдза са-бийм хамэбзэхэри тыншу зэ­рыз­ригъэщIэфым гу зэрылъатар къыхагъэщащ абыхэм.
Хьэмдэхъухэ Къазбэчрэ Эммэрэ унагъуэу зэрытIысыжрэ илъэс 19 мэхъу. Ди зэманым ­къезэгъ лъэпкъ хабзэ дахэхэр щытепщэ адыгэ унагъуэ зэпэщым зэгурыIуэрэ зэдэIуэжу зы щIалэрэ хъыджэбзитIрэ щызэдапI (Албэч, Алинэ, Альбинэ).
Илъэс 17-м ит Албэч зэрыцIы­кIурэ компьютеркIэ джэгун фIэфIт, нэхъ къыдэкIуэтея иужь, 3D моделированием ­ди­хьэхащ. ИужькIэ абы къыгу­рыIуащ программист IэщIагъэм хуеджэну зэрыхуейр. Мы гъэм курыт еджапIэр къэзыух щIалэщIэм и мурадым ерыщу хуокIуэ, къызэрехъулIэнуми шэч къытетхьэркъым.
Алинэ илъэс пщыкIуплI и  ныбжьщ. Хъыджэбз набдзэгуб-дзап­лъэм фIэгъэщIэгъуэну Iэ­щIагъэ куэдым зыхуегъасэ. ­­         Цы Iэзэу зэIуещэ, хьэпIацIэ  щыгъэ зэрехъэ, нэгъуэщI хьэп­шып цIыкIуфэкIухэр ещI. Хъыджэбз нэхъыщIэ Альбинэ илъэсипщI мэхъури, и нэхъыжьхэм закъыкIэримыгъэ­хуну хэтщ, абы иджыблагъэ ­ кIуэн щIидзащ «Налмэс» мультстудием. Езым зэхилъхьа теп­лъэгъуэхэр я лъабжьэу таурыхъ цIыкIухэр ещI. Пщащэр абы зэрыкIуэрэ куэд ­мы­щIами, ехъу­лIэныгъэхэр иIэщ.
ЩIыналъэ зэпеуэм ахэр хэ­тыну езыгъэблэгъари тезы­гъэгушхуари Бэшорэ Хьэмид и цIэр зэрихьэу я къуажэм дэт курыт еджапIэ №1-м и уна-фэщI Шал Марьянэрэ ады-    гэбзэмрэ литературэмкIэ ­егъэджакIуэ Мыхъцы Зитэ-рэщ. Зэпеуэншэуи адыгэ хабзэмрэ нэмысымрэ махуэ къэс щызэрахьэ, къуажэм щапхъэу щагъэлъагъуэ унагъуэ дахэм ублэIэбыкIынкIэ Iэмал иIэтэкъым.
Зэщхьэгъусэхэм жаIэ апхуэ-дэ жэуаплыныгъэ иным япэ­щIыкIэ зэригъэшынар, ауэ дзыхь къыхуащIар ягъэпэжын мурад яIэу, загъэхьэзыращ.
- Абы щыгъуэ дэ ди нэгу ­къытхущIэгъэхьэртэкъым республикэм щекIуэкIыну зэпеуэм дыхэтыну къытхуагъэфэщэну, - жеIэ Эммэ. - Зыщыдгъэ­хьэ­зырым куэд сэбэп къытхуэ­хъуащ. Анэдэлъхубзэр хъу­мэным, ар егъэфIэкIуэным ­хуэгъэпса IыхьэмкIэ къыд­­дэIэпыкъуа, къуажэ курыт еджа­пIэм и лэжьакIуэхэу Мыхъ­цы Зитэрэ Хьэбил Заирэрэ щхьэхуэу я цIэ къисIуэну сы­хуейщ.
Лъэпкъ лъапIэныгъэхэр хъу­мэным, бзэм, хабзэм я мы­хьэнэм нэ лейкIэ уезыгъэп­лъыж, а псори узэриIэмкIэ уи щхьэр лъагэу уэзыгъэлъагъуж мы зэпеуэр къызэзыгъэпэ­щахэм фIыщIэ мыухыж яхуэфащэщ.
Сэ сызэреплъымкIэ, мы зэ­пеуэм хэтахэм я закъуэкъым Iуэхум къыхэша хъуар, атIэ абы кIэлъыплъа, зи хъыбар зэхэзыха дэтхэнэми и гум фIы гуэр къыщигъэушащ.
Унагъуэм я тхьэмадэ Къаз-бэч 2003 гъэм КъБКъУ-м и инженер-техникэ факультетыр  къиухащ (промышленнэ, граждан ухуэныгъэхэмкIэ къудамэр). Алъандэрэ IэнатIэ зэ­мылIэужьыгъуэ куэд зэри­хъуэкIащ, илъэсипщI и пэ гъу­кIэным зрипщытри, дихьэхащ. Абы хьэпшып телъыджэхэр и Iэпэм къыпокI. И псэм фIэфI IэщIагъэмрэ унагъуэр зэри-пIын Iуэхумрэ зы зэрыхъуам щогуфIыкI.
Эммэ КъБКъУ-м и педагогикэ колледжыр 2004 гъэм къиухащ, Бэшорэ Хьэмид и цIэр зэрихьэу Къэрэгъэш къуажэ дэт курыт еджапIэ №1-м егъэ­быдылIа сабий садым щолажьэ. Бзылъхугъэм жеIэ къы­зэрымыкIуэу цIыкIухэр фIыуэ зэрилъагъур, абыхэм яхэтыну зэрыфIэфI дыдэр, къабгъэдэкI къарум, IэфIагъым зэрызыщIашэр.
Хьэмдэхъухэ я унагъуэр  «Зым Iэпыхур адрейм къещтэж», жыхуаIэм хуэдэщ. ЗэгурыIуэныгъэм и къежьапIэу абыхэм къалъытэр гурыфIы­гъуи гукъеуи здэбгуэшу, цIы­кIу­ми инми къатехуэ хабзэ Iыхьэр ящIэжрэ, нэхъыжьхэр щапхъэ хьэзыру зэрыщытыпхъэрщ.
Шэч хэмылъу, ахэр щогуфIыкIыж мы зэпеуэм хэтыну зэрытегушхуамкIэ, гугъу зрагъэхьу зэрызагъэхьэзырам-    кIэ. Унагъуэм зэгъусэу зэбгъэхъулIэ Iуэхугъуэхэрщ узэкъуэ­зыгъэувэр, уи къуэпсхэр нэхъ бы­дэ зыщIыр. Уегупсысмэ, на­сып инщ апхуэдэу укъалъы­тэныр.
Адыгэ фащэкIэ хуэпауэ утыкум къихьэу лъэпкъ хабзэр зыгъэлъагъуа унагъуэ дахэм хуэ­дэхэрщ лъэпкъым и нобэр, пщэдейрей щыIэкIэр зыхуэдэнур.  ЕфIэкIуэну, заузэщIыну ди гуа­пэщ.

 

Тэрчокъуэ Дисэ.
Поделиться: